•Сабий тхакIуэ цIэрыIуэ, таурыхъ куэд къэзыгупсыса Андерсен Ганс Кристиан щыуагъэ химыщIыхьу псалъэ мащIэ дыдэщ хуэтхыу щытар.
•Динозавр нэхъ ин дыдэу дунейм къыщагъуэтам и кIыхьагъыр метр 30-м щIигъурт, тонн 80-м щIигъу и хьэлъагът.
•Хэку зауэшхуэм щыгъуэ Берлин къалэм япэу дадза бомбэм иукIауэ щытар абы и зоопаркым иса пыл закъуэрщ.
•1941 гъэм Совет Союз къэралыгъуэм лэжьапIэ IэнатIэ пэрыт цIыхум сабий имыIэу щытмэ, абы и улахуэм проценти 6 налогыу хагъэкIырт.
•Дакъикъэ тIощIкIэ махуэ къэс лъэсу къэпкIухьыу щытмэ, илъэсым къриубыдэу уи хьэлъагъым килограммищ кIэрыхунущ.
•«ЭлектрокъарукIэ къоуэ шэнт» жыхуаIэр къэзыгупсысар дзэ дохутырщ.
•ЦIыхум и лъынтхуэхэр псори зэпыбгъэувэурэ букъуэдиймэ, абы и кIыхьагъыр километр мин 96-м нэблэгъэнущ.
•ТхьэкIумэм ирищIэ серчэр тхьэкIумэм и узыншагъэмкIэ сэбэпщ.
•Дунейм нэхъ къулей дыдэу тет унагъуищым я мылъкур нэхъ тхьэмыщкIэ дыдэу псэу къэрал 48-м зэхэту яIэм нэхърэ нэхъыбэщ.
•ЦIыхуу дунейм тетым я процент 11-р Iэсэмэгущ.
•США-м и Нью-Джерси штатым и къалэ Кресскиллым щыпсэу джэдухэм къанэ щымыIэу уэзджынищ я пщэм илъын хуейщ, абыхэм къыщакIухь щIыпIэр къуалэбзухэм ящIэн щхьэкIэ.
•Зы цIыху гъащIэм къриубыдэу гур ику иту меларди 3-рэ мелуан 300-рэ хуэдизкIэ къоуэ.
•Мазэр ЩIым нэхърэ хуэдэ 80-кIэ нэхъ псынщIэщ.
•Сахарэ къумым щыIэ Тегазэ къалэм шыгъум къыхэщIыкIа унэхэм уащыхуозэ. А щIыпIэр дунейм и нэхъ уэгъу дыдэхэм ящыщщ.
•Инджылызым машинэкIэ хьэм ущыжьэхэуэмэ тезыр нэхъ ткIий къыптралъхьэнущ, цIыхум ужьэхэуэ нэхърэ.
•18-нэ лIэщIыгъуэ пщIондэ Урысейм езым и нып иIакъым.
•Сырыхухэм я щхьэцыр нэхъ Iувщ.
•Къупщхьэр хуэдитхукIэ нэхъ быдэщ гъущIым нэхърэ.
•Лэныстэр къэзыгупсысар Леонардэ да Винчищ.
•Инджылызым и къалащхьэм Лондон фIащын ипэкIэ абы мыпхуэдэ фIэщыгъэхэр зэрихьащ – Лондониум, Люденвик, Люденбург.
•Американ тыкуэнхэм псом нэхърэ нэхъыбэу щадыгъур «Библие» тхылъырщ.
•Шыдым и нэр апхуэдэу игъэтIысхьащи, и лъакъуиплIри зэуэ елъагъуж.
•Американхэм зы махуэм къриубыдэу пиццэу гектар ???? 18 хуэдиз яшх.
•НэщIэпкIэхэр мышхэу илъэсищкIэ жеифынущ.
•ЗэтIолъхуэныкъуитIым языхэзым и дзэр Iухуамэ, адрейм ейми а дзэ дыдэр Iухунущ.
•ЩIыбагъкIэ техуа мэлыр езыр къэтэджыжыфыркъым.
•Щыблэм иукIа хьэкIэкхъуэкIэм и хьэдэр адрей псэущхьэхэм яшхыркъым.
•ЦIыхухъум и гур нэхъ хуэму къоуэ, цIыхубзым ейм нэхърэ.
•Дзыгъуэшхуэр къатитхуу зэтет унэм и щхьэм къехуэхыу щытми зыри къыщыщIынукъым.
•Илъэс къэс дыгъэм тонн мелуан 360-рэ хуэдиз кIэроху.
•Леонардэ да Винчи бэзэрхэм къыщищэхурт хъархэм ису яIыгъ псэущхьэхэри, иужькIэ иутIыпщыжырт.
•ЩыIэ хабзэмкIэ, Инджылызым и «Уэмбли» топджэгу стадионым тренировкэ гуэри щрагъэкIуэкIыну хуиткъым.
•Джей щIыхур пыл 23-м нэхърэ нэхъ хьэлъэщ.
•«Испание» псалъэм «тхьэкIумэкIыхьхэм я щIыналъэ» жиIэу аращ.
•Страусым и нэхэр и щхьэ куцIым нэхърэ нэхъ инщ.
•Сырыхухэм я жьакIэр нэхъ псынщIэу къокIыж, къамылыфэхэм ейм нэхърэ.