Гупсысэр къобэкIКIэрэф Мухьэмэд итхауэ дунейм къытехьар и бжыгъэкIэ куэд мыхъуми, абы и творчествэмкIэ ди литературэм лъэужь бгъуфIэ къыхинащ. Ар зэи нэгъуэщIхэм яхэгъуэщэнукъым. Псом хуэмыдэу къыхэгъэщыпхъэщ абы и «ЛIыжь хъыбархэр» повестыр. Абы теухуа и еплъыкIэр къигъэлъэгъуауэ щытащ критик Шэвлокъуэ Пётр. «КIэрэф Мухьэмэд и «ЛIыжь хъыбархэр» зэштегъэу хъыбаркъым, атIэ цIыху гъащIэм и лъапсэр «къызэзыгъэдзэкI», цIыхупсэ къабзэм и къалэмкIэ тха гущIыхьэ тхыгъэ купщIафIэщ. Апхуэдиз гурыщIэ къару, пэжагъ хэлъу цIыхупсэм и дахагъымрэ гузэвэгъуэмрэ, зэман пхъашэмрэ лъагъуныгъэмрэ «щызэрыIыгъыу», щызэхэухуэнауэ къэгъэлъэгъуа oбpaз куэд ди анэдэлъхубзэ литературэм хэту срихьэлIакъым. ТхакIуэм гукIэ, псэкIэ къелъагъуф нэгъуэщIым гу зылъимытэнур, абы къыхех гъащIэм и къару мыкIуэщIхэм я хэкIыпIэр, укъэзымыгъэпцIэжыну дерсхэр. Абы къиIуэтэж хъыбархэм «щхьэфэтегъэж», нэкъыфIэщI лъэпкъ хэткъым, ар сыт хуэдэ Iуэхуми, къэхъугъэми, цIыхуми теухуауи щрети. Псэ зыхэмытым псэ хелъхьэ, зэман блэкIахэр «къегъэпсалъэ». А псори хуощхьэпэ, «хуолажьэ» къиIуатэ хъыбарым кIуэцIылъ купщIэм. ТхакIуэ КIэрэфым и псалъэр лъэрызехьэщ, гупсысэкIэ узэдащ, мыхьэнэ зимыIэ хэткъым, гупсысэр къобэкI. Абы зи гугъу ищIым ухешэри «укъыхэмыкIыжыфу» ухэтщ, гъащIэм и гупсысэ куухэм, гурыгъухэм узэщIаIыгъэу. Псалъэуха къэс укъегъэувыIэри уегъэгупсысэ, узыщIегъэгупсысыж, гъащIэм телъыджэу къыщыхъухэм, ахэр къызыхэкIым, дунейм и къэхъукъащIэхэм хэлъ философие куум уи акъылри уи псэри зэщIаубыдауэ. КIэрэфым итх мащIэм IэфI куэдыкIей хэлъщ. А псори уи гум, уи псэм къыхузэщIэмыкъуэу зыхещIэ, апхуэдизу тхакIуэм къиIуэтэж хъыбархэр акъылкIэ, гупсысэкIэ, дахагъэкIэ гуимыхуж зыщI образ телъыджэхэмкIэ зэщIэгъэпсащи. Абы и щапхъэхэр дэнэ дежи щыпэрыхьэтщ, архъуанэ уэрым ухыхьа нэужь, и лъащIэм унэмысу зэрыкуум, зэрыкъэукъубеям хуэдэу, тхакIуэм и псалъэри, и гупсысэри, и образхэри куущ. А жытIар зэрыпэжыр тхыгъэшхуэм и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс наIуэу егъэбелджылы. Абы и щыхьэт къыщIэплъыхъуэн щыIэкъым, повестым дэнэ дежи ухэIэбэу къыхэпх хъуну щапхъэхэм ар нэрылъагъу, хьэкъ ящI. Мис аращ тхакIуэм бгъэдэлъ Iэзагъэм теухуа ди псалъэр «тхьэрыIуэ IэрыщI-фэрыщIу» къэмынэн щхьэкIэ «ЛIыжь хъыбархэм» щыщ пычыгъуэхэр хъушэу къэпхь щIэхъунур. КIэрэф Мухьэмэд и повестым хохьэ «Сэфар и щакIуэ хъыбархэри», нэгъуэщI хъыбар зыбжани. Ахэр псори зэпхащ, зыр зым къытопщIыкIыж. ТхакIуэм хьэлэмэту нэIуасэ ухуещI нэгъуэщI персонажхэми: мэлыхъуэ, шыхъуэ пщыIэхэм тес Iэщыхъуэ, шыхъуэ гуащIафIэхэр, адыгэ мэзщIэс гупым хэтхэр, тхакIуэм и гулъытэр нэхъ зэта Щытрам лIыжь щэджащэм и образ купщIафIэр, абыхэм я нэгу щIэкIауэ къаIуэтэж хъыбархэр, ахэр зытеухуа Iуэхугъуэ телъыджэхэр, псалъэм папщIэ, адыгэхэмрэ къэзакъхэмрэ зэрызэхущытам, къэзакъхэм къан ящIа Щытрам теухуа сюжет гъэщIэгъуэныр. ТхакIуэм и гулъытэр псом япэу зыхуэгъэзар адыгэ гъащIэм теухуа гупсысэ куум, мэзым щIэс псэущхьэхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм я дунейм, а дунеймрэ цIыху цIыкIумрэ зэрызэхущытым, цIыхум и акъылым, и гурыщIэм а псори зэрызыхищIэм и эстетическэ мыхьэнэр, абы къыхэхыпхъэ дерсхэращ. Псэкупсэ къулеягъыу лъэпкъым зэхуихьэсахэм я «ныбжь» зытелъ Iуэхугъуэхэр тхакIуэм шэрыуэу къыхеубыдыкI зытепсэлъыхь гъащIэм. УфIэкIынкIэ Iэмал зимыIэщ тхакIуэм и бзэр зэрытелъыджэм, анэдэлъхубзэм ар зэрыхуэIэкIуэлъакIуэм. Абы Iурылъ адыгэбзэр апхуэдизу къулейщ, шэрыуэщи, дунейм и сыт хуэдэ къэхъукъащIэри, цIыхум и гущIэ лъапсэм къитэджыкI гурыгъу-гурыщIэхэм я зы дэтхэнэ «налъэри», дуней Iуэхухэм eпxa философиер «къэзыгъэпсалъэ» гупсысэ куухэри, цIыхум и гущIэм нэсу, и псэм зыпхидзу образнэу, гуимыхужу къегъэлъагъуэ. ТхакIуэм и бзэм «IуэнтIа-шэнтIа», псалъэ «укъуея», IэрыщI-фэрыщI хэткъым. Абы и тхыбзэм и лъащIэр куущ. И къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэм хэт образхэр щиубзыхукIэ, тхакIуэм хуабжьу фIэфIщ кIэщIу, шэрыуэу гъэпса псалъэ лъэрызехьэхэр къигъэсэбэпын. Абы и щапхъэхэр гъунэжщ. КъимыдэкIэ, ди тхыбзэм хэмыкIуэдыкIыпхъэу, «лажьэ ямыIэу» ябгынэжауэ е ящыгъупшэжауэ, ди тхакIуэхэм я нэхъыбэм къамыгъэсэбэпыжу псалъэ купщIафIэ, жыIэгъуэ, адыгэбзэр зыгъэлъэщ, зыгъэшэрыуэ псалъэ гуащIафIэ куэд зэрыщыIэр КIэрэф Мухьэмэд и тхыгъэхэм щынэрылъагъущ». Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 17:23 →
УэрэдыфIхэр зи IэрыкI
18.03.2025 - 14:19 →
Я цейр екIуу ящыгъти…
18.03.2025 - 12:26 →
Лъэпкъым и напэщ, и набдзэщ
17.03.2025 - 12:27 →
Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъу
17.03.2025 - 12:10 →
Зыми емыщхь
|