Гъыбзи псалъи щIэмылъу

ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэ­жьыгъэ цIэрыIуэхэм къы­зэ­рыхэщыжымкIэ, адыгэм ипэ­­кIэ илъэсыр IыхьитIу ­ягуэшу щытагъэнущ - гъэрэ щIырэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, гъэмахуэ пIалъэрэ щIымахуэ пIалъэ-рэ. Абы и щыхьэту къы­щIэ­кIынщ нобэ ди гъащIэм хэт псалъэухар: «Гъэрэ щIырэ зэхэкIащ». 

Нэхъ иужьыIуэкIэ илъэсыр пIалъиплIу ягуэш хъуащ: гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ. Мыбы дэтхэнэ зыми мазэ щырыщ яубыдырт. Мазэм махуэ 30, ауэ щыхъукIэ, илъэсым махуэ 360-рэ къриубыдэу ап­хуэдэт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, илъэс къэс махуэ зытхух къыдидзэрт. Ахэр адыгэхэм тхьэ­лъэIу махуэхэу къалъытэу щытащ. Апхуэдэ тхьэлъэIу махуэ­хэм ящыщт гъэрэ щIырэ щы­зэхэкI махуищыр, IутIыж, ва­­кIуэдэкI, вакIуэихьэж, уд-­зып­с­­зэутх, гъубжэдэх, Созэрэщ и тхьэлъэIу, Тхьэшхуэгухьэж, ­хъу­ромэ махуэхэр, нэгъуэщI­хэри.
Дунейм и зэхэлъыкIэм нэхъ куууэ хищIыкI хъууэрэ, цIыхум бгъэдэлъ щIэныгъэм зиузэ­щIащ лIэщIыгъуэкIэрэ, дыкъэ­зыухъуреихь щIыуэпсым и щытыкIэ зэхуэмыдэхэмрэ ­абы­хэм яIэ плъыфэ зэмыщ­хь­хэм­рэ игу ириубыдэурэ. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищIыр дуней къэхъукъащIэхэрат. Дунейм тет лъэпкъ нэхъыжь д­ы­дэхэм ящыщ адыгэхэм я ­гъащIэр мэкъумэш щIэным, Iэщ зехуэным теухуауэ щытти, абыхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псо-ми зрагъэужьырт. Ар IупщIу щынэрылъагъущ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къыдде­кIуэкI хабзэхэмрэ зетхьэ лъэпкъ хьэлымрэ. Абыхэм хеубыдэ ди махуэрыбжэри.
Дунейм и щытыкIэм хуэнаб-дзэгубдзаплъэ нэхъыжьхэм гу нэхъ зылъатэр дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм я щытыкIэрт. Псалъэм папщIэ, дэтхэнэ къуажэми зы бгыщхьэ е Iуащхьэ, жыг хута гуэрхэр яIэти, абыхэм я щхьэщыгум дыгъэр къиувамэ, къулъшыкъу, къулъшыкъушхуэ, шэджагъуэ хъуащ, жаIэрт. ПсэупIэ унэхэм я гупэхэр ­къуэ­­кIыпIэм нэхъ хуэгъэзауэ щытти, бжэ, щхьэгъубжэ дазэ­хэм къыдидз дыгъэ бзийхэмкIэ къащIэрт махуэм и пIалъэхэри. 
Махуэм и кIуэцIкIэ мыхьэнэшхуэ зратхэм ящыщт дыгъэм, ар зытепсэхэм ядз ныбжьхэм. Жэщым гъуазэу ­къагъэсэбэпырт вагъуэхэр, вагъуэбынхэр. 
Илъэсыр IыхьиплIу зэрагуэшыр адыгэхэм ирапхырт «ВагъуэбэкIэ» зэджэ вагъуэ­быным. Ди анэдэлъхубзэм къыхэнауэ иджыри хэтщ мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр: «Ва­гъуэбэр щIым къыхэкIащ», ­«Вагъуэбэр гъавэм къыхэп­лъащ», «Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьащ», «Вагъуэбэр щIым хыхьэжащ». Мы псалъэухахэм ящыщ дэтхэнэми мыхьэнэ пыухыкIа иIэт икIи гъэм и зэман хэхам епхауэ жаIэрт.
Вагъуэбэр щIым къыхэкIауэ къыщалъытэр гъатхэм и деж махуэхэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъу зэманырт. Иджырей ди махуэрыбжэм тепщIыхьмэ, 2023 гъэм ар зыхуэзэр гъатхэпэ (март) мазэм и 20 - 21-рщ. Абы ирихьэлIэу адыгэхэм илъэсыщIэр къихьауэ къалъытэрт. «Гъэрэ щIырэ зэхэкIащ», - жаIэрт абы щы­гъуэ. Дяпэ ита нэхъыжьхэм а махуэр Iэтауэ ягъэлъапIэрт. ИлъэсыщIэр къыщихьэу къалъытэ а зэманым теухуауэ унагъуэ къэс мафIащхьэтыхь (иужькIэ «мафIащхьэ джэд» жаIэ хъуащ) ящIырт, гъэфI къаритыну Тхьэм елъэIурт, щIалэгъуалэр хъуромэ джэгурт, ­къуажэбгъухэм гуфIэгъуэ зэхы­хьэхэр къыщызэрагъэпэщырт. Пшапэр зэхэуа нэужь, зи дэкIуэгъуэ пщащэ цIыкIухэм джэш ядзырт, пIэщхьагъ зыдагъуэтыну щауэр къащIэн мурадкIэ. Сытми, нэжэгужэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ яIэу махуэр ягъакIуэрт.
ЩIыуэпсым и щытыкIэмрэ дыгъэм и къепсыкIэмрэ, ма-зэм игъуэта теплъэмрэ вагъуэ­хэм я зэхэувэкIэхэмрэ ятепщIыхь­мэ, нобэ Вагъуэбэр щIым къыхэкIащ. Гъатхэм и ­Iэдий щхъуантIэхэм щIылъэм хуиту зыщаукъуэдий, гъэрэ щIырэ щызэхэкI зэманщи. ЦIыхуи, удзи, псэущхьи щогуфIыкI дунейр къыщыушыж мы зэман дахэм, хъуэпсапIэхэмрэ мурадыщIэхэмрэ абы ирап­хыу. 
Мы гъатхэ дахэм, щIыуэпсым и щытыкIэ зэмылIэужьы­гъуэхэмкIэ къулейм, дэри гугъэфIхэр худиIэщ. Псом япэ­ ­идгъэщ ди хъуэпсапIэхэр ехьэ­лIащ ди къэралыр илъэсищым щIигъуауэ зыхэт зауэ зэпэ­щIэувэныгъэр иухыным, дунейм мамырыгъэ щытепщэ ­хъужыным, фIыгъуэхэм я нэхъыщхьэ зэгурыIуэныгъэр лъэпкъ­хэм, щIыналъэхэм я зэхуаку дэлъыным. Адыгэ илъэ­сыщIэкIэ дызэджэр угъурлыуэ къытхущIэкIыну, насып къыт-хуихьыну, ди щIэблэм я гукъеуэ дымылъагъуу, узыншэу етIанэгъэ пIалъэ фIыгъуэкIэ дынэсыну Тхьэм жиIэ! 
Гъыбзи псалъи щIэмылъу дэнэкIи щреIу гъатхэм и макъамэ дахэр, зэхэзых псоми я псэр мамырыгъэмрэ зэпэщыныгъэмрэ хуиузэщIу, псэхугъуэрэ дэрэжэгъуэкIэ щыз ищIу! 

ТАМБИЙ Линэ.

Поделиться:

Читать также: