Ныбжьышхуэ зиIэ «псэ быдэ»![]() 2012 гъэм шыщхьэуIум и 6-м Марсым щрагъэтIысэха Curiosity («Кьюриосити» - «УпщIэрей», «ЩIэныгъэм хущIэкъу») Iэмэпсымэм, 2025 гъэм мазаем и 21-м къызэрахутауэ, и лэжьыгъэм иджыри къыздэсым а уафэщIым щыпещэ, къыщигъуэтахэм ящыщ органикэ Iэрамэу зэхэухуэна тиофен пкъыгъуэхэри телъыджэщ. Ахэр, Берлин дэт ТехнологиемкIэ университетым щезыгъаджэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, а планетэм и гущIыIум лъэхъэнэ жыжьэ дыдэхэм гъащIэ гуэр щыщыIагъэнкIэ зэрыхъунум щыхьэт техъуэфынкIэри хэлъщ. Абы теухуа тхыгъэ зи гугъу тщIы щIэныгъэлIхэм къытрадзащ Astrobiology журналым. США-м и Вашингтон штатым хыхьэ Сиэтл къалэм дэт Къэрал щIэныгъэ-къэхутакIуэ университетым и астробиологхэми къызэрахутамкIэ, тиофен мэскъал цIыкIужьейхэр къыхыбогъуатэ дыщыпсэу ЩIы Хъурейм къыщыщIах фIамыщIми, зэмылэжьыжа щIы дагъэми, шхыныгъуэу къагъэсэбэп Iэгъэбэгу лъапIэу «трюфель хужь» жыхуаIэми. А щIэныгъэлIхэми ахэр хуагъэдащ Марсым и щхьэфэм къыщызыкIухь Curiosity Iэмэпсымэм зэрымыщIэкIэ къыщихутахэм. Мы зэманым еджагъэшхуэхэр яужь итщ планетэ «плъыжьым» и щIыIум тиофенхэр къызэрыщыунэхуа щIыкIэр зэхэгъэкIыным. Астробиологхэм зэрыжаIэмкIэ, Iэрамэу зэхэухуэна пкъыгъуэхэр Марсым къыщытехутэнымкIэ, япэрауэ, «сэбэп» хъуфыну щытар хьэршым илъэтыкI метеоритхэр а планетэм и щIыгум щытехуэкIэ къагъэхъункIэ хъуну щыта хуабагъэ ямылейрщ (Цельсий и пщалъэмкIэ градуси 120-м щхьэдэхыр). ЕтIуанэрауэ, нэхъыщхьэжыр аращи, илъэс мелардищ ипэкIэ (планетэ «плъыжьым» и щIы щхьэфэр, иджырейм хуэмыдэу, куэдкIэ нэхъ пщтыру икIи псыIэу къыщекIуэкIа лъэхъэнэхэм) мыбдежым «псэ яхэту» щыщыIа нэрымылъагъу цIыкIужьейхэм (микроорганизмхэм) неофенхэм хуэкIуэж сульфат зэхэухуэнахэр къагъэщIыфыну щытащ. А псом къыхэкIыуи, щIэныгъэлIхэм я мурадщ зи гугъу тщIы уафэщI жыжьэм траутIыпщхьа марсырыкIуэ IэмэпсымэхэмкIэ къыщагъуэтыну зыщыгугъ углеродымрэ серэмрэ я изотопхэр абдежым щызэхуахьэсу, а пкъыгъуитIым я зыхъуэжыкIэ-зэхэлъыкIэм пIалъэ гуэркIэ кIэлъыплъыну. Еджагъэшхуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар сэбэп хъуфынущ планетэ «плъыжьым» и щIыIум зэгуэрым щыIауэ зыхуагъэфащэ гъащIэм и зыхъуэжыкIэр зыхуэдар джынымкIэ. Curiosity («Кьюрио́сити» - «УпщIэрей») Iэмэпсымэм Марсым и зэхэлъыкIэр джынымыкIэ игъэзэщIа къалэныр къызэрымыкIуэу инщ, абы и лэжьыгъэм кIэлъыплъ щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ. УафэщI жыжьэм зэрыщыIа зэманым къриубыдэу, илъэгъуам триха сурэтрэ щIэныгъэм хуэщхьэпэн пкъыгъуэу щызэхуихьэсам ехьэлIауэ «УпщIэрейм» ЩIым къыхуиутIыпщам, псори зэхэту, гигабайт 310-м нэблагъэ я куэдагъщ (бжыгъэхэм я «бзэкIэ» жытIэмэ). Уахэм пхылъэтыкIыу а планетэм щынэсами, зи гугъу тщIы марсырыкIуэм хузэфIэкIащ (астрофизикхэм гу зэрылъатауэ) щепсыхын хуея щIыпIэм километр 20-м щIигъукIэ щхьэщыбэкъукIа пэтми, къыщыщI щымыIэу щетIысэхын. Ныбжьышхуэ зэриIэр къизымыдзэу, къалэн мытыншхэр а уафэщIым щызыгъэзащIэ Iэмэпсымэм хъыбар гъэщIэгъуэнхэр ЩIым къызэрыхуиутIыпщынум щIэныгъэлIхэр дяпэкIи пэплъэнущ.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





