Зи чэзу къыдэкIыгъуэм фыкъыщеджэ

«Iуащхьэмахуэ» литературэ-художественнэ, жылагъуэ-политикэ журналым 2025 гъэм и япэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Журналыр фIы дыдэ хъуауэ жиIэу къэпсэлъа, ди  гур хэзыгъэхъуа щIэныгъэлIым хуэтщI фIыщIэ псалъэкIэ къыщIэд­дзэмэ, ди гуапэщ. Уи лэжьыгъэр ­къа­лъытэн нэхърэ нэхъыфI сыт щыIэ?! 

Журналым и жьантIэр лъысащ       ед­жа­­гъэшхуэ Шагъыр Iэмин, ар къы­зэ­ралъхурэ илъэс 95-рэ ирикъуащ. Абы ­теухуа «Ди бзэм и кууупIэр къэзытIэ­щIыфа» тхыгъэр и IэдакъэщIэкIщ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БищIо Борис. Гъэхуауэ, гугъэзагъэу зэпкърыхащ Шагъырым и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ. 
УсакIуэ Къагъырмэс Борис къызэ­ралъхурэ илъэс 90 щрикъум хуэдгъэ­хьэзыра тхыгъэхэщ журналым и къы­кIэлъыкIуэ напэкIуэцIхэр зыхухэтхар. Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ­Алъхъэс Светланэрэ («Лъэхъэнэм и ­макъ»), КъБР-м щIыхь зиIэ и журна-лист Мыз Ахьмэдрэ («Пэжыр и гъуазэу») я IэдакъэщIэкIщ ахэр. КъыкIэлъокIуэ Къагъырмэс Борис хужаIахэм щыщ пычыгъуэхэр, абы и къалэмыпэм къы­щIэкIа усэ купщIафIэхэм къыхэтхахэр. 
И гъуэгу кIыхь хъуну дехъуэхъуащ   зи ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 50 ири­къуа усакIуэ щIалэ ПщыукI Латмир. ­Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Хьэвжокъуэ Людмилэщ абы нэгъэсауэ, и IэдакъэщIэкIхэм я купщIэр ­къитIэщIу тетхыхьар. Бзылъхугъэм и псалъэхэм щыхьэт техъуэми ярейуэ, а тхыгъэм къыкIэлъокIуэ Латмир и усэ-хэр. 
Прозэ рубрикэр къызэIуех Фырэ-­Къаныкъуэ Анфисэ и «Япэрейхэр. Гуа­щэм и пшыналъэ» романым. Абы къыкIэлъокIуэ культурологием и кан­дидат ЩауэцIыкIу Людмилэ и «Нанэ», Щоджэн Риммэ и «Насыпыр зыIэщIэбгъэкIмэ», «Темыуж уэлбанэ», Пщыбий СулътIан и «Дезертир» Iуэтэжхэр. 
Усыгъэм и лъахэм дыхешэ Куэцэ ­Хьэ­сэн. Абы и гъащIэми и гуащIэми «Балъкъ аузым и зы усакIуэ» тхыгъэмкIэ и гугъу зыщIар Хьэвжокъуэ Людмилэщ. 
Мы къыдэкIыгъуэм аргуэру зэ дыщ­рохьэлIэ Фырэ Анфисэ и цIэм. Иджы ар епсэлъащ, тетхыхьащ усакIуэ Бэлагъы Любэ. «Упсэуным лIыгъэ хэлъщ» - аращ а тхыгъэм журналистым фIищар. «Публицистикэ» рубрикэм щIэтщ хэхэс адыгэхэм ящыщ Мэрем ­Гуокъан теу­хуауэ Гугъуэт Заремэ игъэ­хьэзыра, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ ­доктор Уэз Фа­тIимэ и «Лъэпкъ жьэгур зымыгъэу­жьых» (зытеухуар Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и тхылъ хъу­мапIэм и унафэщI Шэпар Iэишэтщ) ­тхыгъэхэр. 
ДыщэкI Залымхъан къызэралъхурэ илъэси 115-рэ щрикъум ирихьэлIэу тхыгъэ зыгъэхьэзырар уэрэдус, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЗэрамыщIэ Заретэщ («ЦIыхубэм я уэрэдус»).
Усэным дихьэх Мэхъуэщ Маринэ и IэдакъэщIэкIхэр журналым еджэхэм щIэ­щыгъуэ зэращыхъунум шэч къытет­хьэркъым. Ахэр адыгэбзэ дахэкIэ, гупсысэ куу щIэлъу, гъэпса хъуащ.
БищIо Борис зэхуихьэсыжа «Адыгэ псэлъафэхэр» тыдодзэ журналым и къыдэкIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ. Зэ­кIэ­щIэпч мыхъу псалъэхэм бзэм мы­хьэ­нэшхуэ зэрыщагъэзащIэр, ар дахэ, къулей, щIэщыгъуэ зэращIыр, гупсысэм ­художественнэ къару хэзылъхьэ жы­IэкIэу ар зэрыщытыр къэплъытэмэ, ди щIэджыкIакIуэхэр зыхуеинущ.  
КъыкIэлъокIуэ журналыр зэхуэ­зы­щIыж псалъэжьу зэхэлъ псалъэзэблэ­дзыр. Ар зэхилъхьащ журналым прозэ тхыгъэхэр зыгъэхьэзыр и къудамэм и редактор Мыкъуэжь Людмилэ.    

ИСТЭПАН Залинэ, 
«Iуащхьэмахуэ» журналым
 жэуап зыхь и секретарь. 

Поделиться:

Читать также: