ЛIыгъэ зыхэлъым лIэныгъэ ищIэркъымЛIыгъэ зыхэлъым лIэныгъэ ищIэркъым. Адыгэ щIыналъэм зауэр куэдрэ кърахьэу зэрыщытам и лIэужьу дэтхэнэ зы цIыхухъури зауэлIу къэтэдж ищIащ. Зауэм урегъэсэжыр лIэныгъэр зэрыблагъэм, икIи лIахэм я IуэхущIафэ дунейм къытенэу куэдрэ зэрымыкIуэдыжым. Абы къыхэкIащ лIыгъэ зыхэлъ цIыхур япэу зэгупсысыр псэууэ къызэрынэныр армыру, атIэ зауэ IэнатIэм лIы хуэдэу зэрыпэрытын хуейрауэ. МылIэжын щыщымыIэкIэ, уи пIалъэ къыщысам деж умыдзыхэ, уи щхьэм и пщIэр мыкIуэду псэр ты, жыхуиIэщ. ЗышыIэ зиIэм насып иIэщ. ТэмакъкIыхьагъыр цIыхур зэрыгъэсам и нэщэнэщ, апхуэдэхэм насып къыдокIуэр, жыхуиIэщ. Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ, уи гъусэ ущыгугъыу мыщэм уемыбэн. Мыщафэ къыхуахьыну гуащэр ягъэгугъати, зэныбжьэгъуитI зызэрагъэпэщри кIуащ мэзым. Куэдри къамыкIухьу, мыщэр езыр къахуэзащ. Зыщрапщытым, мыщэр къахуилъащ. И ныбжьэгъур хьэшхыпIэм къринэри зыр къыщIэпхъуэжащ, адрейм и закъуэ къыщынэм, зэрыпэмылъэщынур ищIэри зигъэмэхащ. Мыщэм и лъэбжьанэмкIэ щIалэр къызэридзэкIащ, нызэридзэкIащ, кърилъэфэкIащ, арщхьэкIэ щIалэр бэуэжыртэкъым. Мыщэр щIалэм къепэмщ-непэмри мыпсэужу щыфIэщIым, IукIыжащ, зэ къызэплъэкIыжри, щIалэм зыщимыгъэхъейм, мэзым хыхьэжащ. ЩIалэр зыкъомрэ щылъа нэужь, къыщылъэтри и лъэ къызэрихькIэ къажэурэ, жыг къуагъым къуэс и ныбжьэгъум къыбгъэдэлъэдащ. Къежьэжауэ къыздэкIуэжым: - А мыщэм и пэр уи тхьэкIумэм къыщыIуилъхьам къыбжиIар сыт? – жиIэри еупщIащ. - «Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ, уи гъусэ ущыгугъыу мыщэм уемыбэн», – къызжиIащ, – жиIащ щIалэм. КъежьэкIей – кIуэдыжыкIейщ. Мыгъасэу къежьар мыхьэнэ зимыIэ Iуэхум гуузу щытекIуадэм деж жаIэ хабзэщ, и къежьапIэм хуэдэщ и кIуэдыжыкIари, жиIэу кърагъэкIыу. ЛIыгъэм гугъэр и гъусэщ. Зи къарум къигъэгугъэ цIыхум хужаIэ. Апхуэдэу, мы жыIэгъуэм къокIыр, гугъэр уиIэмэ, абы уи гур къыщIиубыдэу, лIыгъэ къыпхилъхьэу, узыщыгугъын щумылъагъужым деж гур кIуэдыгъуафIэ зэрыхъури. Напэншэ нэхърэ накъэпакъэ. ЦIыху напэншэ уи пэшэгъу нэхърэ, теплъэ щIагъуэ имыIэми, хабзэ гуэр зыхэлъыр нэхъыфIщ. Къуажэ дэз Iыхьлы нэхърэ, жылэ и зырыз благъэ. Iыхьлыуэ уиIэхэр зы къуажэм дэсми, зэ кIуэгъуэ узыхуэкIуэнур абы ящыщу зыращ. Ауэ, къуажэ куэдым зырызу уи благъэ дэс щыхъукIэ, щIыпIэ Iэджэм уэ узыхуей щыбгъуэтынущи, ар нэхъыфIщ. Насыпыншэр лъэпкъыншэщ. Лъэпкъ зимыIэр, гуфIэгъуэри-гузэвэгъуэри къыдэзыIыгъын зымыгъуэтыр насыпыншэщ. Кхъуэр зыщышынэн щимылъагъум, Iуащхьэм докIуей. ЦIыху Iейр зыщышынэн, зыщыукIытэн имылъагъумэ, мэудафэри щокI, зыхуей дыдэр ещIэ, жыхуиIэщ. Къоджэм кIуэ, уаукIыну щытми. Мыр адыгэлIым хэлъын хуейуэ къалъытэу щыта хьэлщ: «СылIщ», – жызыIэр хэт къемыджами, щIэмыкIыныр емыкIушхуэт, ар лIыгъэншэу ягъэIунут, нэмыс къыхуамыщIыжу къэнэнут. ИумыгъэкIыжыну фызым дзы фIумыщ. Уи щхьэгъусэм ухуэпсэлъэжыныр пхуэмыфащэщ: удэпсэунумэ, зегъэзэгъ, уемызэгъмэ, абы и цIэри, уэр дыдэм уи щхьэри умыгъэпуду бгъэдэкIыж. НэгъуэщI Iуэхугъуэм ехьэлIауэ мы псалъэжьыр къыщагъэсэбэпи щыIэщ: узыдэпсэу, узыдекIуэкI гуэрым ухуэмыпсалъэ, ар икIагъэщ, жиIэу. КъэкIыгъэ лъабжьэншэ хъуркъым. КъэкIыгъэр лъабжьэншэу къызэрымыкIым ещхьу, дэтхэнэ зы цIыхури и лъэпкъ къыхэкIащ, жыхуиIэщ. Хъуапсэм и псэр кIуэдыркъым, фыгъуэр мыгъуэ мэхъу. Хъуапсэр и хъуэпсапIэм зэрылъэIэсыным хущIокъу, абы и гум бзаджагъэ илъкъым, фыгъуэ зыхэлъым и щхьэ закъуэ къыхихыу, зэфыгъуэр игъэкIуэдыну хьэзырщи, абы фIы къеуалIэркъым, жыхуиIэщ. Нэм щIэтыр, нэм хуэдэщ. Уигу пхуимыгъэкIыр уи нэ-уи псэу уолъагъу, жыхуиIэщ. Абы нэмыщIу, нэхъыбэрэ плъагъур, уи нэгум щIэт зэпытыр нэхъ благъэ мэхъу, жыжьэ щыIэм нэхърэ. Бысым бзаджэр дэкIуэтэрейщ. ХьэщIэм хуищIын хуей пщIэр зыщызыгъэгъупщэу, псалъэмакъ кIыхьрэ фэрыщIагъкIэ къезыгъэкIуэкIым хужаIэр. Еблагъэ зи бэм и бын мэжалIэркъым. ХьэщIэ куэд зыхуэкIуэм шхын куэди зэрихьэ хабзэщи, абы щыщ и бынми лъос, жыхуиIэщ. Нэмыс зиIэм насып иIэщ. ЖыпIэнкIэрэ псалъэ, уедэIуэнкIэрэ хъыбар – «Зи насып» зыхужаIа цIыхубзым и жэуапщ зытеухуар. Зэадэзэкъуитху хъурт, цIыху зэрыпсэу хабзэмкIэ псэууэ. Зэманри бжьыхьэкIэм и зэману, я Iэщыр Къущхьэхъум къехыжщ, Iуэм ираубыдэжри гъуэлъыжащ. А жэщым уэсыщIэ къесауэ нэху къокI. УэсыщIэм лъэужьыщIэр иригъэщIу зыгуэр къыдыхьэри, мылъкуу яIэм бгъэдыхьэурэ къызэхикIухьри, дэкIыжащ. Мылъкур зей лIыжьыр нэху къекIри: - УэсыщIэм лъэужьыщIэри иригъэщIурэ зыгуэр къыдохьэри, мылъкуу диIэм бгъэдыхьэурэ докIыж, зыхуэдэр къэтщIэным папщIэ, щIалэхэм ящыщ гуэр фыкIэлъыкIуэт, – жери, и къуэ нэхъыщIэр шым шэсри кIэлъыщIэпхъуащ. Гъуэгум и бгым нэсауэ, лъэщIыхьэри: – Уи лъэужьыр ди пщIантIэм ныдохьэ, уныдыхьэнкIэрэ щхьэ хъуа? – жери щеупщIым… – Насыпыр къывэзыта Азэлыхьталэм фи насыпыр фIихыжащи, сохьыж. Иджы, фэ фыпсэун папщIэ, фи насыпым ящыщ зы къыфхуигъэнэнущи, нэхъыфIыр къыхэфхыну фыхуитщ, щIалэфI, – жиIащ. - НытIэ, сэ адэ-анэ сиIэщ, къуэш сиIэщи, сыкIуэжынщи сычэнджэщэнщ, и нэхъыфIым жэуапыр къыпхуэсхьынщ. – НытIэ, а жэуапым сэ сежьэу мыдей сыщытынущ, кIуэ, кIуэж, – жери, щIалэр къэкIуэжащ. Зэадэзэкъуитхур зэбгъэдэтIысхьэщ, зэчэнджэщыжри, къагъэнэнум и цIэкIэ зэгурыIуакъым. И къуэхэр хэт гъавэм епхат, хэт Iэщым епхати, щхьэж зыбгъэдэт IэнатIэм епха къанэмэ нэхъ и гуапэурэ, зэгурымыIуэу къэнащ. Мылъкур зей лIыжьыр къэпсалъэри: – Фэрэ сэрэ дызэгурыIуауэ щытамэ, «Зи насып» зыхужаIэнур дэрауэ къыщIэкIынт, – жиIащ, – фэрэ сэрэ дыщызэгурымыIуакIэ, къызэрытшэрэ къыстемыхьауэ, къызэмыпсэлъауэ зы нысэ нэхъыщIэ сиIэщи, си нысэ нэхъыщIэр къафши, абы ищI унафэмкIэ сэ сыарэзыщ, – жиIащ лIыжьым. И нысэ нэхъыщIэр къраджэу, Iуэхур щыжраIэм, дыхьэшхащ. – Щхьэ удыхьэшхрэ, ди Iуэхум хэплъагъуэр сыт? – Фи Iуэхум хэслъагъуэращ. Фэ мылъкуу фиIэр къывэзытам арэзы фыхуэхъуу щытакъым, иджы фэ фыпсэун папщIэ, зы къэвгъанэкIэ арэзы фыхъужынукъым. Ар къывжезыIам мылъку папщIэ фемылъэIу. – АтIэ, сыт дызэрелъэIунур? – «Дунейм дытетыхукIэ, ди акъылымрэ ди нэмысымрэ тфIэмыкIуэду дыпсэуну», – жыфIи, а псалъитIымкIэ фелъэIу, – жиIащ. – Хъунщ, – жиIэщ тхьэмадэми, щIалэр кIуэжри, зыхуэзам щыжриIэм, зыжриIэр къэпсалъэри: – Ар гукъэкI зыщIу жызыIар Азэлыхьталэм къурмэн хухъу! Акъыл зиIэм нэмыс иIэщ, нэмыс зиIэм насып иIэщи, а щыри зэпхащи, зэкIэрыпч хъуркъым. А щыр зэпхыжар фи мылъкур аращи, абы папщIэ, къыфхуэнэжащ, – жери, нысащIэм и псалъэкIэ я мылъкур къахуэнэжауэ щытащ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2026 - 13:09 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
17.04.2026 - 11:08 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
17.04.2026 - 10:50 →
Я псэр зы чысэм илът
17.04.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
16.04.2026 - 16:19 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ ИУНАФЭ
| ||





