Брат Хьэсин филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ, Урысейм и журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и журналистщ, КъШР-м къэхутэныгъэ-гуманитар институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэлI нэхъыжьщ. Къэрэшей-Шэрджэс къэрал пединститутым къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ щиджащ. Брат Хьэсин я республикэм телевиденэмрэ радиомкIэ и комитетым адыгэбзэмкIэ и къудамэм диктору, редактору, редактор нэхъыщхьэу щыIащ. Братыр кандидат щыхъунум итха диссертацэ лэжьыгъэм и фIэщыгъэр гъэщIэгъуэн фщыхъунущ, цIыкIухэ: «МафIэмрэ джатэмрэ я дамыгъэр адыгэ IуэрыIуатэм къызэрыхэщыр». IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным, анэдэлъхубзэр хъумэным, щэнхабзэр къегъэлыным, лъэпкъ тхыдэр джыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ елэжь.
Къалэнышхуэ дыдэ зэфIигъэкIащ къэбэрдеибзэм псэущхьэхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм, бзухэм я цIэхэр къызэрыщыкIуэм теухуауэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къыдэгъэкIынымкIэ. Абы зэхуихьэсащ икIи зэпкърихащ псэущхьэхэмрэ абыхэм ехьэлIа жыIэкIэхэмрэ къызэщIэзыубыдэ псалъэ минитхум нэблагъэ. «Адыгэхэм я къуалэбзу щIэныгъэр» тхылъыр абы теухуауэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм я зы Iыхьэщ. Дыхуейщ фэри ар зытетхыхьыжа къуалэбзухэм ящыщ зыбжанэ нэхъ нэIурыту фэдгъэцIыхуну. Фэри фигу ивубыдэ ди щIыпIэхэм узыщрихьэлIэ бзу лIэужьыгъуэхэм зэреджэхэр, абыхэм я хьэл-щэнхэр, я теплъэхэм щхьэхуэныгъэу иIэхэр.
И лъабжьэмкIэ къыдохь «Адыгэхэм я къуалэбзу щIэныгъэр» тхылъым къитхыжахэр!
Мэзджэд. Мы лIэужьыгъуэм папщIэ Брэм Альфред итхащ: «КъызэрыкIуэ, е кавказ мэзджэдыр и теплъэкIэ апхуэдизу зэхэпхъащи, тэмэму къыпхуетхэкIынукъым. Абы и щхьэмрэ и пщэмрэ удзыфэщ, и бгъэр, ныбэ джафэхэр, и джабэхэр щхъуэмчыфэ лыдщ, кIащхьэ къабзий кIыхьхэр гъуаплъэ-плъыжьыфэщ. Анэм и теплъэр зэфэзэщу щIыгуфэщ, IэпапIэ фIыцIэхэр хэлъу. Япэм мы мэзджэдыр щыпсэуащ Каспий тенджыз Iуфэмрэ КъухьэпIэ Азиемрэ, ауэ Европэм къашащ, иджы абы ущыпэщIохуэ Австрием, Венгрием, Урысейм и ипщэ лъэныкъуэм».
Мэзджэдыр Кавказым и псы ежэх Iуфэхэм, зэрыджей, пыжьей, къазмакъей, нэгъуэщI къуацэ Iувхэм, къамылылъэ щIыпIэхэм, мэз лъапэхэм, щыкуэдащ 1950 гъэм нэс. ИужькIэ, мэзыр ираупщIыкIыурэ, къамылыр ягъэкIуэдурэ, езыри мардэншэу къаущэкIуурэ и бжыгъэр мащIэ дыдэм хуэкIуащ. Зэран хуэмыхъуIамэ, псынщIэу мэбагъуэ: зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкIэ I8-м нос. И жьейхэр анэм «къурт-къурт» жиIэурэ къреджэ, унэ джэдым хуэдэу. Жэщыр жыг къудамэхэм щегъакIуэ. Цы щипхъыж пIалъэр зэпышащ – мэкъуауэгъуэм и кIэхэм къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэм пщIондэ.
Мэзджэдыр ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ, зэщакIуэ къуалэбзущ. Ар ди IуэрыIуатэми, къапщтэмэ, нарт хъыбархэм, къыщыгъэлъэгъуащ.
«Зи нэр тхьэджэдынэ, зи фэр зымыщIэж», «щхьэплъ кIыхь дыщафэу жыгым къеплъых». Мыхэр мэзджэдым теухуа къуажэхьщ.
Адэжынэ.
Мэзджэд лъэпкъым ящыщщ. Жыг щыпытIысхьэр зэзэмызэ дыдэщ. И щIыбыр щхъуэ-гъуабжафэщ, фIыцIафэ къыщIэуэу; пщэ гупэр гъуэжьыфэщ, хулъащхьэр щхъуэщ, ныбэгу щIагъым къандесым ещхьу гъуафэ къызытеуэ бжьыгъэ хэлъщ. Анэр нэхъ цIыкIущ. Щопсэу Европэм, Азие ЦIыкIум, Ираным, нэгъуэщI щIыпIэхэми. Инэхъыбэм лъэтэжкъым, мэIэпхъуэ. Ди къэралым и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэхэу уэсыр здэкуэдым щыIэхэр ипщэкIэ къолъатэри, щIымахуэр щрах Ипщэ Украинэм, Кавказыкум, Курыт Азием. Адэжынэхэм нэхъ бэгъуэгъуафIэ ди къуалэбзухэм яхэмытми (зэ гъуалъхьэгъуэр джэдыкIэ 24-м нос), я бжыгъэм кIуэ пэтми хощI, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къахэкIыу.
Адрей джэд теплъэхэм елъытауэ, адэжынэр нэхъ щымащIэщ Кавказыкум. Молэмусэ Хь. ЗэритхымкIэ, XX лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм ар и бжыгъэкIэ къызэрыкIуэу щытащ. ИджыкIэ нэхъ щыплъагъур мэкъумэшымрэ Iэщымрэ здэкIащхъэ къущхьэ лъапэхэрщ – мэкъупIэхэм, хьэсэпкъхэм, чыцалъэхэм, псыхъуэхэм. Я Iус нэхъыщхьэр: удз тхьэмпэ, жылэ, гъавэхэкI, хьэпщхупщ.
Дыщэджэд.
Мэзджэд лъэпкъщ. Джэд лIэужьыгъуэхэм я нэхъ дахэ дыдэу къалъытэ, щхъуэкIэплъыкIэ нэрынэхэр куэду зыхэс и адакъэкIэ кIыхьым папщIэ. И щхьэр, и пщэр, и бгъащхьэр къащхъуэщ, и тхыцIэр удзыфэщ, и пкъы щIагъыр фIыцIэщ. Анэр нэхъ цIыкIущ, теплъэри апхуэдэу щIэращIэкъым, кIагуэщ. ЩIылъэрыгъуалъхьэщ. Джэджьейхэм цы Iув ятету фампIэхэм къопщ. И Iусыр адрей джэд лIэужьыгъуэхэм яйм хуэдэщ. Куэду щопсэу Индиемрэ Шри-Ланкамрэ я мэзхэм. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Европэм къыщашар V лIэщIыгъуэращ, алъандэри пщIантIэгъэдахэ хьисэпкIэ къэрал куэдым унагъуэхэм щаIыгъщ. Дыщэджэдыр ди хэгъэгу мэзхэм щымыпсэуми, цIыкIуи ини фIыуэ ящIэу зэрыщытым и щыхьэтщ екIупсу хузэхалъхьа къуажэхьыр: «адакъэ пщIыпщI, анэ пщIэгъуалэ».
Къэрал куэдым мы къуалэбзур пагагъэм, дахагъэм, хахуагъэм я дамыгъэу къыщалъытэ. Урысейм ар зыгъэпIииным нэхъ щрапх.
Жьынду.
КIуркIунаум и лъэпкъэгъущ. ПIащэщ, и пкъыр сантиметр 62-72-рэ мэхъу, дамэ лъэныкъуэр – сантиметр 41-52-рэ хуэдизщ, килограмми 2,1-3,2-рэ мэхъу. Анэр нэхъ инщ, ауэ тIуми я теплъэр зэхуэдэщ: тхыцIэр гъуэжьыфэщ, кусэ-фIыцIафэ хэлъу, бгъэгу щIагъыр нэхъ хужьыфэщ. Я цыр Iувщ. Уащыхуозэ мэз дэгухэм, губгъуэ тафэхэм, къумхэм, къуэхэм, къуэладжэхэм, къущхьэ лъагэхэм. Щогъуалъхьэ щIыгум, къыр дурэшхэм, жыгыщхьэхэм. Шырхэр (тIу е щы) фIыуэ лъэтэф щыхъур я ныбжьыр мазищым щIигъумэщ.
КъаущэкIу дзыгъуэ, тхьэкIумэкIыхь, мэзджэд, тхьэрыкъуэ, мэзбжэн, чыцI. Щопсэу Европэм, Азием, Африкэм, КъуэкIыпIэ Жыжьэм я щIыпIэ къыхэхахэм. Кавказым щымащIэкъым, уащыпэщIохуэ, къалэхэм къащынэмыщIа, псэущхьэ здэщыIэ щIыпIэ псоми, Кавказ, Тебэрды мэзхэри хэту. Лъэтэжхэкъым, ауэ бжьыхьэмрэ щIымахуэмрэ мэIэпхъуэхэр. Жьындур ди IуэрыIуатэми, литературэми нэхъ IупщIу къахэщ къуалэбзухэм ящыщщ. «Жьындури гугъат тхьэрыкъуэ къришыну» псалъэжьыр зи мурадымрэ зэфIэкIымрэ зэщхьэщыкIхэм хужаIэ.
КIыгуугу
КIыгуугу лъэпкъым къызэщIеубыдэ зи инагъкIэ курыт къуалэбзухэр. ТеплъэкIэ нэм зыкъыщIадзэркъым, хъухэмрэ анэхэмрэ зэхэгъэкIыгъуейщ, лъэпхъуамбэ плIырыплIхэщ – тIурытIу зэпэщIэхауэ, я пэр мащIэу къэгъэшащ, жьабгъуэхэщ. КIыгуугу лъэпкъым яхэтщ зи шырхэр къизышыжхэри, хамэ абгъуэхэм джэдыкIэ щэхуу якIэщIэзылъхьи.
Къыу. Къаз теплъэ лъэпкъыгъуэм, бабыщ лъэпкъым щыщщ. Къуалэбзу пIащэщ. Килограмми 7- I2 и хьэлъагъщ, и зы дамэ лъэныкъуэр сантиметр 56-63-рэ мэхъу. Псым щескIэ и пщэр занщIэу иIыгъщ. Мэлъэтэж. ЩIымахуэр щегъакIуэ ЩIыкурытых, Каспий тенджызхэм я щIыналъэхэм, Ипщэ-КъухьэпIэ Азием. Щопсэу Евразием и ищхъэрэ лъэныкъуэм. Кавказым и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм, къапщтэмэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и псы ежэххэм, гуэл Iуфэхэм гъатхэ, бжьыхьэ лъэтэжыгъуэ зэманым щалъагъу. Теплъэр зэфэзэщу хужьщ, цы щабэ тетщ, лъакъуэ кIэщIщ, и кIэмкIэ ехьэкIащ. Дамэхэр инкъым, пкъым быдэу екъузылIащ, мыпIащIэурэ йос. ЗекIуэну фIэфIкъым. И макъыр жьгъру лъэщщ. ИкъукIэ сакъщ.
И абгъуэ абрагъуэр, метри 2,5 – 3-м нэс зи къэухьыр, щеухуэ къамыл Iув зыIут гуэлхэм, тенджыз Iуфэхэм. КIэцIыгъуэм анэм абгъуэц къызыхеч. И Iусыр псыудз лъабжьэрщ, псым хэс псэущхьэ жьгъейхэрщ.
«Дунеижьым щызэблэу къыухэм ди пхъэшыкъур къацIыху» - псалъэжьщ.