ЗэрахузэфIэкIкIэ захъумэжащЗэрыжаIэу, дыщэм ухэсу щытми, хэку уимыIэжыныр – ар насыпыншагъэшхуэщ. Ар зыгъэунэхуахэм ящыщщ адыгэ лъэпкъри. Дауэ щымытми, ахэр хущIэкъуащ къызыхэкIа лъэпкъым и фIыпIэ псори зэрыхъукIэ зэрахъумэным. Хамэ щIыналъэм я щэнхабзэм щигъуэта зэхъуэкIыныгъэм теухуащ хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуахэм ящыщ Дыгъужь ФуIэд и тхыгъэр. «Адыгэхэм я нэхъыбэр хэкум щрахум я щэнхабзэм хуабжьу зихъуэжами, я лъахэр ягу ихуакъым. Пэжщ, адыгэ куэди якIэлъыкIуащ япэ ирахуахэм, зы гупи икIащ, гъащIэ нэхъыфI къагъуэтын я гугъэу. Дауэ мыхъуами, IэмалыншагъэкIэщ псоми Хэкур къызэрабгынар: бэлыхьымрэ лъыгъажэмрэ я щхьэр щIрагъэхьат, я гур ираудати, теувахэщ гъуэгу бзаджэм. Аращи, псори Хэкум ирахуауэ жыпIэ хъунущ, ипэжыпIэкIи аращ зэрыщытыр: гугъапIэ гуэр къызыхуэмынэжахэм хэкIыпIэу къагъуэтар хамэщI Iэпхъуэнырщ. ИстамбылакIуэр лъапсэ ичыжт. Адыгэм я нэхъыбапIэр зауэмрэ хэку икIыжымрэ ихьащ. Здынэса щIыпIэми Iэджэ щызэтелIащ, зауэхэм яхуурэ куэд къыщрагъэукIащ. Хэкум къинахэм я щхьэ кърикIуари нэхъыфIкъым. КIэщIу жыпIэмэ, зауэм зэрихьар – зы, хэкум зэрикIар – тIу, икIари къинари бэлыхь зэрыхэхуар – щы: бэлыхьлажьэр щащIэу адыгэ лъэпкъ псоми къытепсыхащ. Щэнхабзэм ехьэлIауэ лъэныкъуитIми – икIами къинами – я гъуэгур зэхэкIащ, ауэ тIури зэхуэдэу хэхэсу къэнащ. Япэр – зыхыхьа лъэпкъыр къекуэдэкIыу, мыдрейри – къахыхьам емэщIэкIыу емынэлейр къатехьащ. ИкIахэми зыхыхьам я шыфэлIыфэр кърагъэщтащ, я гъуэгум трашащ, нахуэуи щэхууи. Къинахэми къахыхьам я сэфэтыр къыщакъузащ. Арати, адыгэм я хабзэри, я хьэлри, я щэнхабзэри, уеблэмэ я бзэри зэщхьэщыкIащ, жыжьэкIэ зы лъабжьэм екIуэлIэж пэтми, къудамэхэр зэмылIэужьыгъуэу къыдэжащ. Ауэ а псор Iуэху щхьэхуэщ, дэ зэкIэ зи гугъу тщIынур ИстамбылакIуэм и щэнхабзэм адыгэ лъэпкъым, адыгэ хэкум, адыгагъэм ятеухуауэ къызэщIиубыдэращ. ИстамбылакIуэм (е хэкум ирахуахэм) я щэнхабзэм гуэшыгъуищ (этапищ) зэпичащ. Япэр адыгэхэм здраха щэнхабзэм фIэкIа ямыщIэу, яфIэкIуэда хэкур ягу къыщIитхърэ я щэнхабзэр зыхалъхьэ щымыIэу зэрыщытахэрщ, ноби зэрыщытхэрщ. Лъыгъажэмрэ мафIэсымрэ къела гупыр, здэкIуами тыншыгъуэ щыщамыгъуэтым, нэхъ зэрыубыдащ, я лъэпкъымрэ я хэкумрэ я дежкIэ ягукIи я гупсысэкIи нэхъ зыкъагъэзащ. Бзэри, хабзэри, фащэри, къафэри, н. къ. зэрахулъэкIкIэ зэрахьащ, яхъумащ, тхыгъэкIэ мыерыщами, жьэрыIуатэкIэ ирагъэкIуэкIащ. ЕтIуанэ гуэшыгъуэр адыгэхэм зыхэс лъэпкъхэм я бзэ, я щэнхабзэ, я щIэныгъэ жыхуэпIэнухэр щызрагъэщIарщ. Абы кърикIуаращ: адыгэ щэнхабзэр ехуэхыу щIидзэри, нэгъуэщIым яйм дихьэхыр нэхъыбэу къежьащ. Зы лъэныкъуэкIэ – щыпэлъагъур щIэщыгъуэт, етIуанэу – я псэукIэ, къулыкъу зэгъэгъуэтын ехьэлIауэ абы хуэныкъуэхэт. КъинэмыщIауэ, а Iуэхугъуэхэм нэгъуэщI еплъыкIэ къаритри, адыгэхэм цIыху зыбжанэ къахэлIыфIыхьащ адыгэ щэнхабзэм и пщIэр, и дахагъыр къагъэлъагъуэу, ар яхъумэу, ягъэлъапIэу, цIыхубэм ирагъащIэу. Абыхэм адыгэбзэкIэ тхэным зратри, япэщIыкIэ хьэрып тхыбзэкIэ, итIанэ – латин тхыкIэмкIэ усэхэр, къыхуеджэныгъэхэр, н. къ. ятхащ, тхылъ щхьэхуэхэр къыдагъэкIащ, зэщIэхъаехэр кърагъэжьащ, хасэ, зэхуэс хуэдэхэр къызэIуахащ, Iуэху убзыхуа, унэтIа гуэрхэр щэхууи нахуэуи къызэрагъэпэщащ. Тхылъ ятхахэм, газет къыдагъэкIахэм (Тыркум – «Гъуазэ», Щамым – «Мардж» газетхэм хуэдэхэм) къытрадзэу щытахэм уеджэмэ, куэд холъагъуэ адыгагъэм, адыгэ хэкум, адыгэ лъэпкъым ехьэлIауэ. Псалъэм папщIэ, абыхэм мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм щатепсэлъыхьырт: «Дауэ дызэрыкIуэдыр дэ, адыгэхэр?», «Адыгэм ящIэн хуейр», «Ди лъэпкъыр зэрытхъумэну щIыкIэр», «Адыгэбзэр, хабзэр, щэнхабзэр зэрытIыгъынур, ахэр щIэблэм зэредгъэщIэну Iэмалхэр», «Дызэрыс хэкухэмрэ адыгэ хэкумрэ щызекIуэ псэукIэ, политикэ, дин идеологиехэм дазэрыхущытын хуеймрэ зэгъэкIукIэ иIэхэмрэ», «Дыщыпсэу хэкуми адыгэр дыщымыкIуэду, дифI зыхэлъхэри хэмыкIуадэу адыгэ хэкум ис адыгэхэм дапыщIауэ дыщытыфыным иIэ Iэмалхэр», «Адыгэ хэкум дымыгъэзэжмэ, адыгэ лъэпкъыр зэрыкIуэдынур», нэгъуэщI куэди. Гу нэхъ зылъытапхъэр сыт щыгъуи «Адыгэ хэку» жаIэу къызэрыхагъэщырт, псалъэкIи тхыгъэкIи абы зэрытрагъэчыныхьырт. Бзэм тепсэлъыхьмэ, адыгэ хэкум щисам къыщыщIадзэри, адэжь щIыналъэм пыщIауэ щытын зэрыхуейр къыщIагъу, адыгэ хэкум гъэзэжын зэрыхуеймкIэ яухыж. Апхуэдэ дыдэущ, адыгэ Iуэху къыщаIэткIэ, хабзэми, тхыдэми, IуэрыIуатэми, адыгэшми, дамыгъэхэми, фащэми зэрытепсэлъыхьхэр. Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ. Хэкуншэ лъэпкъыр лъэпкъ нэскъым, лъэпкъ ныкъуэдыкъуэщ. Iэмалыншагъэм къыхэкIыу, дэнэ щымыIами, хулъэкIмэ, зихъумэжын хуейщ, и Хэкур игу иримыгъэкIыу. Абы зыпищIэу, и Iуэху зытет зригъащIэу, екIуэлIэжыным хущIэкъуу. Адыгэ куэд лъэпкъ Iуэху зехуэным иужь итащ, зэрахузэфIэкIкIэ, ноби итхэщ. Япэрауэ, хасэхэр къызэрагъэпэщащ, зэдэIэпыкъун, зэрыIыгъын, хабзэмрэ бзэмрэ хъумэн, щIэблэр егъэджэн, щэнхабзэр мыгъэкIуэдын, зегъэужьын – куэдщ абыхэм я IуэхущIафэхэр. Клуб гуэрхэри яухуащ, спортымрэ щэнхабзэмрэ тегъэпсыхьауэ. Хэкум къина адыгэхэм, сыт хуэдиз гугъуехь ямышэчами, сыт хуэдиз хьэзаб хэмытами, нэхъ фIыгъуэ дыдэу лъэпкъым диIэр – Адыгэ хэкур – яхъумащ. Хэкур адыгэ ису зэрыщагъэтам, лъэпкъыр адыгэншэу къызэрамыгъэнам папщIэ фIыщIэ ин яхуэфащэщ. ИкIэм-икIэжым, япэ дыдэу къэунэхуа дунейпсо адыгэ хасэри, нэгъуэщI IуэхуфIхэри хэкум къыщежьэныр зи фIыщIэр хэкум исхэращ. КъыщинэмыщIауэ, адыгэ тхыдэми щэнхабзэми и нэхъыбапIэмрэ фIыпIэмрэ щыугъуеижа хъуари хэкуращ, зи фIыгъэри абы къинахэращ. А псом къыхэкIыу дэ тхуэдэ лъэпкъ икъухьамкIэ хэкум мыхьэнэшхуэ иIэщ, иIэни хуейщ. Адыгэ хэхэсхэм хэкур ягу къыщIитхъыу, къыщIэхъуэпсхэу, я псэхэр къыхуэгъэзауэ, сыт щыгъуи я гупсысэм хэмыкIыу, я бынхэр щIапIыкIыу, я адэжь щIыналъэм къагъэзэжыныр я къалэну зэрыщытар, хамэщIыр хэку, хамэхэр лъэпкъэгъу зэрахуэмыхъунур зыщамыгъэгъупщэу екIуэкIащ. Пэжщ, псори апхуэдакъым икIи апхуэдэкъым, ауэ адыгэм я нэхъыбэмрэ я нэхъыфIымрэ апхуэдат, иджыри апхуэдэщ. Адыгэм я закъуэкъым, дэни дапщэщи зэрыщекIуэкIращи, – икIута из хъужыркъым». Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 17:23 →
УэрэдыфIхэр зи IэрыкI
18.03.2025 - 14:19 →
Я цейр екIуу ящыгъти…
18.03.2025 - 12:26 →
Лъэпкъым и напэщ, и набдзэщ
17.03.2025 - 12:27 →
Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъу
17.03.2025 - 12:10 →
Зыми емыщхь
|