Хэкум и хъумакIуэ нэсхэрКъБР-м и Лъэпкъ музейм «ЛIыхъужьым и адэр» гъэлъэгъуэныгъэр щокIуэкI. Ар теухуащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ, зи къулыкъу езыхьэкIыу лIыгъэрэ хахуагъэрэ къэзыгъэлъэгъуа щIалэхэм я адэхэм. КъБР-м и Парламентым и жэрдэмкIэ, ар къызэрагъэпэщащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэр я дэIэпыкъуэгъуу, икIи ар траухуащ ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 80 зэрырикъум.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ выставкэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ ди адэшхуэхэмрэ абы я адэжхэмрэ зауэм щызэрахьа лIыхъужьыгъэр зэрызыщамыгъэгъупщэм хуэдэу, дзэ Iуэху хэхам щIалэхэм щызэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ зэрахъумэнур. КъБР-м и Парламентым и фIыщIэ тхылъхэр Егоровэм яритащ Хэкум и хъумакIуэ пэжу зыкъэзыгъэлъэгъуа щIалэхэр зыгъэса адэхэм.
«Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Дадэ МуIэед фIыщIэ яхуищIащ лIыхъужьыгъэ къэзыгъэлъагъуэ, хуей хъумэ, псэемыблэжу къэралым и зэкъуэтыныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ, щIэблэм я къэкIуэнур зыхъумэ щIалэхэр зыгъэса адэхэм.
- Дзэ Iуэху хэхар икIэщIыпIэкIэ ди ТекIуэныгъэкIэ иухыу ди щIалэхэм узыншэу я Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ я деж къагъэзэжыну дыщогугъ, - жиIащ Дадэ МуIэед.
Выставкэм щагъэлъагъуэ дзэ Iуэху хэхам зи къулыкъу щапхъэу къалъытэу щызыгъэзащIэ щIалэхэр, Хэкум къыщхьэщыжын хуей щыхъум лIыгъэрэ хахуагъэрэ къызыкъуэкIа лIыхъужьхэр зыгъэса адэхэм я сурэтхэр. Адэхэм яIыгъщ я къуэхэм я сурэтхэр, къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр, я хьэпшыпхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэр гъатхэпэм и кIэ пщIондэ екIуэкIынущ. АдэкIэ ар ягъэIэпхъуэу щагъэлъэгъуэнущ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм и хэщIапIэм.
Абы къыпызыщэщ Музыкэ къэрал театрым и пэIущIэ пэшым къыщызэIуаха выставкэр. Абы щагъэлъагъуэ дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэм я анэхэм я сурэтхэр. Ар къызэригъэпэщащ зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитетым.
Выставкэр къыщызэIуахым ирагъэблэгъащ зи сурэт ягъэлъагъуэ анэхэр. Зи къалэн зыгъэзащIэу дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда зауэлIхэм я сурэтхэрщ анэхэм яIыгъыр. Зи Хэку зыхъумэу хэкIуэда щIалэхэм я анэхэм медалхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ иратащ, зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитетым къыбгъэдэкIыу.
- Къэралым и щIыналъэ псоми щекIуэкIащ «ЛIыхъужьхэм я щхьэгъусэхэр» выставкэр. Анэхэми апхуэдэ гулъытэ яхуэфащэщ. Аращ мы гъэлъэгъуэныгъэр къыщIызэдгъэпэщар. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бзылъхугъэ 50-м я сурэтхэр хэдгъэхьащ абы. ЯпэщIыкIэ цIыхубз 15-щ абы къыхыхьар. ИужькIэ абыхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ, къыхуагъэфэща щIыхьыцIэми дамыгъэхэми емылъытауэ, лIыхъужьхэм я анэхэр псоми яцIыхун зэрыхуейр Iуэху щытщIым, – жиIащ зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитетым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Ореховэ Каринэ.
Выставкэм иджыри къыпащэну, абы зрагъэубгъуну я мурадщ, Iуэхум иджыри къызэрыпэджэжым къыхэкIыу. Гъэлъэгъуэныгъэр и кIэм щынэблагъэкIэ, сурэтхэр зейхэм къащтэжыну Iэмал яIэщ. «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» гъэлъэгъуэныгъи яублэнущ. Къэралым и щIыналъэ псоми «ЛIыхъужьхэм я адэхэр», «ЛIыхъужьхэм я анэхэр», «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» выставкэхэр щекIуэкIа нэужь, абы къыпызыщэ урысейпсо Iуэху Москва щрагъэкIуэкIынущ.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 13:03 →
Зи псалъэ къытхуэзыгъэна
09.11.2025 - 10:18 →
Гулъытэ зыхуэфащэхэр
08.11.2025 - 13:56 →
ХузэфIэкIар мащIэкъым
07.11.2025 - 12:26 →
Къебгъажьэр хабзэщ
06.11.2025 - 14:47 →
Лъабжьэр къыщежьэр
| ||



