Ди нэхъыжьхэм я сабиигъуэЗи гугъу тщIы пIалъэр - сабиигъуэр - цIыхум и гъащIэм щыщ Iыхьэ нэхъыщхьэу жыпIэ хъунущ: абы и хьэлыр псыхьа щохъу, и гупсысэм лъабжьэ щегъуэт. Иджыпсту сабийхэм я зэманыр зэрагъакIуэ Iэмалхэр куэдыкIей хъуащ, адэ-анэхэр я быным зы дакъикъи темыплъэкъукIыу апхуэдэщ. Ауэ япэм джэгукIэу яIар лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэхэмрэ езыхэм къагупсысыжхэмрэт. Нэхъыбэри щIэблэр я закъуэ унэ-лъапсэм къыщыдани къэхъурт, балигъхэр лэжьакIуэ кIуэн зэрыхуейм къыхэкIыу. Апхуэдэ зы лъэхъэнэм дыхохьэж КIэрашэ Михаил и гукъэкIыжымкIэ. - Топ къыщетхуэкIкIэ, ди хеящIэр зэрыцIыкIурэ мащIэу ещIэкъуауэ Тимошэт. Ари иризэгуэпырт илъэсибгъум нэблэгъа щIалэ танэм (ар сэрат) топыр нэхъ цIыкIухэм зэраIэримыгъэхьэр. Хьилагъэу къимыгупсыс щыIэжтэкъым абы: ди адэм и шырыкъужьитIыр зылъызигъэтIагъэрт, хуэму фIэкIа къысхуэмыжыхьын хуэдэу е, ди хьэ Цомэ къызиуштынти, ар си лъакъуэм фIэлъу топри зыIэщIэзмыгъэкIыу утыкум сыуфэразэу ситын хуей хъурт. Сыт ямыщIэми, зи къехъулIэртэкъым абыхэм текIуэныгъэр. Арати, «жьгъейхэр» зэчэнджэщыжри, топу яхудэзгъэкIауэ хъуар мытэмэму къыщIрагъэдзащ, джэгур хьэрхуэрэгъухэм зэрызэдэдгуэшам псори арэзы техъуащ. Зыри яжесIакъым, сабийхэм замыгъэгусэн щхьэкIэ. Iуэхур адэкIэ щымыкIуатэм, зыгуэрым къыхилъхьащ «индеецхэр» джэгукIэщIэр къэдублэну. Къаншыуей къуажэ клубыжьым, абы щыгъуэм токи зэмышэлIам, тхьэмахуэм зэ къыщызэрагъэпэщырт индеецхэм ятеухуа фильмыр гъэлъэгъуэныр. Фильмыр кIыхьу екIуэкIырт. Куэдрэ зэкIарагъэпщIэжурэ зэманым къыдекIуэкIа кинолентI тIорысэр зэ, тIэу зэпычыжынти - угувэным къеблагъэ! Языныкъуэхэми еплъ ныкъуэу кинор зэпыурти, яхущIегъэдзэжыртэкъым. Абы щыгъуэм жылэдэсым я насып къихьмэ, тхьэмахуэ, тхьэмахуитI хуэдэ дэкIмэ, фильмыр и кIэм нагъэсыжынут… Жьгъейхэм мурад ящIащ зи кIэухыр иджыри ямылъэгъуа фильмым, езыхэр хэт хуэдэу, «гъунэ иралъыну». Сэ къысхуагъэлъэгъуар лIыхъужь нэхъ гурымыхь дыдэрт. Ар Америкэм щыпсэу къэзэуакIуэт. ЯтIагъуэ фIыцIэкIэ пащIэ зытесщIыхьри, мэлыцым къыхэсщIыкIа ажэ жьакIэ псыгъуэр зытезгъэувэжащ. Дыгъэм зи фэр трихуа, чэтэн Iувым къыхэщIыкIа тепхъуэр щIым хэслъафэу зытездзэри, ди адэм IуэхугъуитIкIэ - гуфIэгъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ я деж - къищтэ хабзэ пыIэ фIыцIэр щхьэрыстIэгъащ. Апхуэдэуи зауэм кърихауэ ди адэм зригъэщIагъуэу цIуужу зэрихьэ фэ шырыкъуитIыр зэлъыпысIуащ. Шабзэ схуэхъуащ тутей къудамэр. ЖыпIэнурамэ, «си ролыр» згъэзэщIэным сыхуэхьэзырт. Си теплъэм, уеблэмэ, «жьгъейхэр» къигъэшынэжат, Цомэти, къекIуэкIыну Iуэхур зэрыфIэгъэщIэгъуэныр къригъэлъагъуэу, къызэбэну къэуващ: «АдэкIэ-щэ?» - жыхуиIэ пэлъытэу. Индеецхэм - Тимошэ, Лиуан, ВалерикитIым - я напэхэр къуэлэну кърацIэлыкIри, пщIантIэм щыулъэпхъащэу дэт джэдкъазым къыхача къабзийхэмкIэ я щхьэцхэр ягъэщIэрэщIащ. КIарц жыгхэр къафыщIащ, абыхэмкIэ Iэщэхэр яузэдри, шабзэхэр хадэкIэм щыкI щIэпым и жэпкъхэм къыхабзыкIыжащ. Уэшх уэр къешха нэужь, Мэлгъэбэг ИпщэмкIэ илъэсым зэ е тIэу кърихьэх псыдзэм ШадыкIэ нэс къикIыу ди къуэкIийнэфым дунейм тет хьэбыршыбырыр дэз ищIырт. «Индеецхэр» абы щызэхуахьэса гъухухэр шабзэшэ яхуэхъуащ. Зы Iуэху нэхъыщхьэ яIэщIэкIащ - псоми зэрызыдгъэхьэзырым набдзэгубдзаплъэу еплъу щыса Цомэ «и ролыр» яубзыхуатэкъым. Ар сэ къызбгъэданэри, гупу зызыгуэшахэм зы меданым загъэбзэхащ - дэнэкIэ къуэгъэнапIэ иIэми, зыкъуадзащ. Апхуэдэ «тIысыпIэ» щэхухэр щыгъунэжт пщIантIэшхуэм, ди хадэм къищынэмыщIа, ди адэ къуэш нэхъыщIэ Хьэжпагуэ и хадитIым. Хэти зыкъуигъапщкIуэрт бэрэжьей, шыпсыранэ, мэзбзий къуацэхэмкIэ зэщIэкIа къуакIэхэм. Ди хадэшхуэм къыпылъ къуэкIийнэфым зыгуэр дэпщхьэри, кIарц къудамэхэмрэ жыг делэхэмрэ зыхигъэпщкIухьащ. ПщIантIэр зэуэ щым, нэщI къэхъуащ. Лъапсэм уридыхьэу егъэувэкIа пхъэбгъу зэкIэрыIулIа тIорысэ дыдэм сэрэ (лIыхъужь ткIийр) си хьэ гъэсамрэ (хьэм нэхърэ кхъуэпIащэм нэхъ ебгъэщхьынур) дыкъыIунауэ дыкIэрытщ. Къапщтэмэ, къуажэкум щыбгъуэтынутэкъым Цомэ нэхъ хьэ губзыгъэ. ИгъащIэм ар зыми едзэкъатэкъым, ауэ иджыи сэлэт бгырыпхкIэ пха пхъэбгъу куэбжэм зыри къыфIигъэкIатэкъым: благъи, жэрэгъуи, хьэщIи, пощтзехьи. Зы цIыху закъуэм хэхауэ ар хущытт - зи акъылкIэ нэгъуэщIхэм емыщхь Гуэщланэ. Куэбжэпэм къыщыщIэдзауэ Цомэ абы и Iэм, и напэм ебзейуэ, унэм нэс нишэсырт. Iэгъуэблагъэм ит хьэхэм абы пщIэ къыхуащIми ярейт, уэрамым хамэхьэ къыдэзэрыхьамэ, Цомэ и жанагъымкIэ абы и лъэр щIиудынут (езым хуэдэу тIу хъу пэтми) … Аращи, дыщытщ Цомэрэ сэрэ ди закъуэу куэбжэпэм деж. «ИIэ, къэлъыхъуэ-тIэ!» - унафэ хуэсщIащ си дэрэгъум. Джэгур зэрыдублэу, зы дакъикъэм абы пабжьэм къыхихуащ япэ индеецыр - Лиуан. Арат япэу «шабзэшэкIэ» къыхэукIар. Сэри си шабзэр щысшэщIым, абы и набдзэм хуэзэу сытехуащ. Ди насыпти, и набдзэм дыркъуэ тIэкIу къытена фIэкIа, и нэм блэлъэтат. ЕтIуанэ шабзэр щызутIыпщым, етIуанэ индеецыр «къэзукIащ». Ар си къуэш цIыкIу Валерикт, чей нэщIым зриудыгъуауэ Цомэ къигъуэтат. Валерик къыскIэлъыуат, арщхьэкIэ шабзэшэр блэлъэтащ къыстемыхуэу. Ещанэр, Тимошэ, нэхъ егугъуауэ зигъэпщкIуауэ къыщIэкIащ. КъуэкIийнэф куум дыщылъыхъуэн хуей щыхъум, Цомэ абдежи щакIуэхьэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Тимошэ здыхэсыр абы банэурэ сигъэлъагъури, ари къыкъуэтхуащ. ЗэрыгъэкIие-зэщIэгъуагэ макъыр пщIантIэм зэуэ дэз къэхъуащ. Лиуан и набдзэм лъыр къожэх, Валерик и пхэщIыщхьэм шабзэшэм зыхитIащи, къежыхь… Псом нэхърэ зи пхъэ къикIар Тимошэт - абы шабзэшэр и дамащхьэм телъэтыкIри, мащIэу иуIауэ арат. Сызытемыхуар ди гъунэгъу щIалэ цIыкIу Валерэщ. Къэхъуа псор абы щилъагъум, жэрыжэу зричри ежэкIыжащ. СыкIэлъыуами, а зыр сIэщIэкIат. Цомэ къэхъуа псом къигъэуIэбжьыжащи, мэпщIэу, гъуэгыу зэхэс сабийхэм зэрадэIэпыкъуныр имыщIэу къежыхь. Сэ къызобэн. Зэрызехьэ макъым игъэгузавэри, езыр-езыру къыщIэмыкIыф ди анэшхуэ Фаризэти хьэлэмэту щхьэгъубжэм нэс къэкIуэтауэ мэкIий. Гъунэгъухэр асыхьэту къежэкIащ. ЦIыху гупыр зэхэту ди анэр къыдыхьэжащ. Хъыбарыр щIэхыу нагъэсащ къуажэ сымаджэщым, Лиуан и адэ Хьэжпагуэ щылажьэм. Хьэжпагуэ ди къуажэ дохутыр Артюшэ щIыгъуу, къыдэлъэдащ пщIантIэм. ЗанщIэуи ядэIэпыкъун щIидзащ уIэгъэ хъуа «индеецхэм». Валерик и пхэщIыщхьэм шабзэр къыхачыжри, Лиуанрэ Тимошэри еIэзащ. Абы псори игъэсабырыжащ, къэхъуа щIагъуэ зэрыщымыIэр яжриIэри. ИужькIэ «лIыхъужь бзаджэр» къызапэсри, куэдрэ а махуэр сигу къагъэкIыжащ. Сэ абы щыгъуэм сыукIытэжат, щIэщхъу сIэщIэкIам щхьэкIэ. Сыкъамылъагъум псори зэуэ ящыгъупщэжын си гугъэу, къуажапщэмкIэ щыпсэу ди адэ шыпхъу Хьэтхъэнхэ я деж сыщIэпхъуат. МахуищкIэ сыкъикIакъым абыхэм я деж. ИкъукIэ цIыхубз Iущу щытащ ди адэ шыпхъур. Ар къуажэ амбулаторэм щылэжьат, зэфIэкI хъарзынэхэри иIэу. Сымаджэщым къабзагъэм зэрыщыкIэлъыплъ хабзэм хуэдэу, абы и унэри сыт щыгъуи зэлъыIухат, и хьэкъущыкъур цIыужырт, зы сабэ кIапэ лъэгуи щхьэгъубжи щыплъагъунутэкъым. Абы и унэм хуэкIуэ лъэс лъагъуэ кIыхьыр зэгъэзэхуат, мывэ хужь зэхуэдэкIэ ибгъухэр къэгъэтIылъыхьауэ. ДэнэкIэ уплъэми, удз гъэгъар пщIантIэм дэзщ, хадэм зэхэгъэщхьэхукIауэ сатыр захуэу нащэр, бжьыныр, бэлыджэр, шыбжийр щыкIырт… Махуищ дэкIри, сэ секIуэлIэжащ ди адэжь лъапсэм. Сызэримыгугъауэ, си къуэш цIыкIухэр къысхуэзэшауэ гуфIэжу къыспежьат. Дыркъуэ ятездзахэри хэгъуэщэжауэ, езыхэми псори ящыгъупщэжауэ къыздэплъейрт: «Иджы сыт къэдгупсысын?» - жаIэу я нэм щIэслъагъуэрт…
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 15:06 →
Щыуэпсымрэ цIыхумрэ
17.08.2026 - 13:00 →
Уадыгэу упсэуныр тыншкъым
16.08.2026 - 12:26 →
ПсэукIэ жыджэрым хуашэж
16.08.2026 - 11:18 →
Музейхэм ядоIэпыкъу
16.08.2026 - 09:30 →
ГъэщIэгъуэнщ икIи щхьэпэщ
| ||




