ЯщIэр къапщытэжТелеграмым мы илъэсым лэжьэн щыщIидзащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм «ФэтуэхэмкIэ и къудамэм» и каналым. ЦIыхухэм ирагъэхь упщIэхэм жэуап ярет Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ университетым и егъэджакIуэ нэхъыжь КIэрэф Жамболэт. Рэмэдан мазэм и пэ къихуэу, КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм «ФэтуэхэмкIэ и къудамэмрэ» «Среда-тхылъ» тыкуэнымрэ зэгъусэу зэхьэзэхуэ цIыкIу ирагъэкIуэкIащ. Каналым и IэщIэдзхэм папщIэ ягъэхьэзыра упщIиплIым япэу жэуап къезытахэм тхылъ тыкуэным и тыгъэхэр хуагъэфэщащ: Рэмэдан мазэм хуэгъэпса «Махуэубзыхумрэ» Iимам Нэуэуий и тхылъымрэ. Жэуап къатахэр къапщытэжа нэужь, абыхэм ящыщу 6-р пэжу къалъытащ. АдэкIэ дэтхэнэ зыми хуэщхьэпэну упщIэхэмрэ жэуапхэмрэ къыдохь: Япэ упщIэр: «Фатихьэ» сурэр Iимамым дежкIи абы и ужьым иту нэмэз зыщIым дежкIи сыт хуэдэ къалэн лIэужьыгъуэу къызэрылъытапхъэр? Жэуапыр хьэрып щIэныгъэбзэкIэ къэхьын хуейт. Мыбы ирата жэуапым и пэжу КIэрэф Жамболэт къилъытар муслъымэным къытехуэ къалэнхэр зэрызэхадз лIэужьыгъуэхэм яз «уаджиб» псалъэрщ: ар «фарзым» нэхърэ нэхъ щабэщ, «суннэм» нэхърэ нэхъ ткIийщ. ЕтIуанэ упщIэр: Сыт хуэдэ къалэн зыхиубыдэр «Уитр» нэмэзыр? Мы упщIэми и жэуапыр япэрейм ейм тохуэ: ари «уаджибхэм», фарзым нэхърэ мащIэу нэхъ щабэ къалэн гъэткIияхэм хеубыдэ. Ещанэ упщIэр: «Лъынтхуэм лъы хебгъэшмэ, уи нэщIыр къутэрэ?». Жэуапыр: «Къутэркъым». Сыту жыпIэмэ, уи кIуэцIым кIуэIакъым. ЕплIанэ упщIэр: «Дауэ зэреджэр Рэмэдан мазэм ящI псапэ нэмэзым?». Жэуапыр: «Тэрауихь», адыгэбзэкIэ: турыхь нэмэз. Зэпеуэм цIыху щэ ныкъуэм щIигъу зэрыхэтам абы и мыхьэнэр щIалэгъуалэм дежкIэ зэрымыцIыкIур къигъэлъэгъуащ. Зи гугъу тщIы телеграм-каналыр сытым дежи мэлажьэ, фи упщIэхэр евгъэхь, фщIэхэр къыщыфпщытэж хъунущ. Каналым и цIэр: «Отдел фетв ДУМ КБР», къызэрывгъуэтыну интернет хэщIапIэр: https://t.me/fetvakbr
Поделиться:
Читать также:
22.07.2026 - 19:20 →
И IэрыкIхэр дуней псом къыщацIыху
21.07.2026 - 17:00 →
«ЛЭСКЭН ХЪЫДЖЭБЗ»
21.07.2026 - 15:19 →
Псэм къищтэ усэхэр
21.07.2026 - 12:26 →
Адыгэ новеллистикэм и зэхэублакӀуэ
15.07.2026 - 11:26 →
Адыгэ тхыдэм и гъуджэ
| ||




