Псэр и закъуэ къыщынэм деж

- Алий, атIэ уэ узэреджэр адыгэбзэт, хьэмэрэ? – щIэупщIащ Синэжан, ди гъусэу еджэ зы пщащэ.

- Хьэуэ, зиунагъуэрэ, дауэ адыгэбзэнт, фэри фи адэ-анэхэми къащыщIауэ къыщIэкIынщ ар. Ди егъэджакIуэхэр еджапIэм дыщыщIыхьам деж къыдэжьэу щыст, хэт дапщэрэ адыгэбзэкIэ псэлъами, ди Iэгухэм чы цIыкIукIэ къиуэну. ИкIи щысхь ямыщIэу ди Iэхэр паубэрэжьыкIырт. Ди къуажэ псом зы е тIу адыгэбзэ еджэф дэсу арат, ари езы-езыру зрагъэщIэжауэ. Дэнэ къипхынт, тхылъ диIэтэкъым, хьэрфхэр зыщIэр закъуэтIакъуэт.

- Фызэрыпсэлъар дауэт абыхэм къызэращIэр?

- Ди гъусэу еджэхэм яхэтт бзэгу зыхьыжын зыфIэфIи, абыхэм, хэт сыт хуэдизрэ адыгэбзэкIэ псэлъами, егъэджакIуэм и пащхьэм ирилъхьэрт, мыдрейхэри, пэжми пцIыми, игъащIэкIэ щIэупщIэжынутэкъым. Апхуэдэу ди Iэгухэм къиуэм зы адыги яхэтт. ИужьыIуэкIэ къалэм сыщыхуэзат а дезыгъэджа, дызыубэрэжьу щытам. Иджы ар къызэлъэIурт адыгагъэ IуэхукIэ сыдэIэпыкъуну, ауэ игу къэзгъэкIыжат абы и адыгагъэр здынэсу щытар.

- Абы и Iуэху зумыхуэжи нэхъыфIщ, - щыжиIэм:

- Ар дэ дыпсэуху ди гум илъынущ, икIи ди бынхэм яхуэтIуэтэжынущ, зэи ящыдгъупщэнукъым, - жесIэгъат.

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр иухауэ дэ япэ махуэу еджапIэм дыкIуат. Сытым щыгъуи хуэдэу псори зыр зым тфIэгъэщIэгъуэну зэпэтплъыхьырт, хэти тIэкIу хэхъуат, хэти зэрыщытат, хэти мытIэкIуу зричат. А иужьрейхэм сэри сахэтт.

ЕджапIэм дыщIэмыхьауэ дыуэршэру дыщыту зы машинэ псынщIэ къыIухьэри, зы хъыджэбз гуэр бжэр Iуихри къикIащ. Псоми я щхьэр абыкIэ ягъэзащ, сэри сыплъащ. Машинэм къикIар къалэшхуэм зэрыщыщыр къыумыщIэнкIэ зы Iэмал иIэтэкъым, и зыхуэпэкIэр къуажэдэсхэм я зыхуэпэкIэм къащхьэщыкIырт. Гъуэншэдж зэвым къыхэщ Iэпкълъэпкъ дахэр, хъыджэбзыр нэхъ дахэж зыщI джанэ пIащIи екIупсу щыгът, и вакъэм хуэдэ зылъыгъ иджыри ди къуажэм щыслъэгъуакъым, «ярэби, сыту хъыджэбз дахащэ», - жысIэу сеплъу сыздэщытым:

- Алий, сыту щIалэшхуэ ухъуа Iей, - жиIэри сэ къызбгъэдыхьэри сэлам гуапэшхуэ къызихащ. И гуфIэкIэм си гур къызэригъэгъуэтыжри:

- Симазэ, уэра мыр? - щыжысIэм:

- Сэращ, тхьэ, нтIэ, хэт уигугъэрэт, - жиIэри пыгуфIыкIыжащ. Щхьэц фIыцIэ ухуэнар гупэмкIэ къедзэкIауэ, нэ фIыцIэ дахитI гуфIэжымкIэ къызэплъырт, щыдыхьэшкIэ, япэм гу зылъызмыта кумб цIыкIуитI и нэкIум екIупсу ист. ЗыщызмыгъэнщIу, сызэплъынур, зыхуэсхьынур сымыщIэу, щытыкIэ гъэщIэгъуэн гуэр сиуващ, «Уарэ, мыр ноби яшэным хуэдэу хъыджэбзышхуэ хъуащ» - жыхуэсIэу. А гупсысэм зэхэзещхъуэн сищIащ, «ар дауэ, хэт ишэу, сыт щIашэнур, ар мыхъун Iуэхущ». Си гум ар къызэрыкIам щхьэкIэ си щхьэр фIэзудыжу сыщытынут, «фыкъыщIыхьэ, цIыкIухэ», - жаIэу еджапIэм дыщIамышатэмэ.

- Маринэ хъуэжэ, кхъыIэ хъуну щытмэ, нобэкIэ абдеж щыдгъэух, фэри фи Iуэхур къывогъанэ, сэри иужькIэ си хъыбарым пысщэжыну фыкъызогъэгугъэ. Мыр хъыбар кIыхь сфIэхъуащ, сэ си гугъамрэ жысIэжымрэ куэдыщэ мэхъури, зы зэман хухэтхмэ, нэхъ къэсщтэнщ.

- Хъунщ, Алий, уэри уедгъэшащ, иужькIэ, Тхьэм жиIэмэ, дызэхуэзэнщ. Щхьэж ди унэ декIуэлIэжынщ. Хъыбар гъэщIэгъуэныщэщ.

Университетым сыкIуауэ си егъэджакIуэ Маринэ хъуэжэ аргуэру къызоупщI:

- Алий, уи хъыбар гъэщIэгъуэным сыт щыгъуэ пыпщэмэ нэхъ къапщтэрэ?

- Сыт щыгъуэ дыхуитми, сэ сыхьэзырыххэщ, - жысIащ.

- АтIэ, пщэдейрей дерсыр абы хухэтхынщи, уи хъыбарым подгъэщэжынщ.

- Хъунщ, дызэхуэзэжынщ, - жысIэри дызэбгъэдэкIыжащ.

ЕтIуанэ махуэм университетым дызыщеджэну пэшым сыщыщIыхьам, ди егъэджакIуэ Маринэ гуапэу сэлам къызихри къызжиIащ:

- Уи махуэ фIыуэ, Алий! Дэ псори дынодэIуэну дыхьэзырщ, уи хъыбар гъэщIэгъуэным пыпщэжыну, сыт хуэдизрэ упсэлъэнуми, ухуитщ, - щыжиIэм, сэ си тIысыпIэм сытIысыжащ. АрщхьэкIэ Маринэ хъуэжэ къызбгъэдыхьэри, сыкъигъэтэджащ.

- Нобэ уэ уздэщысынур мобдежщ, сэ уи тIысыпIэм сыкIуэнщ, - жиIэри езым и тIысыпIэр къысхуигъэлъэгъуащ.

Сэри сыкIуэри псоми сыкъалъагъуу, дэтхэнэ зыри слъагъуу сытIысащ.

... Еджэныр сухыу сыкъыщыщIэкIыжам, Симазэ къыспэплъэу жыг щIагъым и закъуэу щэтт. Сыкъызэрилъагъуу:

- Алий, сэ уэрат сызэжьэр, зэгъусэу дыкIуэжынщ, - щыжиIэм, Iэнкун сыхъуауэ икIи си гуапэ дыдэу:

- Си гуапэу дыкIуэжынщ, - жысIэри дыкъежьэжащ.

Сытми дытепсэлъыхьырт, апхуэдизрэ дызэрымылъэгъуауэ, зыр адрейм щэхуу дыхуеплъэкIыурэ хуэм дыдэу гъуэгум хыдогъэщI.

- Сыт, Алий, зыри жыпIэркъыми, - Симазэ сигъэпсэлъэну хуейщ.

- Уи теплъэ дахэмрэ хъыджэбз дахащэ узэрыхъуамрэ схузэпыщэркъым. - Сеплъурэ Симазэ дэпым хуэдэу плъыжьыбзэ хъуащ, езыри и теплъэр зэрыдахэм ириукIытэжурами, хэт ищIэнт, ерагъыу:

- Ари жыпIэнщ, Тхьэ, уэ, - нэхъ къыфIимыгъэкIыу зиущэхужащ.

Гъуэгуанэ кIыхьым уэршэрыныр едгъажьэри, хэт сыт хузэфIэкIами, дауэрэ псэуами, зым адрейм хуэтIуатэурэ ди гъуэгур хэдгъэщIырт. Дуней гуфIэгъуэ сиIэу сэри тхылъу къызитам сызэреджари къыхэзгъэщащ. Тхьылъ нэхъ сфIэгъэщIэгъуэнхэми дытепсэлъыхьащ. Сэ си къекIуэкIыкIар абы и деж щиухырт, седжащ, сызэшакъым, ауэ куэдрэ «Симазэ иджыпсту сыту пIэрэ ищIэр?» - жысIэурэ мазэщIэ къыщитIысхьэхэм сыногупсысырт.

ТЭНАЩ Хьэжымырзэ.
Поделиться: