НэхъыфIым и шэсыпIэхэр

Экономикэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм зэрыщыжаIамкIэ, 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр лъэпкъ пэхуэщIэ 12-м хэтынущ. Абы хохьэ: «ГъащIэ кIыхь, купщIафIэ», «Ерыскъы шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным и Iэмалхэр», «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ», «ЛэжьакIуэхэр», «Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхухэмрэ», «Къэралым и экономикэ IэнатIэ псори бжыгъэр зи лъабжьэ Iуэху зехьэкIэм хуэгъэкIуэн, абыхэм я хъыбархэр хъумэн», «Экологие щытыкIэфI», «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ», «ЩIалэгъуалэмрэ сабиймрэ», «Унагъуэ», «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ», «Кхъухьлъатэзехуэ зэрымыс авиацэ системэхэр».

Зи гугъу тщIа пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным дызэрыт илъэсым сом меларди 9-м щIигъу хухахынущ. Абы щыщу меларди 6,8-м щIигъур къэрал бюджетым, сом меларди 2,3-м щIигъур щIыналъэ бюджетхэм къыхэкIынущ.

         Псалъэм папщIэ, «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIа хъуным сом меларди 3,7-рэ хуаутIыпщынущ, абы и нэхъыбэр трагъэкIуэдэнущ щIыналъэм и гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэным. Гъуэгу 16-м нэхърэ мынэхъ мащIэм зэгъэпэщыжыныгъэ, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ, щIыналъэ автомобиль гъуэгуу псори зэхэту километр 42-рэ щыIэ мардэхэм кърагъэтIэсэнущ, абыхэм щхьэпрыкI лъэмыжхэр зыхуей хуагъэзэнущ.

Апхуэдэуи а пэхуэщIэм ипкъ иткIэ республикэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэу 38-м теплъэ дахэхэр иратынущ, «Псым IэплIэ къыуешэкI» фIэщыгъэр зэрихьэу Шэджэм къалэм щаубла пэхуэщIэр, цIыхухэм я тыншыпIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ екIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуар, ягъэзэщIэнущ.

«ЩIалэгъуалэмрэ сабиймрэ» лъэпкъ пэхуэщIэщIэм Iэмал къыдитынущ еджакIуэ цIыкIухэмрэ студентхэмрэ иджырей еджапIэ зэпэщхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыну. Абы ипкъ иткIэ къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ, зыхуей хуагъэзэнущ республикэм и курыт еджапIэу 15, Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжымрэ Хьэмдэхъум и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш колледжымрэ я общежитхэр. «Хэкур хъумэнымрэ абы и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ я лъабжьэхэр», «Лэжьыгъэ» дерсхэм я пэшхэр школи 147-м къыщызэрагъэпэщынущ. Гулъытэншэ хъунукъым щIалэгъуалэ политикэри, псом хуэмыдэу, волонтер Iуэхухэм пыщIа лэжьыгъэхэр. А унэтIыныгъэм сом мелуани 129-м нэблагъэ хухахынущ.

«ГъащIэ кIыхь, купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ дохутыр амбулаторэу 8-м, узыншагъэр хъумэным пыщIа IуэхущIапIэу 8-м щекIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсынущ, Прохладнэ къалэмрэ а щIыналъэмрэ я сымаджэщхэм реабилитацэ щрагъэкIуэкI я къудамэхэм, республикэм и клиникэ медицинэ центрым иджырей обрудованэхэр щIагъэувэнущ.

«Ерыскъы шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным и Iэмалхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм мэкъумэш IэнатIэм ехьэлIауэ къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэным сом мелуан 516,5-рэ хухахынущ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и къудамэ зэрагъэпэщыжынущ.

«Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхухэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ тыншу зэпкърыплъхьэ-зэпкърыпх, бгъэIэпхъуэ хъу турист хьэщIэщхэр зыухуэхэм я инвестицэ пэхуэщIэхэр даIыгъынущ, «Экологие щытыкIэфI» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ республикэм и мэзхэр зэтрагъэувэжынущ.

Къэралыр адэкIи бизнесым дэIэпыкъунущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ пыщIа и IуэхущIапIэ мини 2,7-м къэрал Iуэхутхьэбзэхэмрэ дэIэпыкъуныгъэ зэхуэмыдэхэмрэ иратынущ. Ар къыщыгъэлъэгъуащ «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» лъэпкъ пэхуэщIэм.

«ЛэжьакIуэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ IэнатIэншэу къэнахэр нэгъабэ хуэдэуи республикэм и мылъкукIэ нэгъуэщI IэщIагъэхэм хурагъэджэнущ. Къэрал, щIыпIэ Iуэхутхьэбзэхэр ящIэныр нэхъ тынш хъунущ «Къэралым и экономикэ IэнатIэ псори бжыгъэр зи лъабжьэ Iуэху зехьэкIэм хуэгъэкIуэн, абыхэм я хъыбархэр хъумэн» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ. 

Къалэн нэхъыщхьэу щытыр ахъшэу къытхуаутIыпщыну хъуар къанэ щымыIэу къэгъэсэбэпынырщ, щIыналъэ пэхуэщIэхэми, къэрал программэхэми къыщыгъэлъэгъуауэ дгъэзэщIэну къытпэщылъ лэжьыгъэхэр 2025 гъэм проценти 100-кIэ зэфIэдгъэкIынырщ.

Сом меларди 2,8-р республикэм и щIыналъэхэм догъакIуэ. Ахъшэр яхудоутIыпщ щIыналъэ пэхуэщIэу 7-р гъэзэщIэным. Абы хохьэ: «Къалэ псэукIэр егъэфIэкIуэн», «НэхъыфIу хъуар - сабийхэм», «ЕгъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ», «Унагъуэм зыщIэгъэкъуэн», «Унагъуэ лъапIэныгъэхэмрэ щэнхабзэ инфраструктурэмрэ», «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн», «Урысейр Iэмалхэм я къэралщ» пэхуэщIэхэр», - жиIащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис.

Сабий къызыхэхъуа унагъуэхэм, сабий зыпIыну къэзыщтахэмрэ унагъуэшхуэхэмрэ ахъшэр Iэрылъхьэу ират, хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэм я сабийхэр еджапIэм хуэгъэхьэзырынымкIэ доIэпыкъу. Ар псори хохьэ «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм. Къэрал дэIэпыкъуныгъэу унэтIыныгъи 8-м ипкъ иткIэ ахъшэ пособиехэр ират сабий зиIэ унагъуэхэм, зыхуэныкъуэм тещIыхьауэ.

ЦIыху щхьэ закъуэхэм, ныкъуэдыкъуэхэм социальнэ Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр хуащIэным хуэунэтIа IуэхущIапIэу 9 щIыналъэм щыIэщ. Абыхэм щылажьэ зы лэжьакIуэ къэс цIыху мин 40 къылъос и нэIэ щIигъэтыну икIи я лэжьыгъэхэм я фIагъым проценти 100-кIэ арэзы утехъуэ хъуну апхуэдэщ. Абы нэмыщI, лэжьыгъэшхуэ нэгъабэ ирагъэкIуэкIащ цIыхухэм къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэ IуэхущIапIэхэми.

«ЦIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, республикэм теплъэ дахэ егъэгъуэтыным хуэунэтIауэ нобэ диIэ ехъулIэныгъэхэм дытрагъэгушхуэ нэхъыбэжым адэкIи зетпщытыну икIи абыхэм къагъэлъагъуэ лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным фIыуэ къыдэкIуэр зыхуэдэр.

ДызыхуэкIуэ илъэсихым къэралым игъуэтын хуей зыужьыныгъэм ехьэлIауэ Урысей Федерацэм и Президентым къытхуигъэува плъапIэ ехьэжьахэр шэсыпIэ хуохъу ди лэжьыгъэхэр нэхъыфIу дгъэзэщIэным, нэхъыбэ длэжьыным, фIагъ лъагэ яIэу икIи и пIалъэм ахэр зэфIэдгъэкIыным, къытпэщылъ къалэнхэр дгъэзэщIэным», - къыхигъэщащ Рахаев Борис.

                                                                  ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

Поделиться:

Читать также: