Адыгэ псысэм и бзэ къулейр

Художественнэ гъэпсыкIэ Iэмал куэд къыщыгъэсэбэпащ ди лъэпкъ псысэхэм. Ахэр бзэ шэрыуэкIэ зэхалъхьащ. Таурыхъхэр нэхъ къулей зыщIу, зыгъэдахэу куэду къыщыгъэсэбэпащ псалъэжьхэр.

Урыс тхакIуэшхуэхэу Гоголь Николай, Горький Максим сымэ жаIэгъащ псалъэжьхэм акъылышхуэ зэращIэлъыр, ахэр шэрыуэу, жану зэрыщытыр. «Псалъэжьхэмрэ уэрэдхэмрэ сыт щыгъуи кIэщI хабзэщ, ящIэлъ акъыл, зэхэщIыкIыр тхылъ Iэджэ хъунущ», - жиIащ Горькэм.

Ди таурыхъхэм къыщагъэсэбэп псалъэжьхэм, псэлъафэхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, мыпхуэдэхэр:

Бзаджэ пщIауэ, фIым ущымыгугъ.

Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс.

Щэным лIыгъэ хэлъщ.

Уэ пхуэфI сымыхъумэ, тхьэр си бийщ.

ФIыкIэ зыухьэ.

Къывэмыджауэ хъарбызышхэ фымыкIуэ.

Насыпыншэр махъшэм тесми, хьэ йодзакъэ.

ПцIыр уи фIэщ умыщI.

БлэкIам ущIэмыфыгъуж.

ЗэраныщIэ кIэ лалэу кIэ лалэжь, уэ куэд бгъэщIа щхьэкIэ уи гум фIы илъкъым, усэбэпыншэщи, ущхьэхынэжьщ, къэкIухьыным укъыдэхуэу улажьэркъым.

Сэ жэщкIэ сошхэри зызогъэпсэху.

НэхъыфI къимыгъуэт щIыкIэ, къигъуэтар зэзымыпэсыр гъуамэщ.

Жыгым къыпыхуа пщIащэ нэгъунэ щощтэ ар.

Джатэ жаным иуIар мэхъужри, псалъэ жагъуэм иуIар хъужыркъым.

Щхьэм имытым, лъакъуэм и мыгъуагъэщ.

Щхьэм жьэр и лIыкIуэщ.

Зы жьэм жьэдыхьэр жьищэм жьэдохьэ.

Мы дунейм сыт щынэхъ бей? - ЩIы фIыцIэжьыр бейщ, щIым къытемыкIа мылъку мы дунейм теткъым.

Мы дунейм сыт щынэхъ дахэ? – ЩIы фIыцIэжьыр щынэхъ дахэщ, мы дунейм теткъым цIыхум IэщIэмыужагъуэ, щIым и дахагъэм фIэкIа.

Мы дунейм сыт щынэхъ IэфI? – Псалъэрщ. Блэр гъуэм къизышыр псалъэщ, лъагъуныгъэр зэраIуатэр псалъэщ, анэм и гъэфIэгъыбзэр псалъэщ.

Мы дунейм сыт щынэхъ лъэщ? – Псалъэрщ. Тхьэм и Iэмырыр зэригъэIур псалъэщ, джатэм къыхуэмыгъэшар къызэрагъэшыжыр псалъэщ. Джатэм и удыным и хущхъуэр псалъэщ, псалъэм и удыным зыри пэлъэщыжыркъым.

Лажьэ, улажьэмэ, лыжь пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ

Iэдэб дахэ иIэрэ цIыхум фIыуэ закъригъэлъагъуу, IэщIагъэ дахэ иIэрэ зэIусам псэ хилъхьэжу.

Сыхьэтым я нэхъ махуэм тхьэм уригъажьэ, гъуэгуу щыIэм я нэхъ махуэм тхьэм утригъэувэ.

Нэм и пэ псэр ихуэ.

Зи фIыщIэ мыкIуэду зи лажьэ кIуэдын.  

Мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадогъуэгурыкIуэ икIи гъэщIэгъуэнкъым ахэр таурыхъхэм куэдрэ къызэрыщыкIуэр. Таурыхъхэр нэхъыбэу зыхуэгъэзар сабийхэрщ, щIэблэ къыдэкIуэтейхэрщ, абы ипкъ иткIэ таурыхъхэм псалъэжьхэр куэду хэтыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ тхылъеджэм сабийуэ зыхилъхьар балигъ хъуа нэужькIи щыгъупщэркъым, къапщтэмэ, къащIэхъуэ щIэблэщIэр щыгъуазэ зэращIыным, фIым зэрыхурагъэджэным яужь итщ.

Псалъэжьхэм къищынэмыщIауэ, ди таурыхъхэр бейщ чэнджэщхэмкIэ. Абы хэт лIыхъужьхэм таурыхъхэмкIэ цIыхухэм чэнджэщ щхьэпэ ират. Нэхъыбэрэ таурыхъхэм дызыщрихьэлIэ чэнджэщхэм я щапхъэхэм ящыщщ мыхэр:

Пщы хьэхуэгъу-щIыхуэгъу умыщI;

Уи фыз уи дзыхь иумыгъэз;

Хамэ бын умыпIыж;

Сытым дежи зышыIэ;

Псы икIыпIэр умыщIэу псым ухэмыхьэ;

Шхын хьэзыр ублэмыкI;

Гъуэгу благъэ-гъуэгу жыжьэ къыхыумыхыу, гъуэгу жыжьэ-гъуэгу благъэр къыхэх (щIагъыбзэщ);

Зи щхьэгъусэ зыуб фызым удемыжьу;

ЗыгуэркIэ къоупщIым и гуапэ хъун жэуап ет;

Фыз хей хыфIумыдзэ (иумыгъэкIыж);

Уи фыз и дыщым куэдрэ щумыгъэIэ;

ЖэщрызекIуэ умыщI;

Япэ узыхуэзэ гъуэгурыкIуэр гъуэгу гъусэ пщIыну уемыпIэщIэкI;

ЦIыхур «жьыщ» жыпIэу умыгъэпуд;

 ХьэщIапIэ ущыIэу уи тIысыпIэр умыхъуэж;

ХьэщIапIэ ущыIэу сэ къипхыу стIолым къытумылъхьэ;

УимыпщIэнтIэпс зыбгъэдумылъхьэ;

МурадыфI зиIэр сыт щыгъуи насыпым Iуоуэ;

Мывэ бгъажэмэ, ухуозэж.

Апхуэдэ художественнэ Iэмалхэм ди таурыхъхэр гукъинэ ящI, абыхэм я мыхьэнэри нэхъ купщIафIэ мэхъу.

БОРСЭ Эллэ.
Поделиться: