ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум ирихьэлIэу къэралым къыщыхалъхьэ жэрдэмхэм я нэхъыбэр зыхуэгъэпсар Хэку зауэшхуэм и тхыдэр къытщIэувэ щIэблэм егъэщIэнырщ, мамыр гъащIэр къэзызэуахэм я фэеплъыр хъумэнырщ. Языхэзми гъэсэныгъэ мыхьэнэ иIэщ, абы и мызакъуэуи лъэпкъхэм я щIэжыр къэзыIэт, цIыхубэр зэкъуэзыгъэувэ, мамырыгъэм и уасэр нэсу зыхезыгъащIэ къаруи хэлъщ. Апхуэдэ зы Iуэхугъуэ щIагъуэщ «ЛIыхъужьхэм я щIы IэмыщIэ» зыфIаща пэхуэщIэри.
Налшык къалэм дэт Мыужьыхыж мафIэм деж абы теухуа пэкIу щызэхэтащ. Псэкупсэ Iуэхугъуэм кърихьэлIащ къалэ къулыкъущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, кадет еджапIэхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр, ветеранхэр.
Iуэхугъуэхэр къыщызэIуахым, къызэхуэсахэм япэщIыкIэ фэеплъ скъарым удз гъэгъахэр тралъхьащ. Абы иужькIэ мафIэр зэрыт фалъэм и лъапэм деж щаубгъуа чысэм Кавказыр хуит къащIыжын щхьэкIэ зауэ гуащIэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм къраха щIы IэмыщIэхэр тракIутэу хуежьащ. Чысэр зэкIуэцIалъхьэжри, дзэ Iуэху хэхам хэт щIалэм IэщIалъхьащ, ар Тэн Iуфэ Iус Ростов къалэм Аущджэрджий и цIэкIэ щыт члисэм ихьын хуэдэу. А члисэр Ипщэ дзэ щIыналъэм и чыристан тхьэлъэIупIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ, Хэкур яхъумэу зи псэр зытахэм я фэеплъу яухуащ.
Iуэхугъуэ щхьэпэм и къалэн нэхъыщхьэр зыхуэунэтIар Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Кавказ щIыналъэм къыдекIуэкI гъунапкъэхэр яхъумэу зи псэр зыта зауэлIхэр зыщыщ лъэпкъхэр зэкъуэгъэувэнырщ, абыхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнырщ, зэгурыIуэныгъэрэ зэгурыIуэрэ яIэу адэкIэ зэдегъэкIуэкIынырщ. «ЛIыхъужьхэм я щIы IэмыщIэ» псэкупсэ Iуэхугъуэм Кавказым хыхьэ щIыналъэ хэгъэгу 12-р зэкъуигъэуващ.
«2025 гъэр – махуэщI илъэсщ. Ар ирихьэлIащ ТекIуэныгъэр илъэс 80 зэрырикъумрэ Налшык къалэм «Зауэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр къызэрыхуагъэфащэрэ илъэс 15 зэрыхъумрэ. Ди щIыналъэм щыщ куэд дыдэ хэтащ а зауэ мафIэсым. Зэхэуэ щIагъуэ щыIакъым Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм ящыщ зыхэмыта. Сталинград зауэрами, Курск деж щекIуэкIа танк зэхэуэрами, Елъхъуэт деж щызэхэта зэпэщIэувэныгъэ гуащIэрами, ди щIалэхэр шыщхьэмыгъазэу бийм пэщIэтащ, иригъэкIуэтыжурэ фашист гупсысэкIэр къыщежьа гъуэм – Берлин нэс – кIуэцIрыкIащ. МащIэ бэлыхьи ягъэвакъым ди зауэлIхэм. ЩIыIэми исащ, шхын щхьэкIэ щылIи куэдрэ къэхъуащ, я ныбжьэгъухэр щIалъхьэну хунэмысу мэкъу тIэкIу тралъхьэрэ адэкIэ кIуэтэн хуейуэ къыщыхуихуаи къыхэкIащ. ЦIыхуфэм имыгъэв хьэзаб щыIэкъым. Ауэ ди щIалэхэм, ди нэхъыжьхэм я фэм дэкIар, я гум дэфар къыпхуэмыIуэтэну зэрыиным ТекIуэныгъэр лъапIэ дыдэ ещI. Мамырыгъэр къытхуэзызэуа щIалэхэм я кхъащхьэхэр нобэ щымыIэж Совет къэралыгъуэм и щIыпIэ куэдым щыIэщ. Зы къуажи, зы къали, зы губгъуи щыIэкъым абыхэм я фэеплъ узыщримыхьэлIэн. Арагъэнущ лъэпкъыбэр псэкIэ дызэзышалIэр, гупсысэкIэ гъунэгъу дызэхуэзыщIыр. Мы махуэщI илъэсыр нобэкIэ псэууэ къэна ди зауэлIхэм – ветеранхэм – я иужьрейщ. Ди къалэм цIыхуиплI, хэгъэгум пщIы, зэрыкъэралу минибл къудейщ псэууэ къэнар. Арыххэуи дыщIызэплъэкIын, тIэщIэкIыр зыхуэдэр нэхъ гуащIэу щIызыхэтщIэн щхьэусыгъуэ диIэ мэхъу – сыт хуэдэ къару едмыхьэлIами, мамырыгъэр хъумэн хуейщ. Мы щIы IэшкIэм щхьэкIэщ ди нэхъыжьхэр щIэзэуар, абы я бынхэмрэ абыхэм къащIэхъуэжа щIэблэмрэ къыхэщт ямыIэу щыпсэун щхьэкIэщ я щхьэр зауае мафIэсым щIыхалъхьар. Ар къыдгурыIуэн, абы лъапIэныгъэ еттын хуейщ. Мы пэхуэщIэр къыхэзылъхьам нэхъыжьхэм я гущIэлъапсэр къигъэджащи, а джэ макъыр зэхэзыхын щIэблэ узыншэ къытщIэувэну си гуапэщ», – жиIащ ветеранхэм я Налшык жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Абдуллаев Мустэфа.
ПэкIум и кIэухым къызэхуэсахэр Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм щыму зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.