Шхынымрэ узыншагъэмрэ

 «Мы дунейм зи лъатэр нэхъыбэрэ щызыкудар ахърэтым нэхъыбэрэ щымэжэлIэнущ», - жеIэ хьэдисым. Лъатэр унэщIыныр узыншагъэм зэрисэбэпым теухуа къэхутэныгъэ куэд щыIэщ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, пIалъэкIэ зызыгъэмэжалIэ цIыхум и узыншагъэми хохъуэ, хуэмыгъэхъуж уз хьэлъэхэм я гуащIагъми хощI.

Муслъымэн нэщIым цIыхум дежкIэ сэбэпынагъ зэрыхэлъым куэдрэ тепсэлъхьхэм язщ американ щIэныгъэлI Синклер Давид. Абы зэрыжиIэмкIэ, цIыхум зыщигъэмэжалIэкIэ, и гъащIэр нэхъ кIыхь зыщI налъэхэм лэжьэн щIадзэ. Ныбжьыр щыхэкIуэтакIэ гугъу езыгъэхь щытыкIэр пщхьэщызых хущхъуэхэр къыщIэзыгъэкIхэм а Iуэхур къахуэгъэсэбэпыну къелъытэ Синклер. Налъэхэм я къарур езыгъэфIакIуэр цIыху Iэпкълъэпкъым токым ещхьу хэт «митохондрий» жыхуаIэхэращ. ЩIэныгъэлIхэм нэхъ пасэми гу лъатат митохондрийхэм я фIыгъэкIэ цIыхур нэхъ гъащIэ кIыхь зэрыхъум. Абыхэм я къарум хэщIыху, цIыху Iэпкълъэпкъыр зыгъэлажьэ налъэхэм къащыщI псори яхуэмышэчыжу мэхъури, зэпкърыхун щIадзэ. ГъэщIэгъуэнращи, зызыгъэмэжалIэ пкъым и къарур къощIэрэщIэж, зэрыжаIэу, щIалэ мэхъуж.

Псэущхьэхэм къэхутэныгъэ драгъэкIуэкIахэми куэд къыщIагъэщащ. Жьы хъуа псэущхьэр пIалъэкIэ ерыскъым щыбгъащIэмэ, и гум проценти 120-кIэ зегъэкъэбзэж, псэущхьэ щIалэхэм апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ наIуэ далъэгъуакъым. Зэпымычу ерыскъы гъэткIуным телажьэ Iэпкълъэпкъыр зэи ямыгъэункIыфI моторым ещхьщ. ЗыгъэмэжэлIэным и фIыгъэкIэ Iэпкълъэпкъым езым зегъэкъэбзэжри, гум лъыр нэхъ тыншу кърехуэкI, ар зыгъэлажьэ хуэри нэхъ къарууфIэ мэхъуж.

Фошыгъу узым и етIуанэ нагъыщэр (инсулин зыхэзымыIухэр) зиIэ сымаджэ 47-рэ ар къызэмыузыххэ гупрэ зэгурыIуэхэри, нэщI мазэм зыкIэлъагъэплъыну арэзы хъуахэт. Къэхутэныгъэр екIуэкIыху, сымаджэхэм ящыщу зыми узыр нэхъ къытехьэлъакъым, лъым и фэри белокри зэрыщытауэ къэнащ. Апхуэдэ щIыкIэу наIуэ хъуащ фошыгъу уз хэмытIэса зэфыкIым нэщIым и зэран зэремыкIыр.

ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, нэщIым лъатэ узыр къэзыгъей фIэIупсыр (кислотность) зэтрегъэувэж. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зызыгъэмэжалIэм лъатэ узым къэхъеипIэ иритыркъым.

Императорым и колледжым, Лондон дэтым, щылажьэ Iэл-Джэфар Рами муслъымэнуи мымуслъымэнуи цIыху 85-рэ зэхуишэсри, гуп зэригъэпэщат, мэжджытым къришалIэурэ къэхутэныгъэ ядригъэкIуэкIын папщIэ. Псоми я давленэм кIэлъыплъу арат. НэщI мазэм щIидзэн ипэкIэ къипщырти, адэкIэ махуэ къэс щхьэж езым и щытыкIэр итхырт. КъызэрыщIэкIамкIэ, нэщI мазэм и кIуэцIым псоми я давленэ «ищхьэм» и нагъыщэр ику иту 7,29-кIэ хэщIащ. «И лъабжьэ» давленэм и нагъыщэр ику иту 3,42-кIэ ехащ. Узыншэхэмрэ давленэ лъагэ зиIэ хабзэхэмрэ, дауи, зэщхьтэкъым. Ауэ, Iэл-Джэфар зэрыжиIэмкIэ, давленэр зэрыщытыпхъэу щытыным нэщIыным и сэбэпышхуэ къокI. Хэщхьэжыр жэщым зэрыпэгъунэгъум къыхэкIыу, къэхутэныгъэхэм хэта куэдым нэхъыбэ яшхырт. Абы щхьэкIэ къэмынэу, я давленэр нэхъ цIыкIу хъуащ. А къэхутэныгъэ дыдэр Ираным, Пакистаным, Тыркум щыщу цIыху 32I3-м драгъэкIуэкIати, псоми я давленэр нэщI мазэм ехыжу, и пIэ иувэжу къыщIэкIащ.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться:

Читать также: