УзыхэIэбэм хыумыщIыкIмэ

Ди бзэр мэкIуэдыж жытIэурэ дытхьэусыхэ щхьэкIэ, ар зэзыгъэщIэну хуейхэм я бжыгъэри мащIэкъым.

КIуэ пэтми нэхъыбэ икIи нэхъ щIэщыгъуэ мэхъу адыгэбзэр хамэбзэ хуэдэу езыгъэджхэм къагъуэт IэмалыщIэхэр. Куэд дехьэх «Мыст» зыфIаща, псалъэ щхьэхуэм и мыхьэнэр адыгэбзэкIэ къызэрыбгурагъаIуэ джэгукIэм. Бзэм и къудамэхэр щхьэж и псалъэжь къэпсэлъыкIэмкIэ зохъуажэ. Уэрэд цIэрыIуэхэр адыгэбзэкIэ зэрадзэкI, адыгэ уэрэдхэм я мыхьэнэр хамэбзэхэм ирагъэзагъэ, теплъэгъуэ цIыкIухэр ягъэхьэзыр. Ауэ зы гулъэф хьэлъи иIэщ ди бзэм и зыужьыныгъэм. Ар я щхьэ Iуэхум зыкъыдагъахуэу апхуэдэ лэжьыгъэфIхэр езыгъэкIуэкIхэм я лъэр языныкъуэ «хэкупсэхэм» зэрыщIаудырщ. ГъэщIэгъуэнращи, апхуэдэ «адыгэбзэщIэкъухэм» зызрадзыр бзэм иримыпсалъэхэракъым, атIэ хузэфIэкI зыщIэхэмрэ бзэм и лэжьакIуэхэмрэщ. «Ар адыгэбзэкъым», «адыгэбзэм апхуэдэ хэткъым», «уэ узэрыпсалъэр тхыбзэракъым, абы и зы къудамэщ» - апхуэдэ «дагъуэ» гуп къыхуагъуэт гъэфIэн, гъэгушхуэн, зыдэIэпыкъун хуей бзэм и жыджэракIуэхэм. Иджыблагъэ ди гум къишхыдыкIащ а Iуэхум шэрыуэу и телеграм напэкIуэцIым щытепсэлъыхьа, Мэхъэчкъалэ дэт Авар лъэпкъ театрым и унафэщI Бисавалиев Мухьэмэд. Абы и тхыгъэм къыхэтха пычыгъуэхэм «аварыбзэм» и пIэкIэ «адыгэбзэ» ибгъэувэжмэ, дызэрызэщхьэщыкIышхуэ щыIэкъым. «Анэдэлъхубзэр абы и «хъумакIуэхэм» ящыфхъумэ», - аращ Мухьэмэд и тхыгъэм фIищар.

«Хамэбзэм ирипсалъэ зэпыт, анэдэлъхубзэр къызыфIэмыIуэхуххэ «космополит» хамэкIутIухэм нэхърэ, бзэм зэраныгъэ нэхъыбэ къыхуахь абы къыщхьэщыж хуэдэу зызыщI зыкъызыфIэщIыжахэм. Я бзэкIэ зэрыпсэлъэфыр адрей цIыхухэм зыщIыхаIэтыкIын, ахэр зэрыраудыхын, зыщIагъэкъын Iэмалу къагъэщхьэпэ апхуэдэхэм. Анэдэлъхубзэм ирилажьэ сэ абыхэм куэдрэ сагъэукIытэ, уеблэмэ апхуэдизкIэ сызэгуагъэпри, сеуэу инджылызыбзэм е хьэрыпыбзэм сытехьэн щыжызагъэIэ къысхуохуэ, абыхэм ядэзгуэш бзэ симыIэжын хуэдэу».

Щылажьэр лъэпкъыбзэ театру щытми, нэгъуэщIыбзэ фIэкIа зымыщIэ цIыхухэм защыхуигъазэ утыкухэм урысыбзэм темыхьэу зэрыщымыхъум топсэлъыхь Бисавалиевыр. Аварыбзэ зэрамыщIэм хуэдэу, спектаклым еплъыну къэкIуахэм, и лъэпкъ гъуазджэм пщIэ къыхуэзыщIхэм дауэ фIыщIэ зэрахуимыщIынур? Ар цIыху хабзэщ, зэхэтыкIэ екIум и нэщэнэщ.

«СпектаклыщIэ зэрыдгъэувам и хъыбарыр Авар театрым и напэкIуэцIым къралъхьэну хунэсатэкъым, абы «театрым и унафэщIыр сыт аварыбзэкIэ щIэмыпсалъэр» жызыIэ ущиякIуэхэм къыкIэщIэтхыхьын щыщIадзам, - етх адэкIэ дагъыстэн щIалэм. - КъывгурызогъаIуэ! Сытри зигу ежалIэ ахъырзэман гуп! Бзэр пхъумэн, абы зебгъэубгъун, ар ипэкIэ бгъэкIуэтэн папщIэ, абы нэуфIыцIщхьэрыуэу дэни ущрипсэлъэн хуейуэ аракъым, ар цIыхухэм къагурыIуэ-къагурымыIуэм уемылIалIэу. ЦIыху зэхэтыкIэ и лъэныкъуэкIэ, абы делафэ, хабзэншафэ къыщыптригъауэ щытыкIи уохуэ. Бзэр фхъумэну фыхуеймэ, анэдэлъхубзэм епха Iуэху дахэ гуэр къэфIэт, гушыIэрэ нэгузыужькIэ гъэнщIауэ 90 гъэхэм дэ къыдэдгъэкIыу щыта газетым ещхьу. ЦIыхухэр анэдэлъхубзэм девгъэхьэхыну фыхуеймэ, феуэ, уней газет тхьэмахуэ къэс къыдэвгъэкI, цIыху минипщIхэр къефшалIэу, дэ 20II - 20I9 гъэхэм къызэрыдэдгъэкIам хуэдэу. Лъэпкъ щэнхабзэм, тхыдэм, бзэм и зыужьыныгъэм фрисымаджэмэ, абы махуэ къэс фелэжь, улахуэ цIыкIунитIэ фIэкIа къамыхь пэтми, залым цIыху щIэзу къезышалIэ Авар театрым и лэжьакIуэхэм ещхьу. КIэщI зезгъэщIынщи, цIыхухэр дэзыхьэхын Iуэху къефхьэжьэ, тхылъ, газет, журнал къыдэвгъэкI анэдэлъхубзэкIэ. Пьесэ, прозэ, усэ фтхы, ролхэр вгъэзащIэ, нэтынхэр вгъэув. А къомыр зыхузэфIэкIхэм ябгъэдэлъ зэчийм и зы Iыхьэ вбгъэдэмылърэ пэт, фэ зы гъуанэ къэвмыгъанэу, акъылыншагъэ фIэщIэкIыу къыхуводжэ бзэр «хъумэным», утыкум фыкъызэрилъэдэн Iэмал закъуэу «аварыбзэ къабзэм фрипсалъэ, урысыбзэ къыхэвмыгъэхьэ, бзэр мэкIуэдыж» зэрыжыфIэм фIэкIа зыри къывжьэдэмыкIыу. Фи Iуэху бгъэдыхьэкIэ пхэнжым цIыхухэр Iуегъэщт, егъэшынэ. Лъэпкъ щэнхабзэм къыхэнэн гуэр къыщыфхуэмыгъэщIкIэ, нэгъуэщI мыхъуми, зыгуэр зыщIэфым зэран фыхуэмыхъу, бзэм иримыпсэлъэфу щытми, ар щэхуу зэзыгъащIэхэр фымыгъэгужьей».

«Си щхьэкIэ цIыху куэд дыдэ соцIыху, анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу икIи ящIэу, ауэ зэрыукIытэм къыхэкIыу, абы иримыпсалъэу, - къыдожьу Бисавалиевым и IэщIэдзхэм яз. - Бзэр адрейхэм нэхърэ нэхъыфIу зэращIэмкIэ зызыгъэкъхэм зэрыраудыхырщ ахэр зыгъэукIытэр. НэхъеижитIу сызэгуагъэп ар нэхъ гугъуж ящIу, къагупсыса псалъэ ныкъуэхъухэр ди бзэм хэзыукIэну хэтхэм. Ауэ «анэдэлъхубзэр дохъумэ» жызыIэхэм я ныкъуэкъуэкIэ щхьэкуцIыншагъэм, пэж дыдэу, цIыху куэд Iуегъэщт».

Шэч хэлъкъым бзэр къабзэу къэнэн зэрыхуейми, ар къызытехуэ бзэ щIэныгъэлIхэр, адыгэбзэжьым хуэлъэрызехьэ нэхъыжьхэр анэдэлъхубзэм хъумакIуэу зэрыщхьэщытыпхъэми. Зы лъэныкъуэкIэ, ди бзэм и щытыкIэр апхуэдизкIэ тIасхъэщи, уецырхъын уошынэ, а къыхуэна мащIэр IэщIэмыхун папщIэ. Ауэ бзэ псоми зэрызаужь хабзэр жьабзэм и ужь итущ. Грамматикэр абы къыкIэрыху хъумэ, бзэм и къаруми кIэрохури, ар зезыхьэр хамэбзэ нэхъ тыншым мэIэбэ. Бзэр езыр хъумакIуэу цIыхум къритащ. Ар «хъума» хъун папщIэ, ухуэныкъуэн хуейуэ аркъудейщ. ЗыгъэхъеипIэ, щыуапIэ, блэIэбыкIыпIэ, къэгъэзэжыпIэ зэдмытыжмэ, зыгуэр зыхузэфIэкIхэм я гур ибудкIэ, нэхъри дикIуэтыну фIэкIа, ипэкIэ дыбэкъуэфынукъым.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: