Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

 Хэкум и хъумакIуэм и илъэсыр 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щегъэкIуэкIыным зыхуэгъэзырынымрэ абы пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет убзыхуным теухуауэ

Урысей Федерацэм и Президентым 2025 гъэм щIышылэм и I6-м «Урысей Федерацэм Хэкум и хъумакIуэм и илъэсыр щегъэкIуэкIыным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №28-р гъэзэщIэным пыщIа лэжьыгъэр зэтеухуэн мурадкIэ:
1. Хэкум и хъумакIуэм и илъэсыр 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зыхуэгъэхьэзырынымрэ абы пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет убзыхун.
2. Хэкум и хъумакIуэм и илъэсыр 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щегъэкIуэкIыным зыхуэгъэхьэзырынымрэ абы пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр къэщтэн.
3. Мы унафэм и I-нэ пунктым къыщыгъэлъэгъуа къызэгъэпэщакIуэ комитетым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэмрэ щIыпIэ самоуправленэм и органхэмрэ я гъусэу игъэхьэзырын икIи зэфIигъэкIын хуейщ Хэкум и хъумакIуэм и илъэсыр 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щегъэкIуэкIыным егъэщIылIа Iуэхухэр.
4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ   цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщын хуейщ цIыхубэ информацэм и IэнатIэхэм мы унафэм и 3-нэ пунктым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэм тепсэлъыхьыныр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2025 гъэм мазаем и 28-м
№23-РГ

 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

 Iэтащхьэм 2025 гъэм мазаем и 28-м
 къыдигъэкIа унафэ №24-РГ-мкIэ къащтащ

Хэкум и хъумакIуэм и илъэсыр 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щегъэкIуэкIыным зыхуэгъэхьэзырынымрэ абы пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым
 Хэтхэр

КIуэкIуэ К. В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIщ)
Егоровэ Т. Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщIыр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэщ, зэрызэгурыIуам тету)
Къуэдзокъуэ М. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIыр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэщ)
Мусуков А. ТI.- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIыр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэщ)
Амщокъуэ Ф. Къ. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» зэгухьэныгъэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
Ахъуэхъу Т. Б. – Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)
Бакъ Н. Хь. – Урысей Федерацэм Пенсэ икIи социальнэ страхованэмкIэ и фондым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
Балъкъыз А. Хь. – Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)
Бежан Б. Ю. - «КъБР-Медиа» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр
Бозий А. Р. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ, цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министрыр
Борсэ Ю. Къ. – Шэджэм муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)
Васильев С. С. – Урысей Федерацэм и лъэпкъ гвардием и дзэхэм я Федеральнэ къулыкъум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIум тету)
Гонтарь О. Н. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэ щIэиным щыщхэр къэралым ихъумэнымкIэ и управленэм и унафэщIыр
Дадэ М. А. – Дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъынымкIэ «Хэкум и ХъумакIуэхэр» Къэрал фондым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
Дэхъушокъуэ И. И. – Дзэлыкъуэ муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)
ДыщэкI А. З. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрыр
Езауэ А. Къ. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр
Инжыжокъуэ С. М. - Лэскэн муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)
Къэзанш Л. Б. – «Урысейпсо къэрал телевизионнэ икIи радионэтынхэр зыгъэхьэзыр компание» - «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телевизионнэ икIи радионэтынхэр зыгъэхьэзыр компание» федеральнэ къэрал унитар IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
Къуэшырокъуэ З. Къ. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр
Кожухов К. В. - Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)
Крючков В. Г. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэр (зэрызэгурыIуам тету)
Кульбаев А. Б. – Шэрэдж муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)
Къумахуэ М. Л. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министрыр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и секретарщ)
КIурашын А. В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрыр
Ломов М. С. – Прохладнэ мунциипальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)
Лу А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрыр
Мамхэгъ Хь. Хь. – Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)
Надежин М. В. – Урысей Федерацэм Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ къэхъукъащIэхэмкIэ икIи щIыуэпс къулейсызыгъэхэм кърикIуахэр гъэкIуэдыжынымкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Управленэ нэхъыщхьэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
Отаров М. М. - Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)
Пахомов Д. Ю. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссарыр (зэрызэгурыIуам тету)
Романенкэ Б. С. – Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсонерхэм) я Урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)
Саенкэ Т. В. – Май муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)
Сыжажэ Хь. Л. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрыр
ЛIыжьыкъуэ Хь. Хь. – Аруан муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)
Тогузаев Т. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министрыр
Хьэсанэ И. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм спортымкIэ и министрыр
Хъущт А. А. - Тэрч муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)
Шаваев И. П. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыуэпс къулеигъэхэмрэ экологиемкIэ и министрыр
Шыпш А. М.- «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я Урысейпсо жылагъуэ-къэрал зэщIэхъееныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ щIыналъэ къудамэм и Советым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
Щоджэн Ш. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Архив IэнатIэм и унафэщIыр
ЩоджэнцIыкIу М. Л. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэр.

Поделиться: