НОБЭ

Гъатхэпэм и 11, гъубж
 

УФ-м Наркотикхэм якIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
Уней хъумакIуэ агентствэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ

1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищта унафэм ипкъ иткIэ «Ленин гъуэгу» газетым и цIэр «Адыгэ псалъэ» жиIэу зэрахъуэкIащ.
1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Уэщхъун МуIэед.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 19, жэщым градуси 4 - 8 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Насыпыр къэкIуэн хъумэ, цы Iуданэми къешэ,
кIуэжын хъумэ, гъущI пщэхъуми хуэубыдыркъым.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.01.2026 - 12:33 Ди щIыпIэцIэхэр
16.01.2026 - 11:26 НОБЭ
15.01.2026 - 08:16 НОБЭ
13.01.2026 - 09:00 НОБЭ
12.01.2026 - 11:56 НОБЭ