IэщIагъэм IэпэIэсагъэ хелъагъуэ

Хьэпэ-Джэдгъэф 1эминэ фIыуэ илъагъу IэщIагъэм щыхуеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и къудамэм. Пщащэр дзэ дохутырщ. Узыншагъэ Iуэхум нэмыщI, дзэм еIэзэным хелъагъуэ гъуазджэм щыщ гуэр, ар гъэдэхэныр, захуэ щIыныр, егугъуныр творческэ Iыхьэу ебж. Мы пщащэм «и Iэпэм дыщэ къыпощ» жытIэмэ, дыщыуэнукъым. ХьэпIацIэщыгъэхэмрэ мывэ щыкъуей зэмыфэгъухэмрэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэр къыхэзыщIыкI, щыгъыныр хэзыдыкI IэпэIэсэщ, сурэтыщIщ, къэфакIуэщ, макъамэ Iэмэпсымэхэми дахьэх. 

 

«Дзэ дохутыру семыджэу хъунукъым», - жысIэри…

- Дзэ дохутыру седжащ. Школым сыщIэсу си дзэм езгъэплъыну сыкIуауэ щытащ дохутырым деж. СфIэхьэлэмэт хъуащ IэщIагъэр. Еянэ классым сыщIэст абы щыгъуи, «дзэ дохутыру семыджэу хъунукъым», - жысIэри си гум ислъхьащ. Курыт еджапIэр къэзухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым сыщIэтIысхьащ, абы интернатури ординатури къыщызухащ. 
Еджэнри лэжьэнри къызэгугъуэкIакъым зэи, псори сфIэгъэщIэгъуэнт. Дохутыру лэжьэн щIэздзэри, чэнджэщэгъу схуэхъуащ си ныбжьэгъу хъыджэбзым и анэр. Ар илъэс куэд хъуауэ дзэм еIэзэрт. Иджыри сыстуденту, сриджэрти, зэрылажьэм сригъэплъырт, сригъасэрт, куэдым гу лъызигъатэрт. Терапиерт къыхэсхар, сабийхэми балигъхэми я дзэм сеIэзэну къысхуихуащ. Уней клиникэ сыщылэжьащ илъэситху хуэдизкIэ. Унагъуэ сыхъури, лэжьыгъэр пIалъэкIэ къэзгъэнащ.
 Стоматологиер икIи IэпэIэсагъэщ, сызэреплъымкIэ. Дзэм и дохутыр куэд щыIэщ етIуанэ IэщIагъэу сурэт техын, сурэт щIын, макъамэ Iэмэпсымэ еуэным, нэгъуэщI IэщIагъэхэми хуэIэкIуэлъакIуэу. 

Адыгэ къафэр

- Си адэ-анэм КъБКъУ-м щрагъаджэрт - си анэм информатикэмкIэ, си адэм математикэмкIэ. Арати, университетым къегъэщIылIа сабий садщ сыздагъэкIуар, курыт школри абы епхат. Адыгэ къафэм щыхуагъасэ гуп сыхэтащ сабий садым щегъэжьауэ. Соттаев Къанщауэ ди гъэсакIуэу щытащ япэ дыдэу. Школым сыщIэтIысхьэри, абы щыпысщащ – Iэсей Светланэ дыкъигъафэрт, егъэлеяуэ къыдэгугъуу. Университетым сыщIэтIысхьэри, Атэбийхэ Игоррэ Фатимэрэ дыкъагъафэу «Кабардинкэм» и гуп нэхъыщIэм дыхэтащ. Ауэ къафэр лэжьыгъэ сщIакъым. Си IэщIагъэм срилэжьэну сыхуейт. 

СурэтыщI

- Школым егъэлеяуэ хэкъузауэ дыщыхуеджащ декоративно-прикладной гъуазджэм. Сурэт щIыным, хэдыкIыным, щэкIым елэжьыным дыхуагъэсащ. Къапщтэмэ, сабий садми школми абы теухуауэ гулъытэ щыдгъуэтащ. Чумаевэ Иринэщ школым абы дыщыхуезыгъэджар. «Фи лэжьыгъэхэр зэпеуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм езгъэхьынущ», жиIэрти дытригъэгушхуэрт. Сабийр тегушхуэххэнумэ, аракъэ зыхуейр! ИкIи иригъэхьырт. Нэхъ иужькIэ, гупжьей щхьэхуи зыщызгъэсащ. ДагъэкIэ сурэт щIыным зыхэдгъэгъуэзэным дынэсауэ, сэ еджапIэ нэхъыщхьэм сыщIэтIысхьати, абдеж щызэпызгъэуауэ щытащ. Ауэ нэхъ иужькIэ абыи щхьэхуэу къытезгъэзэжащ – дагъэкIэ сурэт щIыным и щэхухэр къэсщIащ. 
ЩIыуэпсым и теплъэр, натюрмотрхэр сщIэну сфIэфIщ. ЩIыуэпсыр фIыуэ плъагъурэ абы и плIанэпэ гуэрхэм я теплъэ уэ езым къыщыбгъэщIым деж уи гум дахагъэ из мэхъу. А щытыкIэм къуит гукъыдэжым уегъэнщI, аргуэруи краскэр къапщтэу телъыджэ гуэрхэм уалъэIэсыну ухуей мэхъу! Къапщтэмэ, псом нэхъ сфIэфIщ тенджызым и теплъэр сурэту сщIыну. СурэтыщI цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэхэми тенджыз къызыхэщхэр нэхъ къызохуэбылIэ.

А псом нэмыщI, фортепианэ…

- Сэ фортепиани соуэ. ЕплIанэ курсым сыщIэсу, Налшык гъуазджэмкIэ школым сыщIэтIысхьащ, фортепианэ сеуэфу зезгъэсэну сехъуапсэрти. Ди анэм дыщыцIыкIум къытхуищэхуауэ щытат фортепианэ, ауэ сыхуеджатэкъыми, зэман дэкIауэ абыи сылъэIэсыжащ. Куэдым сыдехьэх, ауэ зым зеспщытрэ сIэпыхужу нэгъуэщI гуэр щIэщыгъуэ сщIыркъым, атIэ си Iэм ищIэ псоми псэ хызолъхьэ. Псэ зыхэплъхьэм, Iэмал имыIэу гукъыдэж къует. 

ХьэпIацIэщыгъэр IэпэIэсэным къыщосэбэп

- Унагъуэ сыщихьэкIэ адыгэ фащэ сщыгъыну сехъуапсэрт. ХьэпIацIэщыгъэкIэ хэздыкIыну зыщеспщытари а фащэр щыдгъэхьэзырым щыгъуэщ. НысащIэ фащэм дыщIыгъуну пыIэр МафIэдз - Хьэщхъуэжь Динэ схуидащ егъэлеяуэ дахэу. Сэри сигу къихьащ ар хьэпIацIэщыгъэхэмкIэ хэздыкIыну – си Iэм къыIэпыкIа гуэр хэлъыну сыхуейт фащэм. Фащэм хэт тхыпхъэхэм ещхьу пыIэр хэздыкIри, чысэ цIыкIуи хуэздыжащ. НэхъапэкIэ апхуэдэ зэи сщIатэкъым. Пэжщ, сыдэфу си анэшхуэм сригъэсат. Нанэ сытми хуэIэкIуэлъакIуэт – дэным, хэдыкIыным, зэрыхъэным, пшынэ еуэным. Арауэ къыщIэкIынущ IэкIэ дахэ гуэр сщIыну, зыгуэрым сепэщэщыну щIысфIэфIыр - си Iэр есащ. 
Адыгэ фащэм нэмыщI, зы бостей хэздыкIащ мывэ щыкъуей дахэхэмкIэ. Ауэрэ, бгъэхэIур модэм къихьащ. БгъэхэIу лIэужьыгъуэ дахэхэр МафIэдз Динэ ищIырти, абы куэд схуищIащ сызыхуей щIыкIэхэр гурызгъаIуэурэ. БгъэхэIум и закъуэкъым, езым ищIа тхьэгъу гъэщIэгъуэнхэри тыгъэ къысхуищIащ. Апхуэдэуи, джинс курткэм схутрищIыхьащ си нысашэ фащэр сщыгъыу страха сурэтыр. Ауэрэ, сэри сеплъынщ бгъэхэIу схуэщIмэ, жысIэри сигу къэкIащ. Япэу бгъэхэIуу сщIащ «А» хьэрф. Аргуэру зыбжанэ сщIащ, ахэр ди благъэ, си ныбжьэгъухэм къалъагъури, ягу ирихьащ, езыхэми яхуэсщIыну къызэлъэIу хъуащ. 

Адыгэ бзылъхугъэ фащэр – бгъэхэIуу…

- Ди хабзэхэм сыдахьэх, ди фащэр егъэлеяуэ сигу къыдохьэ, адыгэ къафэращи, си гъащIэм щыщщ. АтIэ абыхэм щхьэ езмыпхрэ мы сигу ирихьу сщIы хьэпшыпхэр, жысIэри, яужь сихьащ фащэ бгъэхэIухэр сщIыным. Ар пщIыныр, цIыкIуагъ-инагъкIэ зэхуэбгъэкIуэныр тынштэкъым, ауэ сыпэлъэщащ. Сигу ирихь фащэ зыбжанэм тещIыкIауэ иджыри сщIащ бгъэхэIухэр. ХьэцIыкIу Мадинэ и фащэхэм ящыщ зым, «Герой нашего времени» фильмым хэта Бэллэ щыгъа фащэм ятесщIыкIащ. Си ныбжьэгъу зэшыпхъухэм, Линэрэ Динэрэ, си лэжьыгъэхэр езгъэлъэгъуати, Линэ фащэ бгъэхэIухэм сурэт трихри, интернетым кърилъхьащ. Абдежым ахэр псынщIэу щызэбгрыкIащ, цIыхухэм къалъагъуурэ яхуэсщIыну къысхуаIуэху хъуащ. 
 Си анэшхуэр пасэрей адыгэ фащэм щытепсэлъыхьым деж жиIэрт ахэр фафIэу яду зэрыщытар, сэ сщIэрэ, плъыжьу, удзыфэу, балиифэу… Хужьыфэхэр щIагъуэу ядыртэкъым. Фащэ - бгъэхэIухэр щысщIым деж апхуэдэ плъыфэхэр – плъыфафIэхэр - къыхызох сэри.
 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: