Алмэ Алий ТIалиб и къуэр, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм щыщ мэкъумэшыщIэ унагъуэм 1935 гъэм гъатхэпэм и 7-м къыщалъхуащ.
Я адэр дунейм ехыжа иужь, Алмэхэ я унагъуэр республи-кэм и къалащхьэм къоIэпхъуэ. 1950 гъэм курыт еджапIэр къэзуха Алий лэжьэн щыщIедзэ «Къэббалъкъпромстрой» трестым хыхьэ ухуакIуэ гупым. А лъэхъэнэм абы и унафэщIт щIалэгъуалэм я гъэсакIуэ щыпкъэ, унэхэм я лъабжьэр зэтелъхьэнымкIэ IэщIагъэлI телъыджэ Волков Григорий.
Зыхыхьа гупым Iэпыдзлъэпыдз лэжьыгъэхэр игъэзащIэу мазитI хуэдизкIэ яхэта Алий чырбышрэ мывэрэ зэтелъхьэнымкIэ Iэзагъэ ин зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI пашэм и унафэ щIагъэувэ икIи, зэман кIэщIым къриубыдэу, а IэнатIэм и щэхухэм щыгъуазэ зыхуещI, абы и щыхьэтуи 4-нэ разрядыр къыхуагъэфащэ.
Куэд дэмыкIыуи, Алмэ Алий Къэбэрдей-Балъкъэр совнархозым псэуалъапхъэхэм и управленэм и етхуанэ бригадэм и унафэщIу ягъэув. ИужькIэ Алмэр и пашэ мэхъу зыхэт комсомол-щIалэгъуалэ гупым.
1955 - 1957 гъэхэм Совет Армэм къулыкъу щрехьэкI. Къыщыхъуа и щIыналъэм къигъэзэжа иужь, ар ипэкIэ щылэжьа IуэхущIапIэм мэувыж. А зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым ухуэныгъэшхуэхэр ще-кIуэкIырт промышленностым, псэуныгъэм, щэнхабзэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ.
Зи унафэщIу ягъэува бригадэм Алий, япэщIыкIэ, къыхешэ зыпэрыт лэжьыгъэм ехьэлIауэ IэщIагъэ зыбгъэдэмылъ щIалэ 18. Къыхэгъэщыпхъэщ абыхэм ящыщ дэтхэнэми, зэман кIэщIым къриубыдэу, ухуэныгъэм пыщIа IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрызрагъэгъуэтар: хэти мывэ зэтелъхьэным хуэIэзэ, мыдрейхэри пхъащIэ е монтажник мэхъу.
Алмэ Алий къыдэлажьэхэм я зэхуэсым унафэ къыщащтэ гъущI гъуэгум и лэжьакIуэхэу Москва къалэ щыIэхэм къыхалъхьа жэрдэмыщIэр, «Коммунистхэм зэрахабзэу лэжьэн» жыхуиIэмрэ «Коммунист лэжьыгъэм и бригадэ» цIэ лъапIэр зыфIегъэщыным хуэунэтIамрэ ехьэлIауэ къэралым къыщрахьэжьа зэхьэзэхуэр, ядэIыгъын зэрыхуейм теухуауэ.
Абдежым къыщыщIэдзауэ Алмэм и гупым щызэхаублэ щхьэж и пщэ дилъхьэжа къалэнхэр, фIагъ лъагэ яIэу, зэрагъэзэщIэным ехьэлIа зэпеуэ гуащIэхэр. Зи пашэхэм папщIэ Алий къызэрегъэпэщ, мастерыр е прорабыр къабгъэдэмытми, зи яужь ихьа ухуэныгъэм и зэфIэгъэувэкIэр зыхуэдэнур къэзыгъэлъагъуэ чертёжхэм ярытыр къраджыкIыфу зыщыхурагъасэ дерсхэр. Пщэдджыжь къэс ирагъэкIуэкI зэхыхьэ кIэщIхэм щытепсэлъыхьу щIадзэ махуэм къапэщылъхэр гъэзэщIа зэрыхъунум ехьэлIауэ щыIэ хэкIыпIэхэр зыхуэдэм. Пщыхьэщхьэм зэхуэсыжырти, яхузэфIэкIахэм я гугъу ящIырт, кърикIуахэр блынхэм еIулIа пхъэбгъухэм къыщагъэлъэгъуэжырт. Я лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ухуэныгъэм ехьэлIа адрей IэщIагъэхэми, зэман къащыхудэхуэхэм деж, зыхуагъасэрт.
1959 гъэм и кIэхэм хуэзэу, бригадэм хэтхэм щхьэж илэжьын хуейр проценти 160-м нигъэсащ, 1960 гъэм накъыгъэм и 1-м ирихьэлIэу ар проценти 188-м нигъэблэгъащ. КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым 1960 гъэм гъатхэпэм иригъэкIуэкIа зэхыхьэм Алмэ Алий зи пашэ гупым я лэжьэкIэр гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэу, щIыналъэм щыIэ адрей ухуакIуэ IэнатIэ псоми щапхъэу яхуэгъэлъэгъуапхъэу къыщалъытащ.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэми Алмэм и бригадэм хэтхэм, щхьэкъэIэт ямыIэу, Налшык къалэ щекIуэкI ухуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къащылъыса лэжьыгъэхэр щагъэзэщIащ, псэупIэ унэхэм зыкъыщрагъэIэтащ, школхэр, сымаджэщхэр, сабий садхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр щызэфIагъэуващ.
1974 гъэм къыщыщIэдзауэ 1977 гъэм нэсу пенсэм тIысыжыху, Алмэ Алий «Къэббалъкъпромстрой» трестым хыхьэ ухуакIуэ управленэ №5-м и диспетчеру щытащ.
Алмэ Алий ТIалиб и къуэм «Коммунист лэжьэкIэм и ударник» цIэ лъапIэр къэхьыным хуэгъэзауэ къызэригъэпэща зэпеуэхэм папщIэ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1960 гъэм накъыгъэм и 28-м къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ, абы къыхэкIыуи Лениным и цIэр зезыхьэ орденымрэ «Гъубжэрэ Уадэрэ» зи фIэщыгъэ дыщэ медалымрэ къратащ. И гуащIэдэкIым къыпэкIуэу, абы къыхуагъэфэща тыгъэ лъапIэхэм ящыщщ 1963 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м кърата медалри.
Алмэ Алий 1999 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м дунейм ехы-жащ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.