НОБЭМазаем и 27, махуэку Мыщэ хужьым и дунейпсо махуэщ Правительствэм и нэIэ щIэмыт зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ Урысейм щытыкIэ хэхам деж къагъэсэбэп и къарухэм я махуэщ 1945 гъэм Мэсей Аслъэнджэрий «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ. 1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщI Мэзукъэбз Хьэзрэт. 1941 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ артист, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Гъуэт Хъусин. 1958 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, ДАХ-м и вице-президент КIэкIыхъу Мэжид. 1973 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэм КъумпIыл Мурат. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 3 - 1, жэщым градуси 7 - 4 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2026 - 13:44 →
НОБЭ
07.05.2026 - 07:43 →
НОБЭ
06.05.2026 - 15:50 →
Уахэм и тхьэмахуэ
06.05.2026 - 12:11 →
НОБЭ
05.05.2026 - 12:00 →
НОБЭ
| ||




