Iэмал нэхъыфIхэр

Анэдэлъхубзэм теухуауэ щыIэ гурыгъузхэр мащIэкъым, ар хъумэным зегъэужьэным, щIэблэм шэрыуэу яIурылъыным техуауэ щIэныгъэлIхэми егъэджакIуэхэм я еплъыкIэ куэд къагъэлъэгъуащ. Абыхэм ящыщщ зыщ илъэс куэдкIэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэу лэжьа Балэ Людмилэ и еплъыкIэр.

«Сыт хуэдиз сыхьэт бжыгъэ хухамыхами, зыхуей-зыхуэныкъуэкIэ еджэныгъэр къызэрамыгъэпэщами, ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэбзэкIэ шэрыуэу псалъэ ныбжьыщIэр ди мащIэщ. Абы щхьэусыгъуэ куэд иIэщ. Къапщтэмэ, сабийхэр къыщыхъу унагъуэм ар зэрыщымыIур, методикэ зыужьа дызэримыIэр, тхылъхэр гъэщIэгъуэну, щIэщыгъуэу, удихьэхыу, гурыIуэгъуэу, гъэщIэрэщIауэ зэрыщымытыр, нобэ жыпхъэщIэм къигъэув Iуэхугъуэхэр программэхэм зэрыхэмытыр, егъэджэныгъэм и IэмалыщIэхэр анэдэлъхубзэр джыным иджыри хэпща зэрымыхъуар, къинэмыщIхэри.

         А псоми къыдэкIуэу жыIапхъэщ Бырсей Умар ипэжкIэ адыгэ алыфбейм елэжьахэм нэсу къазэремыхъулIам хуэдэу, нобэ диIэ адыгэ алыфбейри зэрымыныкъусаныгъэншэр, ари анэдэлъхубзэр джыным сабийхэр дезымыгъэхьэх щхьэусыгъуэхэм ящыщу зэрыщытыр.

         Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ–м и профессор Тау Хьэзешэ абы теухуа и гупсысэхэм аразы утемыхъуэнкIэ Iэмал зимыIэщ. Хьэрф тIурытIу, щырыщу, плIырыплIу зэгуэтхэр илъэсих-блы фIэкIа зи мыныбжь сабийхэм я дежкIэ зрагъэщIэну, ягу ираубыдэну гугъущ, ахэр я тхын къудейм урокым и зэманым и Iыхьэ ханэр ехь. А псом къыщынэмыщIауэ, зы макъым и дамыгъэу сабийм игу ириубыдэн хуейщ 8-м щыщIэдзауэ I6-м нэс.   Псалъэм папщIэ: [хъ] - Хъ, хъ, Хъ, хъ;    [кхъ] -  Кхъ,   кхъ,   Кхъ,   кхъ;  [къу]  -  Къу, къу, Къу, къу;  [кхъу] -   Кхъу,  кхъу,   Кхъу,  кхъу.

Абы ипкъ иткIэ алфавитыр егъэфIэкIуэн Iуэхугъуэм  къытегъэзэжыпхъэу  къыдолъытэ.

         ПсынщIэу зызыхъуэж дуней ухэзагъэу упсэун папщIэ, зэманым декIу щIэныгъэрэ акъылрэ убгъэдэлъын хуейщ. Сыт хуэдэу зэманыр къемыкIуэкIами, дэтхэнэ зы лъэпкъми езым и щэнхабзэр ихъумэжыфу щытыпхъэщ. Ар фIы дыдэу къагуроIуэ ди республикэ унафэщIхэми. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсени, Правительствэми, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэ IуэхухэмкIэ министерствэми гулъытэ хэха хуащI адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ джыным, республикэ унафэщIым и деж къыщызэрагъэпэща жылагъуэ-чэнджэщ советми лъэпкъыбзэхэр хъумэным, зегъэужьыным теухуа зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ щокIуэкI. Абы къыщащтэ унафэхэр гъэзэщIэныр республикэ унафэщIхэм я нэIэ щIэтщ.

         Сабийм и бзэр зыхъумэ Iэмал нэхъыфIхэм  ящыщщ и анэдэлъхубзэкIэ тхылъ еджэныр. Абы къыхэкIыу тхылъ еджэну зыфIэфI щIэблэ гъэсэныр дэтхэнэ егъэджакIуэми и къалэну къоув. Ауэ гугъу дыдэщ тхылъ еджэным сабийм гупыж хуебгъэщIыныр, дебгъэхьэхыныр. Сабийм зэджэр гъэщIэгъуэн щыхъун щхьэкIэ, тхылъыр (къытедгъэзэжурэ жытIэнщи)  абы и ныбжьым елъытауэ зэхэщIыкIыгъуафIэу, гурыIуэгъуэу, абы къыщищIам нэхъыбэ  нэгъуэщIхэм къриджыкIыным хуигъэпабгъэу, къригъэлъыхъуэу, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм гу лъригъатэу, упщIэ куэдым иригъэгупсысу,  сурэткIэ екIуу гъэщIэрэщIауэ щытыпхъэщ. А жыпхъэм тету къыдэгъэкIауэ щытын хуейщ сабийхэм яхуэгъэза тхылъ псори.

         Къуажэхэм тхылъ щащэ тыкуэнхэр зэрыщымыIэжым къыхэкIыу егъэджакIуэхэми сабийхэми щIэуэ къыдэкIхэр яIэрыхьэгъуейуэ щытащ.

         Лъэпкъыбзэр хъумэным, зегъэужьыным къыщынэмыщIауэ, гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэри къэзыгъэнахуэу, дунейм сыт щекIуэкIми щыгъуазэ уищIу, литературэм, гъуазджэм, щэнхабзэм, тхыдэм ухэзышэ, уи гупсысэр, уи Iуэху еплъыкIэр къэпIуэтэну Iэмал къозыт, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхугъуэщIэхэмкIэ егъэджакIуэхэри адэ-анэхэри зэдэзыгъэгуашэ «Адыгэ псалъэ» газетыр, «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэр уи унагъуэ къимыхьэныр дэтхэнэ зым и дежкIи щыуагъэшхуэщ. Абыхэм я напэкIуэцIхэм сабийхэм къраджыкIар, адыгэбзэ, адыгэ литературэ, тхыдэ, географие, макъамэм щыхагъэгъуазэ, сурэт щащI, физкультурэ, химие, биологие, нэгъуэщI  урокхэм щытебгъэпсэлъыхьыжмэ, тхыгъэхэм унагъуэм исхэр зэгъусэу  къыщеджэмэ, анэдэлъхубзэкIэ таурыхъхэр, уэрэдхэр жьэгу къэс щыIумэ, бзэм и щытыкIэ нобэ псори зыгъэгузавэр нэхъ ефIэкIуэнт, адыгэ хабзэм къигъэув Iуэхугъуэ щхьэпэхэми щIэблэр щыгъуазэ хъунт, лъэпкъ узыншэу нобэм къэса адыгэхэм цIыхугъэр япэ ирагъэщу къызэрыгъуэгурыкIуар ящIэу, акъылыр, шыIэныгъэр я хьэл-щэн нэхъыщхьэу гъэса хъунт. Аращ дэтхэнэ адэ-анэми егъэджакIуэми защIыхуэдгъазэр «Адыгэ псалъэ» газетыр, «Iуащхьэмахуэ», «Нур»,  журналхэр сабийхэм Iэпэгъу хуащIыну».

Тхьэхущынэ Ланэ.

 

Поделиться: