ЛIы хахуэм и щапхъэ

ЛIыхъужь хахуэ Андырхъуей Хъусен 1920 гъэм Адыгэ Республикэм щыщ Хьэкурынэхьэблэ къыщалъхуащ. ПэщIэдзэ еджапIэм щIэсу усэ итхын щIидзащ. Хьэткъуэ Ахьмэд пэублэ псалъэ хуищIри, къуажэ школым щIэс Хъусен и усэ Iэрамэ япэ дыдэу къытрадзауэ щытащ 1935 гъэм гъатхэпэм и 30-м къыдэкIа «Колхоз бэракъ» газетым. ЕджапIэ нэужьым, ар щIэтIысхьащ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр техникумым, а гъэ дыдэм Кавказ Ищхъэрэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэхыхьэу Ростов къалэм щекIуэкIам хэтащ. ЩIалэ жаныр техникумым щыIэ литературэ гупжьейм екIуалIэрт, иужькIэ абы и унафэщIуи ягъэувауэ щытащ. Техникум нэужьым ар «Социалистическэ Адыгей» газетым щылэжьащ. А зэманым хэкум къыщыхъу-къыщыщIэхэм теухуа тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ, абы къыдэкIуэуи и литературэ Iуэхур зэпигъэуакъым. И усэхэр щызэхуэхьэса тхылъи къыдигъэкIыну и мурадащ, ауэ игъуэ ихуакъым. 
1940 гъэм дзэм дашащ Андырхъуейр. Сталинград дэт дзэ-политикэ училищэм еджакIуэ ягъакIуэри, снайпер IэщIагъэр къыщIихащ абы. Къулыкъур зэрырихьэкIым хуэдэу, тхэрт щIалэщIэр. Усэхэр, очеркхэр итхыурэ и адэжь щIыналъэм кърегъэхь, газетым къытрадзэ. 
Хэку зауэшхуэм и япэ махуэхэм зэуапIэм Iухьащ Хъусен. Абы хэкIуэдами, псэ зэпылъхьэпIэ щихуам жиIа псалъэхэр и щапхъэщ цIыхум хэлъыфынкIэ хъуну хахуагъэм, хэкупсагъэм, лIыхъужьыгъэм. 
Андырхъуей Хъусен зыхэта 136-нэ дивизэм 1941 гъэм фокIадэм и 20-м Ростов и Iэхэлъахэм зыщиукъуэдиящ. Абы щыгъуэ дон губгъуэхэм зауэ гуащIэ щекIуэкIырт, Кавказым къыхуеIэ бийр къатезэрыгуауэ. Дивизэр нэмыцэхэм япэуващ фокIадэм и 29-м: ахэр зэтригъэувыIащ, зэхикъутэри, иригъэкIуэтыжащ. 
А махуэм ди зауэлIхэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щытепсэлъыхьым, абы и командирым и псалъэм къыхэщащ политрук Андырхъуей Борэжь и къуэ Хъусен и цIэр - бийм удынышхуэ езыдза зауэлI хахуэхэм ящыщт ар. Ипщэ фронтым и Iуэхур хэплъэгъуэ хъуат: цIыхурэ IэщэкIэ къебэкI бийр къебгъэрыкIуэ зэпытти, Дзэ Плъыжьыр къикIуэтырт, бийм хэщIыныгъэшхуэ иритурэ. Нэмыцэхэм яубыд къалэхэр, къуажэхэр зэтрагъасхьэрт, лажьэ зимыIэ цIыхухэр зэтраукIэрт. 
733-нэ фочауэ полкри къикIуэтын хуей хъуари, абы Нагольнэ псым и Iуфэм зыщигъэбыдащ. ЕтIуанэ фочауэ ротэм Дьяковэ къуажэм и Iэхэлъахэм зыщигъэбыдащ, псым телъ лъэмыжым пэмыжыжьэу. Андырхъуей Хъусен и ротэм къалэн къыщащIащ бийр псым къызэпрамыгъэкIыну. 
Бжьыхьэ щIыIэри зыхамыщIэжу, ротэм и зауэлIхэм окопэхэмрэ щIытIхэмрэ ятIащ, топхэр, лагъым зэрадз Iэщэхэр лъэмыж дакъэм щыхасащ. ЖэщкIи махуэкIи къахэкIыртэкъым Андырхъуей Хъусен ротэм и зауэлIхэм: ягу фIы яхуищIырт, лIыгъэ яхэлъын зэрыхуейр, я адэ-анэхэр, я шыпхъухэр, я щхьэгъусэхэр я щIыб къызэрыдэтыр ягу къигъэкIыжырт. 
Псоми ягъэщIагъуэрт: «Дапщэщ ди политрукыр щышхэри щыжейри - жэщми махуэми етIысэхыркъым». Батальоным и комиссарым ириджащ политрукыр. 
- Зауэ гуащIэ къытпоплъэ, - къыжриIащ абы. - Уи ротэм къылъыса IэнатIэр нэхъ шынагъуэ дыдэхэм ящыщщ - бийм къаруушхуэ къиунэтIынкIэ хъунущ абыкIэ: лъэмыжым къимыкIмэ, нэмыцэ танкхэм нэгъуэщI кIуапIэ ягъуэтынукъым, ар зэраубыдынум и ужь итынущи, фатемыплъэкъукI, танкхэр къаутIыпщмэ, лъэмыжыр къэвгъауэ, псым ахэр къызэпрывгъэкI хъунукъым... 
Ар жыIэгъуафIэщ: зы танк къызэпрывгъэкI хъунукъым... Политрукми ещIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр - ротэм къылъыса IэнатIэм куэд зэрелъытар: нэмыцэхэр абдеж щызэтраIыгъэху, дивизэр здикIуэта щIыпIэм изэгъэнущ, зигъэбыдэнурэ бийм къыпэувынущ... 
ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, пшэр зэкIэщIихури, бжьыхьэ дыгъэм и бзий махэр Дьяковэ къыдэпсащ. Къуажэм щхьэщытщ уэнжакъхэм къриху Iугъуэ сырыхур. Хъусен и нэгу къыщIыхьэжащ езыр къыщыхъуа жылэр - Хьэкурынэхьэблэ. И нэгу къыщIэуващ къуажэм къыдина и анэр, и Iыхьлыхэр, и ныбжьэгъухэр, фIыуэ илъагъу пщащэ дахэр... 
Сыт я дуней абыхэм иджыпсту, сыт я псэукIэ? Дауи, псоми я гур здэщыIэр зауэрщ. ЯлъэIэсынкIэ хъуну абыхэми зауэ гущIэгъуншэр? Хьэуэ, ар къэмыхъун щхьэкIэ, Хъусен и псэр итын хуей хъуми, къызэфIэщIэнукъым... Нэмыцэхэр къызэрехьэжьащ, топышэр зыкъомрэ къытракIута нэужь, мацIэм хуэдэщи, къызэрохь, танкхэм зыкъуадзэурэ. Шэр, лагъымыр къытолъалъэ Хъусен и ротэм - ротэм и нэхъыбэр укIыгъэ хъуащ, ауэ бийр лъэмыжым кърагъэкIакъым. Нэмыцэхэм ар щахузэфIэкIам ротэм къыхэнэжа щыIэтэкъым: хэт уIэгъэщ, хэт укIыгъэщ. 
УIэгъэ хъуащ Хъусени, и блэгъукIэр шэм икъутащ. Пшапэр зэхэуауэ, нэмыцэхэр псым къызэпрыкIри, Хъусен къаувыхьащ. ПулеметкIэ яхэуэурэ, политрукым япэ къища фашистхэр зэтриукIащ. Андырхъуейм шэр къыIэщIэухащ, нэмыцэхэр етIуанэу къебгъэрыкIуащ. Зы гранатэ закъуэ къыхуэнэжати, ар къищтэри, Хъусен къызэфIэуващ. 
- Урыс, зыкъэт! - зэхихащ абы. 
- Урысхэм затыркъым! - ар жиIэри, гранатэр яжьэхидзащ политрукым къытегуплIа фашистхэм. 
Апхуэдэу итащ Андырхъуей Хъусен и гъащIэр. Илъэс тIощIрэ зырэт зауэлI хахуэм и ныбжьыр... 
Адыгэ щIалэм зэрихьа лIыгъэм и хъыбар фронт псом щыIуащ, ар щапхъэ яхуэхъуащ хэкум и хъумакIуэ зауэлI куэдым. Хъусен зыхэта полкым и комиссар Шемяков Борис зауэлIхэм я пащхьэм мыпхуэдэ псалъэ щыжиIауэ щытащ: «Ди полкым и Бэракъ Плъыжьым и пщIэр лъагэ зыдэхъуа лIыхъужьхэм дрогушхуэ дэ. Уэрэд хуаусынущ политрук Андырхъуей Хъусен зэрихьа лIыгъэм. Адыгейм щыщщ а лIыхъужьыр. Гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъу Хэкурщ абы и гъащIэр щIитар. Бийм пикIуэтакъым ар, уIэгъэ хьэлъэ хъуарэ пэт, лъы ткIуэпс къыщIэмынэжыху, Iэщэр игъэтIылъакъым. Хэкум зэи щыгъупщэнкъым лIыхъужьым и цIэр». 
Дьяковэ къуажэм деж щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Андырхъуей Хъусен Борэжь и къуэм Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ. Адыгэ щIалэрщ СССР-м и тхакIуэхэм щыщу а цIэ лъапIэр япэ дыдэ зыфIащар. Дивизэми пщIэшхуэ хуищIащ адыгэ лIыхъужьым: абы и цIэкIэ зы снайпер фоч хахри, фочым мыпхуэдэ тхыгъэ традзащ: «Совет Союзым и ЛIыхъужь Андырхъуей Хъусен и цIэкIэ». А фочыр зыхуагъэфэщэнур Андырхъуей Хъусен хуэдэу хахуэу зауэ, лIыгъэ зыгъэлъагъуэ зауэлIхэрт. 
1942 гъэм гъатхэпэм и 28-м «Правда» газетым къытрадзащ: «Никогда не сотрется память о подвиге доблестного сына советского народа политрука Хусена Андрухаева, геройски погибшего в неравном бою с немецкими захватчиками». 
Хъусен къыщалъхуа жылэми, ар щыхэкIуэда Дьяков дежи фэелъ сын щыхуагъэуващ, Хьэкурынэхьэблэ музей къыщызэIуахащ. ЛIыхъужъым и цIэр зэрехьэ езым къиуха, Мейкъуапэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и колледжым, апхуэдэуи къалэ, къуажэ уэрамхэм и цIэр фIащыжащ. Абы и цIэкIэ саугъэтхэр ягъэуващ журналист, тхакIуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ. 
Андырхъуей Хъусен тхакIуэ куэдым хуатхащ усэхэр, поэмэхэр, рассказхэр, повестхэр. Абыхэм къахощ ди лъэпкъэгъу щIалэм зэрихьа лIыхъужьыгъэм и инагъымрэ мыхьэнэмрэ. Абыхэм ящыщщ Кэстэнэ Дмитрий и «Батыр» рассказыр, МэшбашIэ Исхьэкъ и «Си шынэхъыжь» поэмэр, ЕхъулIэ Сэфэр и «Хъусен» поэмэр, Жанэ Къырымызэ и документальнэ повесть «Андырхъуей Хъусен» жыхуиIэр, а цIэр иIэу художественнэ фильм 1972 гъэм «Мосфильм»-м щытрахауэ щытащ. 
Хъусен и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт тхылъ езым къыдигъэкIыну хунэсакъым, газетхэм, журналхэм къатехуа мыхъумэ. Ауэ и ныбжьэгъуу щыта адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Жанэ Къырымызэ зэуэ нэужьым, псори зэхуихьэсыжри, «Сэ си уэрэд» фIищри, къыдигъэкIауэ щытащ 1946 гъэм. 1972 гъэм дунейм къытехьащ «Уэрэд жысIэнущ» тхылъыр, 1976-м адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ зэхэту, тыгъэ ящIым хуэдэу гъэщIэрэщIауэ, Мейкъуапэ къыщыдэкIащ «Сыпсэууэ сыкъэфлъытэ» тхылъ цIыкIур. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: