Я щхьэ хуэлэжьэжхэм я фейдэ хэлъу

2024 гъэм къэралым и компание инхэм я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм Iуэхутхьэбзэу къыхуащIам процент 64-кIэ хэхъуащ 2023 гъэм елъытауэ икIи ар сом меларди 11,9-рэ и уасэм нэсащ. ЗэгурыIуэныгъэу нэгъабэ лъэныкъуитIым зэращIылIар мин 15-м щIигъуащ икIи ар процент 20-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым нэхърэ.

Я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхауэ къэралым и IуэхущIапIэ инхэм Iуэхутхьэбзэ яхуэзыщIахэм я бжыгъэми процент 18-кIэ хэхъуащ къапщытэж пIалъэм къриубыдэу икIи ахэр мини 9-м щIигъуащ. УФ-м и Правительствэм и унафэу къэралым и IуэхущIапIэ инхэм къащэху Iуэхутхьэбзэхэм ящыщу процент 25-р хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ яхухэхыным ехьэлIауэ лажьэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ МСП Корпорацэмрэ ар пщэрылъ зыхуащIа нэгъуэщI IэнатIэхэмрэ.

«Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ я деж Iуэхутхьэбзэхэр къыщащэхуным ехьэлIауэ ягъэува мардэм ипкъ иткIэ, къэралым и IуэхущIапIэ инхэм абыхэм нэхъыбэрэ зыхуагъазэ хъуащ. Абы и фIыгъэкIэ Iуэхутхьэбзэхэм я куэдагъым хэхъуэ къудей мыхъуу, зэгурыIуэныгъэу зэращIылIэхэри нэхъыбэ ящI. Псалъэм къыдэкIуэу, 2019 гъэм апхуэдэ зэгурыIуэныгъэхэр псори зэхэту 43-м щIимыгъуамэ, 2020 гъэм ар мин 1,3-рэ хъуащ, 2024 гъэм мини 9-м щIигъуащ.

2019 - 2024 гъэхэм къэралым и IуэхущIапIэ инхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжхэмрэ зэгурыIуэныгъэу мин 38-м щIигъу зэращIылIащ, ику иту сом мин 630-м щIигъу зым хуэзэу. А псом къадэкIуэу, я щхьэ хуэлэжьэжхэм зэфIагъэкI Iуэхутхьэбзэхэми я продукцэхэми я куэдагъым къыдэкIуэу лIэужьыгъуэхэри нэхъыбэ хъуащ», - жиIащ МСП Корпорацэм и унафэщI Исаевич Александр.

Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ я щхьэ хуэлэжьэжхэм запызыщIэну хуейуэ жэрдэмхэр зиIэ къэрал IуэхущIапIэ инхэми я бжыгъэм къызэрыхэхъуэр. 2019 гъэм ахэр 16 хъууэ щытамэ, 2020 гъэм 138-м нэсащ, 2024 гъэм а бжыгъэр мини 2-м щIигъуащ.

Илъэс блэкIам къэралым и IуэхущIапIэ инхэм я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм кърагъэщIа Iуэхутхьэбзэхэм я куэдагъым щыщу нэхъыбэу зыхэхъуар финанс, страхованэ (хуэди 3,2-рэ), юридическэ, бухгалтерие (хуэди 3,4-рэ), профессиональнэ, щIэныгъэ, техникэ (хуэдэ 1,8-рэ), ухуэныгъэ лэжьыгъэ щхьэхуэхэм (хуэдэ 1,7-рэ) пыщIахэрщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм къэрал IуэхущIапIэ инхэм хуащIа Iуэхутхьэбзэхэм я куэдагъым 2023 гъэм елъытауэ процент 35-кIэ хэхъуащ нэгъабэ е сом мелуан 14,1-рэ и уасэ хъуащ. Илъэс блэкIам Iуэхутхьэбзэ зылэжьахэм я бжыгъэр 19 хъуащ икIи ар хуэди 2,4-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым щыIам нэхърэ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ дэIыгъыным ехьэлIауэ МСП Корпорацэр мэлажьэ «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: