Испы унэхэр: щIэныгъитIым я зэпылъыпIэм

Гупсысэ къэгъэщIыгъэхэм щIэгъэхуэбжьауэ зэрызаужьым и щыхьэт наIуэщ иужьрей илъэсхэм технологиемрэ бжыгъэрылъанэ Iэмалхэмрэ шэщIауэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къызэрыщыхалъхьэр, абыхэм я фIыгъэкIэ къэхутэныгъэщIэхэр ирагъэкIуэкI зэрыхъур. Гу лъыботэ апхуэдэ Iэмалхэр халъхьэкIэрэ щIэныгъэхэм я зэпылъыпIэхэм щIэщыгъуэхэр къызэрыщIагъэщым, иджыри къыздэсым щхьэхуэ-щхьэхуэу къахута хъуахэм ящIыIужкIэ зыщымыгъуэза куэд къызэрызэIуахым. Апхуэдэу археологиемрэ бжыгъэрылъанэ Iэмалхэмрэ зэрахьэлIэкIэрэ иужьрей илъэсхэм лъэпкъхэм я тхыдэм теухуа гъэщIэгъуэн куэд утыку къралъхьэфащ.
Лъэпкъ щIэныгъэм мыбзаджэу къыщыхута хъуат испы унэкIэ зэджэ ухуэныгъэхэр, щызэхэгъэкIа хъуат абыхэм я гъэпсыкIэмрэ адыгэщIым игуэшауэ зэрит щIыкIэмрэ. Адыгэхэр зэрылъэпкъыу къапщтэмэ, испы унэхэр зэрыщыIэм щыгъуазэми, ахэр зи нэкIэ зылъэгъуауэ щыIэр къызэрымыкIуэу мащIэщ. Ар къызыхэкIыр, япэрауэ, испы унэхэр, фIыуэ пхыдзауэ бгылъэ щIыпIэхэм зэрыщикъухьарщ, здэщыIэ щIыпIэхэм уихьами, ялъэIэсыгъуейуэ зэрыщытарщ. Абы ущыфIэкIыжым, испы унэхэм я нэхъыбэр цIыху куэд щыземыкIуэ мэзгъафIэхэм хэтщ. ЗакъуэтIакъуэххэщ абыхэм ящыщу жылэхэм дэтыр, нэхъыбэри къагъэIэпхъуэурэ щIэрыщIэу зэтралъхьэжащи, я щIыдэлъху дунейм хэмытмэ, я лъапIэныгъэр пхузыхэщIэркъым. Шапсыгъ адыгэ къуажэхэм къыдэнэжа испы унэхэмкIэщ адыгэхэм я нэхъыбэм абыхэм я хъыбарыр зэращIэр.
«Нартхэр» лIыхъужь эпосым къыхэщыж испыхэр, цIыкIужьей лъэпкъыр, нартхэмрэ иныжьхэмрэ я гъусэу Нартей лъахэм щыпсэуа лъэпкъыжьхэм языхэзущ адыгэ зэхэщIыкIым зэрыхэтыр. Иджы а щIэжым къыхэна лъэпкъым и псэуалъэу къалъытэ ухуэныгъэхэр бжыгъэрылъанэ Iэмалхэм я фIыгъэкIэ тлъагъуну, я зэхэтыкIэ-ухуэкIэкIи, я гъэпсыкIэкIи, зэрыщытакIи, зыхэтакIи нахуэу тлъагъуну Iэмал къыдет Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хэт «Эрмитаж – Кавказ» щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым. IуэхущIапIэм щагъэлъагъуэ бжыгъэрылъанэ испы унэм хуэдэу иджыри къыздэсым Урысейм зыщIыпIи щагъэлъэгъуакъым, ещхьи щыIэкъым. А зы Iуэхугъуэм фIэкIа хэмытми, гъэлъэгъуэныгъэр щIэщыгъуэ дыдэ мэхъу.
КъБКъУ-м и тхыдэтххэмрэ археологхэмрэ я гуащIэр зэхэту къагъэщIа теплъэгъуэм и пкъыгъуэхэр 3D-скан лIэужьыгъуэмкIэ зэрагъэпэщри къыщIагъэкIащ. Ар хы ФIыцIэм и Iуфэм екIуэкI къуршылъэхэм хэпхъауэ хэт испы унэхэм я инагъым зыкIи къыщхьэщымыкIыу ещхьыркъабзэщ.
Илъэс минхэр къызэпачу нобэм къэса испы псэуалъэхэм, жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей илъэс тIощIырыпщIым хэщIыныгъэ ягъуэту хуежьащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, 1917 гъэм ирихьэлIэу Хъулъэжьей (Геленджик) къалэм и Iэгъуэблагъэм испы унэхэм хуэдэу 40 итамэ, 2012 гъэм ирихьэлIэу абыхэм ящыщу къэнэжар тIу къудейщ. Ахэр щIэкIуэдыжым щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Илъэсищэхэм зэхагъэщэщэжу щIым хэкIуэдэжахэри яхэтщ, зэпкърыхуу яIа теплъэр зыфIэкIуэдахэри къахокI, я щIыIум къикIа къэкIыгъэхэмрэ лъахъцыжьхэмрэ къыпхухэмыхыжыну щIауфахэри мащIэкъым, ауэ, нэхъыщхьэращи, цIыхум и ягъэкIэ куэдыпIэ ихуар зыхэпщIэу нэхъыбэщ. Мывэ упса хьэзырыр къыхахыурэ псэуалъэхэм халъхьэу, къалэхэм заубгъухукIэ, яухуэ унэхэр ирагъэувэн папщIэ, иратхъуу кIуэдыжар куэд дыдэ мэхъу. Ди лъэпкъым и щIэжми тхыдэми щIыпIэшхуэ щызыубыд испы унэхэр зэрыкIуэдым гупсысапIэ хидза КъБКъУ-м и щIэныгъэлIхэм апхуэдэ унитхум я бжыгъэрылъанэ теплъэхэр ящIащ, абыхэм я пкъыгъуэ нэхъ цIыкIу дыдэм къыщегъэжьауэ жыжьэу укъыIукIрэ укъаплъэмэ, къызэрылъагъуэнум щыщIэкIыжу. Абы хеубыдэ лъабжьэр щIым зэрыхыхьа щIыкIэри, унащхьэр зэребари, чахуэу иIэри, блынджабэхэм дамыгъэу ятедзари. Мис а тхум языращ иджыблагъэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым щагъэувауэ ягъэлъагъуэр.
Центрым и унафэщI Сэралъп Альберт зэрыжиIэмкIэ, 3D теплъэгъуэр щагъэхьэзырым езы испы унэхэр къызыхэщIыкIа мывэ лIэужьыгъуэри абыхэм я плъыфэри зэрахъумэным хущIэкъуащ. «Зи ужь дит Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр зыдэтщIэжу ди фIэщу долэжь. Мы гъэлъэгъуэныгъэмкIэ «Кавказ испы унэхэм я бжыгъэрылъанэ щIэнгъуазэ» зыфIэтща лэжьыгъэр доутIыпщ. 3D теплъэр зыгъуэта испы унэхэр интерактив IэмалхэмкIэ лажьэ пхъэшыкъу картэм тедгъэувэнущ, дэтхэнэми хъыбарылъэ хуэтщIыжынущ. Хъыбарылъэм къызэщIиубыдэнущ къагъуэту щIэныгъэм и шыбзэм щыщIагъэкIа илъэсым къыщегъэжьауэ испы унэм теухуауэ сыт щыIэми, ятхами, зэхуахьэсами. Интерактив картэм ирилэжьэнухэм Iэмал яIэнущ испы унэхэр я псэупIэм къыщIэмыкIыу яджыну, къэхутакIуэхэми – ар якъутэнкIэ е я ягъэ ирагъэкIынкIэ шынагъэ ямыIэу зэпаплъыхьыну.
«Фи фIэщ фщIы, мыхэр ауэ сытми жыпхъэтехкъым, мыхэр я тIолъхуэныкъуэ фIэкIа умыщIэну зытращIыкIа испы унэхэм я фэгъущIэгъущ, зыгуэркIэ езы ухуэныгъэр хэкIуэдэжмэ, абы теухуауэ къызэдгъэпэща Iэмалхэм псори яхъумэу», – ди фIэщ ещI Сэралъп Альберт.
3D лэжьыгъэхэр Къэрал Эрмитажым и IэщIагъэлIхэм я нэIэм щIэту йокIуэкI. Апхуэдэу къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм кърашэлIащ Тэн Iуфэ Iус Ростов, Мэзкуу, Бытырбыху, Сыхъум къалэхэм щыщ щIэныгъэлIхэр.
3D теплъэр зиIэ испы унэр зылъагъуну гукъыдэж зиIэхэм ар зрагъэхъулIэфынущ Налшык къалэм дэт «Эрмитаж-Кавказ» щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым. Абы и хэщIапIэр: Арманд Инессэ и цIэр зезыхьэ уэрам, 1. Узэрыпсэлъэну телефоныр: +7 903 493 00 18.
Къыхэгъэщын хуейщ лэжьыгъэ щхьэпэр стратегие зыужьыныгъэмкIэ «Лэжьыпхъэхэр – 2030» программэм ипкъ иткIэ зэрекIуэкIыр.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: