Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэм) щыщхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 3-I-нэ, I3-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэм) щыщхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 3-1-нэ, 13-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2025 гъэ мазаем и 27-м
№114-П-П

 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэм) щыщхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 3-1-нэ, 13-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и 
Парламентым къищтащ 2025 гъэм мазаем и 27-м

1-нэ статья «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэм) щыщхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №39-РЗ-уэ 2003 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo/gov/ru) мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. 3-1-нэ статьям «къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органым» псалъэхэр гъэзэщIакIуэ властым и орган» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
2. 13 статьям 6-5-нэ пунктыр щIыгъужын мыпхуэдэу тхауэ:
«6 - 5) Урысей Федерацэм и законодательствэм ипкъ иткIэ щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ щэнхабзэ щIэиным, щIыпIэ (муниципальнэ) мыхьэнэ зиIэ щэнхабзэ щIэиным щыщхэу Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэм) хэтхэм зыуэ щыт я къэрал реестрым хагъэхьахэр арэзы укъэзымыщI щытыкIэм зэритым теухуа унафэр къащтэныр; 
2-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2025 гъэм гъатхэпэм и 7-м
№6-РЗ

Поделиться: