Дерсышхуэ зыхэлъщКIэрэф Мухьэмэд и гъащIэм щыщу илъэс щэ ныкъуэм щIигъу ирихьэлIащ щIэблэр егъэджэным, гъэсэным: ар егъэджакIуэу, унафэщIу щылэжьащ республикэм и школхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIэныгъэ IуэхумкIэ и министерствэм, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым. Абы зэхилъхьащ сабийхэр зэрырагъаджэ тхылъ зыбжанэ. КъимыдэкIэ, и псэм псэхугъуэ къезыт, «губампIэдэхыу» къилъытэ тхэн Iуэхур и гущIагъщIэлъу и гъащIэр ихьащ. Абы адыгэ литературэм и япэ лъэбакъуэр щичар «Iуащхьэмахуэ» журналырщ. Ар зэрытхакIуэ телъыджэр япэу нэрылъагъу щыхъуар 1987 гъэм къыдэкIа журналым и 4, 5-нэ номерхэращ. КIэрэфым и япэ тхылъыр – «ЛIыжь хъыбархэр» тхылъ щхьэхуэу Къэбэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапIэм 1989 гъэм, етIуанэ тхылъыр 1993 гъэм къыщыдэкIащ. Зэуэ наIуэ хъуащ акъылышхуэ, талант ин зыбгъэдэлъ тхакIуэ ди литературэм къызэрыщыунэхуар. «Сэ сызэреплъымкIэ, КIэрэфым и къалэмыпэм къыщIэкIауэ дызыщыгъуазэ и тхыгъэхэм къахэщу, и псэм щигъафIэу, илъэс куэдкIэ гупсысапIэу иIахэр къыщыIуэтэжа, адыгэ лъэпкъым теухуауэ псалъэшхуэ щыжиIа гурыщIэ тхылъщ 1993 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «ЛIыжь хъыбархэр», - итхауэ щытащ 1997 гъэм Шэвлокъуэ Пётр. - Тхьэшхуэм телъыджэу къигъэщIахэм щыгуфIыкIыу дунейм тета цIыху щэджащэм и Iэужьщ ар, цIыхум и дунейр зыгъэдахэ, и псэм, и акъыл нэхум зыхищIэ дэтхэнэ уахътыми, уэгуми щIыгуми дахагъэу трилъагъуэ псори и гухэхъуэу, гъащIэм и къэхъукъащIэхэм гурыгъуазэу пхрыплъу псэуа, гупсысэ куу, гурыщIэ къабзэ, щIэныгъэшхуэ зиIэ, гъэсэныгъэ лъагэ зыхэлъ цIыхушхуэм къигъэщIам къыхиха дерсышхуэ зыхэлъ тхылъщ КIэрэф Мухьэмэд и «ЛIыжь хъыбархэр». Псом япэрауэ, КIэрэфым и повестыр зыгъэуардэр тхакIуэм къиIуатэ хъыбархэм зэманышхуэ къитIасэу, цIыху зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпэкIуу, щIыналъэ, щIыпIэ куэд къызэщIиубыдэу аракъым. Тхылъым и къэухьым, и гъунапкъэм, абы зэману, лъэхъэнэу къызэщIиубыдэм и закъуэ тещIыхьауэ, «абрагъуэу» къыпщыхъу къэхъукъащIэхэм зыдебгъэхьэхыу, а схемэм и «пщалъэм» тету художественнэ произведенэм пщIэ лей хуэпщIыну ухуежьэмэ, ущыуэнущ. Зи «къэухьыр» убгъуа, цIыхубэ зыхэт, къуэпс Iэджэу зэхэухуэна тхыдэ хъыбархэм щхьэфэтегъэжу ебгъапщэу, апхуэдэ пщалъэкIэ убгъэдыхьэ хъунукъым «ЛIыжь хъыбархэм», сыту жыпIэмэ тхакIуэ КIэрэфым дежкIэ псом ящхьэр, и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэм и гъуазэр цIыхум и психологиер куууэ зэпкърыхыныр, цIыхумрэ дунеймрэ зэрызэхущытым къыпкърыкI философиер, зытет дунейм ещхьыркъабзэу, цIыхум бгъэдэлъ лъэкIыныгъэр зэрыгъунапкъэншэр, абы илэжьри ищIэри къызыхэкI щхьэусыгъуэхэм я лъапсэр, я къуэпсыр къэхутэныр, гъащIэм къигъэщIа псоми къабзэу, сакъыу хущытын зэрыхуейр, дунейм лей епх зэрымыхъунур, цIыхум и «натIэм» къритхам зэрыфIэмыкIынур, зэрылIэжынур щымыгъупщэу, дунейм тетыху, цIыхугъэ хэлъу, щхьэпэу, дахэу псэунырщ. ЦIыхум и гъащIэр зыгъэуардэ, и дунейр зыгъэдахэ, къару мыкIуэщIхэр къезыт къыщалъхуа щIыналъэр зэрытелъыджэр тхакIуэм гъуэзэджэу нэрылъагъу ещI. Тхылъым и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс хьэлэмэту, купщIафIэу, уардэу щыубзыхуащ Хэкум и образыр. Хэкум и теплъэр, и гупсэр нэкъыфIэщI дахэ къудейуэ щымыту, тхакIуэм гунэсу къигъэлъагъуэ цIыхухэми, теплъэгъуэхэми, плъыфэхэми, гурыщIэ-гупсысэхэми лъэщу щонэрылъагъу. Абы и зы налъэщ повестым лIыхъужь нэхъыщхьэу хэт, зыщалъхуа лъахэм хуэпэж, хуэщхьэпэ, щIылъэ-анэм и бгъафэм къыпхукIэрымычыну гу къуэпскIэ быдэу епха Сэфар гукIи псэкIи Хэкур зэрызыхищIэр. «...Зы иIэгъи зы бэяуи щыIэкъым... си хэкум и сурэтыр ирипщIыфыну, щыIэкъым цIыху псалъи ар кърипIуатэ хъуну. Дунейм теткъым зы пшыни, абы и Iэуэлъауэ макъ зэмылIэужьыгъуэхэр къибгъэкIыфыну. ПхужыIэнукъым, пхуэщIыфынукъым си Хэкум и бжьыхьэ нур щабэмрэ щIыхуфэ-щIыIэтыIэ хъуа и хьэуамрэ ящIэт гумащIагъэр, гумащIагъэ нэщхъей IэфIыр. «ЗыфщызгъэнщIакъым, си гум фыкъоуэ, ауэ, пIалъэр къэсащи, сожьэж, фымыдзыхэ, сэ къэзгъэзэжынущ иджыри», – къыбжиIэ хуэдэщ а дуней дахэм. СыткIэ бгъэIуфын, сыткIэ пщIыфын, дауи къэпIуэтэн уэгу нэщIыр, пшынэбзэ гуакIуэм хуэдэу, къэзыгъэпсалъэ къру чэруан пщхьэщыкIар? Дауэ къэпIуэтэн иджыри мащIэу фIэкIа гъуэжьыгъэ зыхимыдза псы Iуфэ мэз лъэщIэху щхъуантIэр, абы щIэж псынэ шэджэнащхъуэ щIыIэр? Арауэ пIэрэ псы нэхърэ нэхъ IэфI щыIэкъым, псыр псэхэлъхьэжщ жыхуаIэр? ЦIыху IэщIагъэкIэ хэт зыхыуигъэщIэфын, хэт уигъэлъагъуфын а мэзым и хуей дыгъафIэхэм жьы мащIэм щызэрихьэ шейтIан Iупс зэпылъэфыж хужьыбзэхэр, кърихьэкI-кърихьэкIрэ еша нэужь, жыг къудамэжь хэгъукIам фIидзэжхэр? А жьы мащIэри апхуэдизкIэ гуапэщи, уи напэм, щIалэ уищIыжу, къоубзэ, анэ Iэ щабэм хуэдэу зыкъыделъэ. Хьэуэ, хуэкъарууншэщ абы цIыхур: сурэтуи макъамэуи зыщIыпIи щигъуэтынукъым апхуэдэ...» Псалъэм, цIыхугъэ гурыщIэм я художникыу ущытын хуейщ, уIэбэмэ, улъэIэсын хуэдизу, гукIи псэкIи зыхэпщIэу, тхакIуэм ди нэгу къыщIигъэувэ теплъэгъуэр, абы хэлъ «псэр» къэбгъэлъэгъуэн папщIэ. Ди лъахэм теухуауэ мы пычыгъуэ кIэщIым щытлъагъухэр, щызыхэтщIэр КIэрэфым хуэдэу нэгъэсауэ къэзыгъэлъэгъуэфауэ щыIэр мащIэщ».
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
13.08.2026 - 10:01 →
Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр
13.08.2026 - 09:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
| ||




