Адыгэбзэр гаджетхэм итынущ

Зэманым декIур лIыфIщ жиIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы. А псалъэ купщIафIэр ди бзэм етхьэлIэмэ, ар мыкIуэдыжын, зиужьын папщIэ зэманым дедгъэкIун хуейуэ аращ. Ар дыдэращ хуабжьу дызыщыгуфIыкI Iуэхуу «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, Лэскэн районым гъэсэныгъэмкIэ щыIэ унафэщIхэм я чэнджэщэгъухэр зэзыгъэуIу Жылэгъащтэ Хьэчим, «Ростелеком» ПАО-м проектхэмкIэ и унафэщI Сэрахъэ Алан, Налшык къалэм дэт 4-нэ курыт еджапIэм и 11-нэ классым щIэс Мамхэгъ Алим сымэ утыку кърахьа проектыщIэр.

Абы и фIыгъэкIэ адыгэбзэр дунейпсо бзэхэм ябгъурытынущ, хэти къигъэсэбэпыну Iэмал иIэнущ, дымутIыпщу тIэщIэлъ телефонхэмрэ гаджетхэмрэ зэпымычу итынущ.

ЩIалэхэм зэрыжаIэмкIэ, «Яндекс. ЗэдзэкIакIуэм» куэд мыщIэу лэжьэн щIидзэнущ. Абы папщIэ адыгэбзэкIэ псалъэуха мини 100 мазитIым къриубыдэу егъэджакIуэхэм зэрырагъэдзэкIащ. IT и лъэныкъуэкIэ мы проектым и унафэщIыр Сэрахъэ Аланщ, программистыр Мамхэгъ Алимщ.

«Проектым зебгъэужь зэрыхъунум гъунэ иIэкъым. Иджыпсту «Яндекс. ЗэдзэкIакIуэм» дыхыхьэн папщIэ, Яндексым псалъэуха мелуан къыдитри, абы щыщу нэхъ мащIэ дыдэу псалъэуха мини 100 ди бзэкIэ зэддзэкIыну къытхуигъэуващ. Ар зэфIэдгъэкIащ. Къыхэзгъэщмэ сфIэигъуэщ, дызэлэжьар къэбэрдей-шэрджэсыбзэр зэрыарар. Шэрджэсхэми псалъэуха мин 25-рэ зэрадзэкIри, абыкIэ къытхэуващ. Псори зэхэту къапщтэмэ, псалъэуха мини I25-рэ едгъэхьащ. Ар нэхъыбэху зэрынэхъыфIыр зым и дежкIи щэхукъым.  АдэкIэ Яндексым и Iэмалхэр ди бзэкIэ нэхъыбэжу къэдгъэсэбэпын папщIэ, псалъэуха мин 300 зэддзэкIын хуейщ. ИтIанэ тхыгъэхэр нэхъыфIыжу зэридзэкIыфынущ, Iэмал гъуэзэджэ куэд къытхуэгъэIурыщIэнущ, псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, адыгэбзэкIэ субтитрхэр къытридзэу тщIыфынущ, -жеIэ Алан.

Мы Iуэхур къэрал къулыкъущIэхэм я деж зэрынэсам, абыхэми гулъытэ зэрыхуащIам куэдым ущегъэгугъ. Тхьэмахуэ кIуам проектым и унафэщIхэм яхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор сымэ. Республикэ УнафэщIым жиIащ: «Анэдэлъхубзэр хъумэныр иджыпсту нэхъыщхьэу къэув Iуэхухэм ящыщщ, псом хуэмыдэу лъэпкъ куэд зэрыс ди къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ абы. 2022 гъэм ООН-м и Генеральнэ Ассамблеем игъэувауэ щытащ 2022 - 2032 илъэсхэр Лъэпкъхэм я бзэхэм я дунейпсо илъэсипщIу. Урысейм щагъэзащIэ а Iуэхур, Правительствэм игъэбелджыла лэжьыгъэм тету. Дызэрыс къэралым дежкIэ лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэр хъумэным мыхьэнэ иIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, аращ абы и къэралыгъуэм лъабжьэ хуэхъур. Ар мызэ-мытIэу къыхигъэщащ УФ-м и Президент Путин Владимир. А лъабжьэр нэхъри гъэбыдэныр къэрал къалэну щытщ. НобэкIэ федеральнэ, щIыналъэ программэ куэд ягъэзащIэ егъэджэныгъэм, щIэныгъэм зрагъэужьыным теухуауэ: школыщIэхэр доухуэ, жьы хъуахэр къыдогъэщIэрэщIэж, зыхуей-зыхуэфIкIэ къызыдогъэпэщ, егъэджакIуэхэм ахъшэ щхьэхуэхэр яхухыдох, я улахуэр гъэ къэс проценти 10-кIэ яхухыдогъахъуэ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.  

«Яндекс. ЗэдзэкIакIуэ» федеральнэ хъым адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ хагъэхьэн папщIэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм, нейросетым и бета-Iэмалыр къагъэсэбэпу зэрыщIадзам (CircassianAI, TauluAI) теухуауэ Iэтащхьэ епсэлъащ езы Жылэгъащтэ Хьэчими.

- Дгъэхьэзыра нейросетхэр и лъабжьэу чат-ботхэр, джэгукIэхэр, аудио- видео материалхэр дяпэкIэ къэдгъэсэбэпыфынущ. Ар хуабжьу къащхьэпэнущ егъэджакIуэхэм, дерсыр щагъэхьэзыркIэ куэд къалъыхъуэн хуэмейуэ дакъикъэ бжыгъэм хьэзыру къаритынущ, - жиIащ Хьэчим.

ЩIалэщIэм къызэрыхигъэщамкIэ, а псори къэгъэIурыщIэн папщIэ Iэмэпсымэхэр яIэкъым, апхуэдэуи, лъэпкъыбзэр Интернетым щымащIэщ.

А махуэм Iэтащхьэм фIыщIэ яхуищIащ лъэпкъыбзэмкIэ егъэджакIуэхэми проектым елэжьахэми икIи къыхигъэщащ анэдэлъхубзэхэр хъумэным, зегъэужьыным зэрыпылъым, абы ехьэлIа жэрдэмхэр утыку къызэрырахьэм папщIэ зэрахуэарэзыр, зи гугъу ящIа псоми щхьэхуэу зэрыхэплъэнур къыхигъэщащ.      

ЗэдзэкIакIуэр лажьэу ягъэпсмэ, щIалэхэр иужь ихьэнущ Нейросетым адыгэбзэ егъэщIэным. Уеблэмэ щIадзауэ йолэжь. «Абы теухуауэ къыдэхъулIэни зэкIэ зэдмыгъэхъулIэфыни щыIэщ. Абы папщIэ техникэ и лъэныкъуэкIэ узэщIэузэдауэ ущытын хуейщ. Министертвэм тхухиха ахъшэмкIэ къэтщэхуар дримыкъуну къыщIэкIащ, ауэ зэкIэ тщIа чат-ботри Iейкъым, тхыгъэ мыгугъухэр зэридзэкIыфынущ, щыуагъэ къыхигъэкIынущ, дяпэкIэ сурэтхэр ищIыфу, жьэрыIуатэр тхыбзэ ищIыфу зебгъэужьыфынущ. Мыбы елэжьыр, къызэрыщIэкIамкIэ, ди закъуэкъым, абы къыхэкIыу ипэкIэ дыкIуэтэну догугъэ. Псом нэхърэ нэхъ гугъур бжыгъэр зи лъабжьэ хъым анэдэлъхубзэкIэ илъ тхыгъэр зэрымащIэ дыдэрщ. Ди бзэкIэ фIыуэ лажьэ Нейросеть къызэбгъэпэщын папщIэ адыгэбзэкIэ тхыгъэ куэд дыдэ ухуеинущ, интернетым иплъхьэн хуейщ. Абы и хэкIыпIэр хэти иIэ Iэмалым елъытауэ къигъэIурыщIэу аращ. Дэри зэрытхузэфIэкIынум шэч къытесхьэркъым», - къыддогуашэ Хьэчим.

Иджыри зэ къытедгъэзэжынщи, мыр хуабжьу лъэбакъуэшхуэщ махуэ къэс зи гугъу тщIы бзэр хъумэным, зегъэужьыным теухуауэ. Абы и фIыгъэкIэ ди лъэпкъыбзэр зэманым декIуу щытынущ, дунейпсо бзэхэм ябгъурытынущ, хэти къигъэсэбэпыну Iэмал иIэнущ.

Дуней псор бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэм щыхуэкIуэм ди щIалэхэми хуэмыхуакъым.  Абыхэм зэрыжиIамкIэ, куэд щIауэ ягу илът мы Iуэхур, ауэ Iэмал зэрыщымыIэм къыхэкIыу иджырей къэсащ. «Куэд щIауэ дехъуапсэрт Нейросеть адыгэбзэкIэ тщIыну. Апхуэдэ жэрдэм дызэриIэр КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым щыжетIэм, «Яндекс. ЗэдзэкIакIуэр» псом япэ дгъэхьэзырмэ, зэрынэхъыфIыр къыджиIащ. Ар зэфIэдгъэкIауэ, иджы мыдрей Iэмалхэр къызэрыдгъэIурыщIэнум иужь дитщ. Си гугъэщ республикэм и Iэтащхьэр къыддэIэпыкъумэ, ди мурадхэр къыдэхъулIэну», - жеIэ Хьэчим.  

 НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться: