Галактикэхэр щызэлъэIэскIэ![]() Уахэм «Геркулес» зыфIаща и плIанэпэм вагъуэ гуэрэнышхуэу щызэхэуба къэщIыгъэхэм (галактикэхэм) ящыщу тIум гъунэгъу дыдэ зэрыщызэхуащIам астрономхэм гу лъатащ ЩIым и хъуреягъыр илъэс бжыгъэ хъуауэ езыр-езыру къэзылъэтыхь спутникхэм ящыщ зым хэт обсерваторэм хащIыхьа Хаббл телескопымкIэ.
Iэмэпсымэ гъуэзэджэм триха сурэтыр набдзэгубдзаплъэу зэпэзыплъыхьахэм абы, наIуэрэ-IупщIу, гу лъатащ ди Дыгъэм, нэхум зэрызидз псынщIагъэкIэ къэдбжмэ, илъэс мелуан 570-кIэ пэжыжьэ щIыпIэм деж NGC 6040-рэ, LEDA 59642-рэ нагъыщэхэр зрата галактикитIыр зэрыщызэлъэIэсам, нэгъуэщIу жытIэмэ, я гупкIэхэмкIэ къедза вагъуэхэм зэжьэхэуэн зэрыщыщIадзам. Iуэхум и кIэухыу, къэунэхуну зыхуагъэфащэ галактикэщIэр щIэныгъэлIхэм, епэсэуэIуами, «Arp I22» фIэщыгъэкIэ хагъэнэхукIащ. АрщхьэкIэ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа галактикитIыр зэхэпцIыхьыжа иужькIэ, къэунэхунур зыхуэдэнур нэрылъагъу щыхъунур илъэс мелуанищэхэр блэкIа иужькIэщ.
Абы нэхърэ нэхъыбэжщ зэману ихьынур (илъэс меларди 4-м нэблагъэ) дызыхыхьэ Шыхулъагъуэр (Млечный Путь) Андромедэ (М3I) галактикэм лъэIэсын папщIэ. Мы тIури зэгъунэгъущи, зэгуэр зэрызэхэхьэжынум щIэныгъэлIхэм шэч къытрахьэркъым.
NGC 6040-рэ, LEDA 59642-рэ галактикэхэм я дежкIэ къедгъэзэкIыжынщи, а тIур астрофизикхэм нэхъапэхэм хабжэрт уахэ лъащIэм нэхъ «зыщызымыхъунщIэ» къэщIыгъэ зэпIэзэрытхэм ящыщу, абы къыхэкIыуи «я хьэл-щэнкIэ» дыщыпсэу вагъуэ зэрыбыным, Шыхулъагъуэм, нэхъ ирагъэщхьхэм. АрщхьэкIэ, NASA-м иригъэкIуэкIа иужьрей къэпщытэныгъэхэм къызэрыщыхэщамкIэ, зи гугъу тщIы мы вагъуэ гуэрэнитIми «сабырыфэ» етплъыныр абдежым къыщыдгъэнэжми хъунущ.
Астрофизикхэм къызэралъытэмкIэ, мы галактикэхэм я дежкIи хуабжьу «зыгъэсымаджэу» къыщIэкIынущ зэхыхьэжын Iуэхур. А тIур гъунэгъу щызэхуэхъукIэ, я зэпылъыпIэм деж щызэрихьэлIэну вагъуэхэу ди Дыгъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инхэр, къахэнэ щIагъуэ щымыIэу, щызэпкърыщэщынущ, здэщыIам деж гъуэзыпшэ абрагъуэу зыщыхэзыш лъагъуэ шынагъуэхэр къыщагъэщIу. ЗэрыхуагъэфащэмкIи, галактикитIым я «гухъум» а щIыкIэм тету къыдэущхъуэнтIыкIыну «бажэкIэм» япэщIыкIэ плъыжьыфэ-дыщафэу, иужьым щIыхуфэ хъужарэ зыми хуумыгъэдэн теплъэ иIэу зыкъыщигъэлъэгъуэнущ.
ЩIым и хъуреягъыр къэзылъэтыхь спутникым хэт Хаббл телескопым мыбы хуэдэ Iуэхухэр уахэ жыжьэм зэрыщекIуэкIым гу лъимытэныр Iэмал зимыIэщ, щакIэлъыплъкIэ, хьэршым галактикитI зэрыщызэхыхьэжыр къэзыгъэнаIуэ видео-теплъэгъуэу нэхум и ультрафиолет спектрым къыхиубыдыкIахэри трихыфынущ.
ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, уахэ пхыдзам нэрылъагъуу зыщызэблэзыхъу плъыфэбэхэр щыхьэтщ а щIыпIэм щызэрихьэлIэ вагъуэхэр шынагъуэ дыдэу зэрыщызэжьэхэуэм, уеблэмэ абдежым «дыгъэщIэхэри» къызэрыщыунэхум.
Поделиться:
Читать также:
28.10.2025 - 16:48 →
Щыхьэт техъуэфынкIэ мащIэIуэщ
17.10.2025 - 13:06 →
Хэкур зи плъапIэ
15.10.2025 - 12:25 →
Бзэр Iэмал лъэщщ
10.10.2025 - 16:43 →
Зэпеуэм фрегъэблагъэ
30.09.2025 - 15:25 →
Лъабжьэр быдэмэ…
| ||




