Акъылыр зыгъэжан![]() Шахмат Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэхэм шахматымкIэ я зэхьэзэхуэ екIуэкIащ. 2025 гъэр Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу зэрагъэувамрэ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъумрэ траухуауэ щытащ ар. ЩIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту 246-рэ щызэпеуащ а зэхьэзэхуэм. Ахэр командэ 17 хъууэ щытащ икIи я ныбжь елъытауэ гупищу гуэшат. ЗэIущIэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэр иратащ Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №1-м. Абы къызэринэкIащ курыт еджапIэхэу №№10-р, 4-р. «Си гуапэу къыхэзгъэщынут ди еджакIуэхэм я зэфIэкIым зэрыхагъахъуэ зэпытыр. Дауи, ди къалэм шахматым зыщегъэужьыным, цIыху нэхъыбэ абы къыхэшэным, дедгъэхьэхыным адэкIи пытщэнущ. ЕгъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ департаментым и унафэщI Борэн Маринэ къызэрыхигъэщамкIэ, Мамхэгъ Хьэчим и нэIэ щIэту мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр къалэм куэдрэ щрагъэкIуэкI икIи абы и фIыгъэкIэ Iэмал яIэщ саугъэтхэмкIэ, тыгъэхэмкIэ сабийхэр ягъэгуфIэну. ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
10.11.2025 - 17:02 →
Спорт зэхьэзэхуэхэр
09.11.2025 - 12:23 →
Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ
08.11.2025 - 16:44 →
Спорт хъыбархэр
07.11.2025 - 14:37 →
Къумахуэ Тимур етIуанэми щытокIуэ
| ||




