ТыншыпIэ зэрагъэпэщ

«Къалэ псэукIэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэ зыбжанэ зэIузэпэщ ящIащ нэгъабэ. Псалъэм къыдэкIуэу, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ Дзэлыкъуэдэс, Шордакъ, Хьэбэз жылэхэм я жыг хадэ цIыкIухэм. Мыбыхэм псоми я лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр щралъхьащ, уэздыгъэхэр щыпагъэнащ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзапIэхэмрэ щагъэуващ.

         Дауи, къуажэдэсхэр апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм щымыгуфIыкIыу къэнакъым, уеблэмэ Iуэхугъуэ хьэлэмэт зыбжанэ а щIыпIэхэм щызэхашащ, илъэсыщIэм пежьэуи, джэгухэр щрагъэкIуэкIащ.

         Мы гъэм а лэжьыгъэхэм хуэдэ щрагъэкIуэкIынущ Къармэхьэблэ жылэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет скверымрэ Малкэ къуажэм Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым и утыкушхуэмрэ. Иджыпсту къызэрыхах нэхъапэ ирагъэщынухэр къыхахыным теухуа зэпеуэхэр ирагъэкIуэкI икIи абы щытекIуар наIуэ къызэрыхъуу, лэжьыгъэхэм мы гъатхэм пэрыхьэнущ.

         ЗэрыфщIэщи, «Къалэ псэукIэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ пэхуэщIэм и къалэн нэхъыщхьэу щытыр цIыхухэр щыпсэу щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIынымрэ абыхэм тыншыпIэ яIэнымрэщ.

         Мы гъэм Бахъсэн щIыналъэм и къуажитIым я жыг хадэ цIыкIухэри щыIэ мардэм кърагъэтIэсэнущ, теплъэ дахэхэр иратынущ. Япэр Бахъсэненкэ жылэм и утыкушхуэрщ. ЩIыуэ псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 1300-рэ абы еубыд. Мыбдежми лъэс лъагъуэхэр зыхуей щыхуагъэзэнущ, плиткэхэри щралъхьэнущ, жыг хадэ цIыкIум икIыу курыт еджапIэм хуэкIуэ гъуэгум асфальтыщIэ тралъхьэнущ.

         ЕтIуанэр Къулъкъужын Ипщэм и скверыращ. Ар ЩэнхабзэмкIэ унэмрэ щIыпIэ администрацэмрэ я зэхуакум докI икIи щIыуэ метр зэбгъузэнатIэ 1000 иIыгъщ. Мыбдежхэми лэжьыгъэхэм щыпэрыхьэнущ ямыгъэгувэу икIи дызэрыт илъэсым къриубыдэу ахэр зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.

         Къэбгъэлъагъуэмэ, Бахъсэн щIыналъэм и нэгъуэщI къуажэхэм я щIыпIэхэри зэIузэпэщ мы гъэм ящIынущ. ИщхьэIуэкIэ зи гугъу щытщIа къуажитIым нэмыщI, зыхуей хуагъэзэнущ Жанхъуэтекъуэ, Зеикъуэ, Къубэ-Тэбэ, ПсыкIэху жылэхэм я жыг хадэ цIыкIухэр. Мы лэжьыгъэхэм пэрыхьэнущ къызэрыхах зэхьэзэхуэхэр зэфIэкIрэ ухуэныгъэхэр езыгъэкIуэкIыну IуэхущIапIэхэр наIуэ къызэрыхъуу.

          Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2018 - 2023 гъэхэм къриубыдэу Бахъсэн щIыналъэм и къуажэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ щыIа программэм хыхьэу фэтэр  куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 22-рэ, цIыху зэхуэсыпIэу 16-рэ: абы хыхьэу утыкушхуэу 6, жыг хадэ цIыкIуу 3, скверу 5, лъэс лъагъуэу 2 зэрагъэпэщыжащ, зэIузэпэщ ящIащ. Ахэр псори къуажэ II-м щыIэщ.

                                                                            ИСЛЪАМЫКЪУЭ  Наурыз.

 

 

Поделиться: