Iэхъуэбэчхэ я щIалэхэр«Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм зэгуэр къыщIыхьат Къулъкъужын Ипщэ (Абзуанхьэблэ) къуажэм щыщ, мы зэманым Бахъсэн къалэ дэс нэхъыжьыфI, лэжьыгъэм и вете-ран Iэхъуэбэч Хьэшим. Езым и лIакъуэм щыщ щIалэхэу Хэку зауэшхуэм хэтахэм ятеухуа и тхыгъэщ адэкIэ къыщытхьынур.
Нэмыцэ фашистхэм къыдащIылIауэ щыта зауэ гущIэгъуншэм имыгъэгуIа зы унагъуи ди щIыналъэм ису къыщIэкIынкъым. Гуауэщ Хэку зауэшхуэм хэтахэм ящыщу ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр илъэс 80 зэрырикъур зыгъэлъэпIэ-фын зы цIыхуи Къулъкъужын Ипщэ къызэрыдэмынэжар. Зи Хэкур зыхъумэжыну тэджахэм ящыщу къуажэм щIалэ 465-рэ дэкIати, къэзыгъэзэжар 287-рэщ. Ахэри а зауэ гуащIэм щагъуэта фэбжьым ихьыжащ.
Iэхъуэбэчхэ я лъэпкъым щыщу зауэм и курыкупсэм хэтащ Хьэмид, Хьэмад, Къэрней, Зубер, Алджэрий, Нухь, Билал, Хьэмзэт, Хьэзрэталий, Назир, Хъызыр, Амдулкъадир, Амдулчэрим, Амдулгъэфар, Зэчий, Исмел, Нажмудин, Жантемыр, Аднан сымэ.
Iэхъуэбэчхэ я лIакъуэм къахэкIауэ, бий ерум шыщхьэмыгъазэу пэщIэтахэм ящыщу я лъапсэ къихьэжар 8 къудейщ, 11-м я псэр Хэкум щхьэузыхь хуащIащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэзыгъэзэжахэм ящыщу зыри псэужкъым. Зэшхэу Нухьрэ Билалрэ, Нажмудинрэ Жантемыррэ, Хьэмидрэ Хьэмзэтрэ, Алджэрийрэ Зуберрэ хахуэу зэрызэуам щыхьэт техъуэ тхылъхэр, дамыгъэ лъапIэхэр Iэхъуэбэчхэ иригушхуэу ноби зэрахьэ, къащIэхъуэ я щIэблэр щагъэгъуазэу.Алджэрий щхьэмыгъазэт, къэмылэнджэжт, шынэ жыхуаIэр ищIэртэкъым, «пелуанщ» хужаIэу зауэм дэкIат.
Брест быдапIэр фашистхэм Iэрамыгъэхьэу, махуэ тIощIрэ хыкIэ бий бзаджэм пэщIэтахэм яхэтащ Алджэрий, икIи а щIыпIэм и псэр щитащ.
«ДыхокIуадэ, ауэ зытткъым!» - жиIэу тетхат быдапIэм и блыным. Къалэр бийм ирамытын папщIэ зи псэр хэзылъхьа дзэлIхэм я цIэ-унэцIэхэр мыжурэпэкIэ зытратха блыным а щIалэ хъыжьэм и цIэ-унэцIэри хэтщ.
Алджэрий комсомолми хыхьат. Ар езыгъэ-жьа и Iыхьлыхэм жаIэж мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ закъыхуигъэзауэ щытауэ: «Комсомол щIалэхэр псэемыблэжу зауэм дыхэтыну докIуэ!». Iэхъуэбэчхэ Мыхьэмэтрэ ГуащэIэфIрэ бынибл зэда- гъуэтат. Абыхэм ящыщу Алджэрийрэ Зуберрэ хахуагъэ нэс щагъэлъагъуэу, Хэкур ягъэпэжу, зэуапIэм я псэр щатащ.
Зауэ гущIэгъуншэм хэкIуэдахэмрэ абы зи сабиигъуэр хиубыдахэмрэ тщыгъупщэ хъунукъым.
«ЩремыIэ зауэ, иремыгуIэ зы адэ-ани!» - жыбоIэ зи гугъу тщIахэм я натIэ хъуа гугъуехьымрэ хьэзабымрэ ущегупсыскIэ.
Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪАНКЪУЛ Раисэщ.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 13:30 →
Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 13:10 →
Дахэ нэщэнэхэр къызытещхэр
11.11.2025 - 13:00 →
ЩIыуэпсым епха гъэщIэгъуэнхэр
11.11.2025 - 12:30 →
Кувейтым мэлъатэ
11.11.2025 - 12:01 →
Бахъсэн къалэр ягъэдахэ
| ||



