КъБР-м и щIыналъэхэм
«Къалэ псэукIэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч щIыналъэм и жыг хадэ цIыкIурэ цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэу тIурэ зыхуей хуагъэзэщ нэгъабэ.
2024 гъэм интернеткIэ ирагъэкIуэкIа 3-нэ урысейпсо IэIэтым тэрчдэсхэм къыщыхахат къалэ библиотекэм къедза щIыпIэр зэIузэпэщ ирагъэщIыну. Абы щхьэкIэ цIыху 2700-м Iэ яIэтат. 2024 гъэм абыхэм я лъэIур ягъэзэщIащ икIи метр зэбгъузэнатIэ 1000-м щIигъу щIыпIэр зыхуей хуагъэзащ. Ар къалэкум хуозэ икIи абы пэгъунэгъуу щытщ пощтыр, къат куэду зэтет унэхэр, тыкуэнышхуэхэр.
ЗэIузэпэщ ящIа адрей щIыпIэхэр Курп Ищхъэрэмрэ (Къаншыуей) Урожайнэ къуажэмрэ щыIэщ.
Дызэрыт илъэсым апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ Новая Балкарие къуажэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэм, Тэрч къалэм Пушкиным и цIэр зезыхьэ и уэрамым. 4-нэ урысейпсо интернет IэIэтым къалэдэсхэм къыщагъэлъэгъуат «Школьнэ» фIэщыгъэр зезыхьэну а щIыпIэм деж жыгхэр щагъэтIысыну нэхъ къызэращтэр. ИхъуреягъкIэ къекIуэкIыу абы зэпищIэнущ курыт еджапIэм и утыкур, «Тэрч» сату щIыпIэр, уней лъапсэхэр, поликлиникэр, нэгъуэщIхэри.
Лэжьыгъэхэм хиубыдэу мыбдежым щызэрахъуэкIынущ лъэс лъагъуэхэм телъ плиткэхэмрэ абыхэм я къэухь мывэхэмрэ, ираупщIыкIынущ жыгыжьхэмрэ къуацэ-чыцэхэмрэ, ирагъэувэнущ тетIысхьэпIэхэмрэ пхъэнкIий идзапIэхэмрэ, апхуэдэуи иджырей уэздыгъэхэмкIэ ихъуреягъыр къызэщIагъэнэхунущ.
Лэжьыгъэхэм щыпэрыхьэнур къызэрыхах зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкIыу, ахэр пщэрылъ зыхуащIыну ухуэныгъэ IуэхущIапIэхэр наIуэ къэхъуа иужьщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2018 - 2023 гъэхэм къриубыдэу Тэрч щIыналъэм зэIузэпэщ щащIащ, зыхуей щыхуагъэзащ фэтэр куэду зэхэт и унэхэм я пщIантIэу 37-рэ, цIыху зэхуэсыпIэу 17-рэ: абы хыхьэу утыкуи 3, скверу 7, жыг хадэ цIыкIуу 5, сабийхэм я джэгупIэу 1, фэеплъу 1.
Дызыхыхьа илъэсым къриубыдэу Шэджэм къалэм и щIыпIэщIэ зыбжани зэIузэпэщ ящIынущ. Лэжьыгъэхэр мыбы щрагъэкIуэкIынущ «Къалэ псэукIэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Псалъэм къыдэкIуэу, Шэджэм къалэм и Лагернэ уэрамым щаухуэнущ сабийхэм я аттракцион зыхэтыну къалэ сквер. ИнтернеткIэ ирагъэкIуэкIа IэIэтым абы щхьэкIэ лъэIуащ къалэдэсхэр. Лэжьыгъэхэр щекIуэкIыну щIыпIэм теплъэ дахэ иратынущ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ. Псом хуэмыдэу, гулъытэ хэха хуащIынущ абыхэм щыхасэну къэкIыгъэ щхъуантIэхэм.
Къалэ цIыкIухэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ жылэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ нэгъабэ къэралым щрагъэкIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуа «Псым узыIэпешэ» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ лэжьыгъэшхуэ Шэджэм къалэм щрагъэкIуэкIынущ мы гъэм. Грант ахъшэу абы щхьэкIэ кърата сом мелуани 100-м щIигъур трагъэкIуэдэнущ цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэ ехьэжьар, метр зэбгъузэнатIэу мин 1,5-рэ зыубыдынур, иджырей мардэм къигъэтIэсэным. Абы хохьэ къалэ стадионым и гупэм къедза щIымрэ Шэджэм и псы Iуфэмрэ.
Мыбдежым щаухуэнущ зыгъэпсэхупIэхэр, лъэс лъагъуэхэр, спорт джэгупIэхэр, волейбол, баскетбол площадкэхэр, зыгъэпскIыпIэхэр, цIыхухэр дэзыхьэхыну нэгъуэщI джэгупIэ щIэщыгъуэхэри. Лэжьыгъэхэм пэрыхьэнущ дунейм и щытIыкIэм Iэмал къазэрыриту. Шэджэм щIыналъэм и щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ лажьэ программэм хохьэ а пэхуэщIэр икIи абы ипкъ иткIэ цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэу 14, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 23-рэ зэIузэпэщ щащIащ районым иужьрей илъэситхум къриубыдэу.
Апхуэдэуи «ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Май щIыналъэм и Александровскэ жылэмрэ Лэскэн щIыналъэм и Уэзрэдж къуажэмрэ зэпызыщIэ, километри 2-м нэблагъэ зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгур зэрагъэпэщыжынущ.
Александровскэ къуажэм пхрыкI гъуэгум къыбгъурытщ курыт еджапIэ, сабий сад, члисэ, нэгъуэщI ухуэныгъэхэри. Мыбдежым щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм хыхьэу гъуэгу щхьэфэжьыр тратхъунщIыкIынурэ асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу щIэуэ тралъхьэжынущ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэм я екIуэлIапIэхэр зыхуей хуагъэзэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, къыхагъэщхьэхукIынущ, уэздыгъэхэри ирикIуэу щыпадзэнущ. Лэжьыгъэхэм пэрыхьэнущ мы гъатхэм.
Къыхэгъэщыпхъэщ, Александровскэм дэкIыу Прохладнэ къалэмрэ Елъхъуэт жылэмрэ зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур 20I9 гъэм къызыхуэтыншэу зэрызэрагъэпэщыжар.
Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыпсэухэм ящыщу цIыху мини 2,5-м къыхалъхьащ Тырныауз къалэм и Iуащхьэмахуэ уэрамым бгъурыту кIуэ лъэс лъагъуэр, Герхожан-Суу псым телъ лъэмыжым щыщIэдзауэ къат куэду зэтет унэ №2-м нэсыху, зэIузэпэщ ящIыну. Абы щхьэкIэ ахэр хэтащ интернеткIэ ирагъэкIуэкIэ урысейпсо IэIэтым. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ «Къалэ псэукIэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи мы гъэм абыхэм яужь ихьэнущ.
Нэгъабэ апхуэдэ IэIэтым хэта цIыху минитIым нэблагъэм я жэрдэмкIэ зыхуей хуагъэзащ Пенсэ фондым и къудамэу Тырныауз къалэм дэтымрэ щIыпIэ администрацэмрэ я зэхуэкум дэкI лъэс лъагъуэр. Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыпсэухэр нэхъыбэу къыздэкIуэ, социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэр, курыт еджапIэр, ЩэнхабзэмкIэ унэр, нэгъуэщIхэри мыбдежым щызэхэтщ, абыхэм къадэкIуэу, къат куэду зэтет унэхэри щыгъунэжщ.
«Къалэ псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэр ягъэзэщIэн зэрыщIадзэрэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэу 13, утыкуу 2, паркыу 2, скверу 7, фэеплъ, лъэс лъагъуэ зыхуей хуагъэзащ.