Псэ лъагъуэм кърикIуа сатырхэр

ПщыукI Латмир и усэхэр гъащIэм щыщ дакъикъэ нэхъ ­телъыджэ дыдэхэм къыхипхъуэтам хуэдэщ. Усэ къэс гурыщIэ е зыхэщIэ гуэрым и лъагапIэщ. УсакIуэм «и псэ ­лъагъуэм» кърикIуа сатырхэрщ тхылъымпIэм ихьыр. Усэхэм дыкъоджэри зыхыдощIэ гуапагъэ, псэ хуабагъэ. Сабиигъуи, щIалэгъуи, жьыхъугъуи зыхуэгъафIэ усэхэм гъащIэр, цIыхухэм я зэхущытыкIэр, дунейм и къэхъукъащIэхэр къыбгурыIуэнымкIэ ­гъуазэ щыхъу щыIэщ. Латмир и усыгъэр гукъэкIыж лъахэщ, гухэлъ дунейщ, гупсысэ щIэншэщ. ГъащIэм и купщIэм гу лъыуа-гъатэ сатыр щабэхэм, уи гур ягъэпсэху, гугъэ къуат, балигъ уащI. Художественнэ Iэмалхэр екIуу сатырхэм зэрыхиухуанэм усэхэр нэхъри гурыхь ящI. Сатырхэр уи гум ибоубыдэ, куэдри къыбоIущэщыж. И «жэщыр жейхуэлIэщ», «бзагуэщ, дэгущ», и «вагъуэхэр мэкIэзыз», «уэнжакъым Iугъуэр йощ­тыхь», щIыфэм «уз гъэундэращхъуэ» щахуэ, «уэсыр ­къесмэ, щхьэцыр мэтхъу», «толъкъун Iэлым теплъаджэу зехуапэ». Укъеджэ къудей мыхъуу, псори IупщIу болъагъ, зыхыбощIэ.
ГУГЪУЭТ Заремэ.

 

ПщыукI Латмир 

*  *  * 
ЛъапэпцIийуэ зыIэти, плъагъунущ, 
Вакъэ зэву плъытари пхуэхъунущ, 
Я нэхъ хьэлъэр щIыбыкукIэ
пхуэхьынущ, 
Къыпхуэгъунукъым е 
къыпхуэгъунущ. 
ЩIэм удекIуми, жьым удэгъынущ, 
Лакримозэм щым удэхъунущ. 
ЛъапэпцIийуэ зыIэти, плъагъунущ 
Уи адэжьым и кхъэлэгъунэр. - 
КIуэ! 

Лъапсэ
 
Уи хьэжьыр къыщыппежьэ пщIантIэм 
ЩIымахуэ кIыхь щигъуэлъыкIащ. 
Уи бжьыхьэр, къихьэри, икIащ, 
Уи кхъухьыр, техьэри, IукIащ. 
Псы куэд уикIащ, бзэ куэд уеджащ, 
Хамэм и унэм ущыжьантIэу. 
УкъэкIуэххэнтэкъым  ар пщIатэм, 
Гъуэгущхьэ жыгхэр жьым
щиупщIатэм, 
ЗэтракIутэурэ щагъэсым, 
Мазэ нэгъунэ щыхэхэсым. 
Уакъыхыхьэнтэкъым, плъэкIамэ. 
УакIэлъыджа? УакIэлъыджакъым. 
КъыщыпIэрыхьэм жьым и кIапэр - 
Ушэсщ, укIэрыхьэжри джабэм - 
ДжапIэ пхуэхъуам уакъыхуикIакъым. 
Уи хьэжьыр къыщыппежьэ пщIантIэм 
Уи гурыфIыгъуэр къыдэбнащ, 
Хьэл мыгъуэу пхэлъыр зыхэбнащ, 
Гъуэгу кIыхьым уи гур къытебнащ. 
ЗэпхьэлIэжынур хэт уи натIэр? 

*  *  * 
Зыщыплъыхь, зыщыIэжьэ, 
Гу щыхуэ. 
Уэ птелъыжкъым афIэкI 
Зым и щIыхуэ. 
ЩIыхуу плъагъур 
ЩIэщыгъуэурэ Iуатэ - 
Гъатхэр къэсмэ, 
Гъэгъэнущ уи хадэр. 
И псэм еджи, 
ГъэгуфIэ уи адэр, 
Аддэ жыжьэу 
ЩыгъэпщкIу уи гукъанэр. 
УщIэмыкI мызыгъуэгукIэ - 
Зэ, къанэ! 
*  *  * 
Си гъусэу гъуэгу унытехьэн, 
ЕтIысэхыжмэ пшагъуэ щIыIэр? 
Мо Iуащхьэм адэкIэ къыщыIэм 
ДыIуплъэм дауэ дытегъэн?! – 
ЗытщIынщи щэху, дыхуэгуфIэнщ, 
ЗэрыгуфIэфу насыпыфIэр, 
Iуплъэгъуэм къигъэскIэну щIыфэм 
Уз гъэудращхъуэ тхущахуэнщ. 
Щэхуэгъуу хэти щыдиIэн 
Псэ гъуэгур зэтшэлIэну щIыщIэм? 
Усэр зи пэжым и гум щыщIэр 
Гъуэгу зэхэкIыпIэм щыжаIэнщ. 
… Си гъусэу гъуэгу унытехьэн? 

Си адэм папщIэ
 
Уэ уежьэри, сэ сыкъэнащ 
Уи жэщ джанэр згъэлэжьэжыну, 
Гъатхэу къихьэм сыхуэпэжыну 
Сэ сыкъанэри, уэ ухэнащ. 
Къыхэнащи си гум зы уз, 
Зы хущхъуэгъуи химыгъэкIыну. 
СыIухьэнурэ, сыIукIынущ, 
Сыхыхьэнурэ, сыхэкIынущ, 
Сытехьэнурэ, сытекIынущ. 
… Нэр зэтеспIэмэ - зэфIэкIащ. 

Уэс

Уэсыр къесмэ, щIэщыгъуэ щыIэж? 
Мы щIымахуэм къихьа вокализыр 
СыткIэ уи гум къеIа апхуэдизу? 
УеIэбыхмэ - нэхъ щIыIэжщ. 
Уи ади, уи ани, уи дэлъхуи щыIэжщ. 
Бзэ пцIыхуамкIэ уи быныр мэпсалъэ, 
Уи тепIэныр хуабапIэ - къабзалъэщ, 
УздэщыIэр фIы дыдэу уощIэж. 
Уэсыр къэсу уи гур зэгъа? 
Дэни къикIт зэдежьу-зэщIэкъугъэр? 
Сытым щыщу къэтIасхъэт уи кугъуэр? 
… Уэсыр къесри, уи щхьэцыр тхъуащ! 

*  *  * 
СыныщыкIуэм си гур ныкъуэщ, 
СыкъокIуэжри - си гур ныкъуэщ. 
Си уэрэдыр зыхурикъуа 
Жэщ мазэншэр къыстощхьэукъуэ. 
Къызбгъэдохьэри, сызэпеплъыхь, 
КъыхуэмыщIэу сызиIэщIагъэр. 
Си гур пщIыхькIэ къысхуреблых 
Мопхуэдиз зи гупсысэ - зи жьагъым. 
Уафэ щIагъым щIэлъыжмэ пэж, 
Си тепIэныр къыздэгъэхуабэ! 
Си адэм и адэр къалъхун ипэж 
Укъыспежьэри, къэпщIат си гуапэ! 

*  *  * 
УхэплъэкIэ плъагъунуIакъым, 
Плъагъунукъым, укъыхэплъкIи, 
Хы Хуэмым щхьэщыхьэ щыблэм 
Тыншыгъуэ къыпхуригъэблкъым. 
Си фIыгъуэр щызгъэкIуа хьэблэм 
Гукъеуэр щоупщIыIу-щохуабэ. 
Хы Хуэмым и толъкъун Iэлым 
Теплъаджэу зыкъысфIехуапэ. 
Гухэлъыр щысIуэта хадэр 
ПщIыхь чэнжхэм я жэщ тIысыпIэщ. 
Хы Хуэмым и толъкъун уардэр, 
КъоIэбэри, къытлъоIэсыпэ. 
Насыпыр щаухуэнщI щхьэлыжьым 
ЩызэхуащIыжыркъым IэплIэ… 
УхэплъэкIэ - плъагъунуIакъым, 
Плъагъунукъым - укъыхэплъкIи. 

*  *  * 
Уи фIэщ умыщI сиIауэ нэгъуэщI хэку, 
Зи гупкIэ сисым и уэрэд жысIауэ, 
Нэхъ къасщтэу къыхэсхауэ
 нэгъуэщI гъуэгу, 
Уи деж сынэзышэжым нэмыщIауэ. 
Дунейр щIиIубэжами, сыкъелынт 
Уи нурым и зы кIапэ къысхэнамэ, 
Си щIэблэм я гум фIыкIэрэ силъынт, 
Уи пэжым и зы Iыхьэ къысхуэнамэ. 
Уи фIэщ умыщI сыхъуауэ
нэгъуэщI цIыху, 
МылIэжыныпсэ бзаджэр къысIукIауэ… 
Сызэрыпсэур уи дзыхь
къызэбгъэзыхущ, 
Си лъагъуныгъэм уигу къыщымыкIауэ.

Поделиться: