ПщIэншэу щагъэгъуэзэнущ

2025 гъэм гъатхэпэм и 27-м (сыхьэти 10-м щегъэжьауэ 12 хъуху) ЦIыхухэр я хуитыныгъэхэм щыгъэгъуэзэным теухуа зэIущIэ пщIэншэхэр екIуэкIынущ. Уасэ зыщIэвмыт юриди­ческэ дэIэпыкъуныгъэ щывгъуэтынущ КъБР-м и Лъэпкъ библиотекэм, МФЦ-м КъБР-м щиIэ къудамэхэм, республикэм и щIыпIэ ЗАГС-хэм.
«УФ-м и цIыхухэм юридическэ дэIэпыкъуныгъэ пщIэншэ ягъуэтыным теухуауэ» 2011 гъэм щэкIуэгъуэм 21-м къыдэ­кIа унафэмрэ «КъБР-м и цIыху­хэм юридическэ дэIэпыкъуныгъэ пщIэншэ ягъуэты­ным теухуауэ» 2014 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м къыдэкIа унафэмрэ япкъ иту йокIуэкI мы Iуэхур. 
Юридическэ дэIэпыкъуныгъэ пщIэншэр зытынухэм яхэ­тынущ УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм КъБР-м щиIэ къудамэм, КъБР-м и Прокурату­рэм, КъБР-м и МВД-м, УФ-м Пенсэмрэ социальнэ страхо­ва­нэмкIэ и фондым КъБР-м щиIэ къудамэм, «Къэрал юри­ди­ческэ IуэхущIапIэ» ГКУ-м, КъБР-м и Адвокатхэм я палатэм, КъБР-м и Нотариусхэм я палатэм, «Урысейм и Юристхэм я зэгухьэныгъэм» и щIыналъэ къудамэм и лэжьа­кIуэхэр.
Мы Iуэхугъуэр зэзыгъэуIур УФ-м ЮстицэмкIэ и министер­ст­вэм КъБР-м щиIэ управленэрщ.
Юридическэ дэIэпыкъуныгъэ пщIэншэхэр щывгъуэтыну хэщIапIэхэр къыщыфщIэфынущ Управленэм и электрон пощтым - https://to07.minjust.gov.ru/ru/.

Поделиться: