Суздаль медалищ къраш![]() Владимир областым хыхьэ Суздаль къалэм щекIуэкIащ УФ-м алыдж урым-бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 57-м я спортсмен 1500-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм ящыщу я хьэлъагъхэм елъытауэ зыхэта гупхэм Емуз Темырлан (кг 80), Атэлыкъ Темыркъан (кг 71-рэ), Хъуран Астемыр (кг 92-рэ) сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ. Ди щIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Абазэ Тимофей, Мэкъуауэ Малик, Гугъуэтыж Мухьэмэд, КIэмыргуей Ибрэхьим, Нэчо Сэфарбий сымэ.
Поделиться:
Читать также:
16.04.2025 - 15:29 →
Чемпионым и саугъэтыр къахь
16.04.2025 - 13:23 →
Медалхэр зэщIакъуэж
13.04.2025 - 12:08 →
Аслъэнбэч фIыщIэ хуращI
11.04.2025 - 18:20 →
Джыджиймрэ Жыласэмрэ я медалхэр
09.04.2025 - 16:00 →
СПОРТ ХЪЫБАРХЭР
|