Терактым зэрыпэщIэт зыгъэсэныгъэхэр

КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым 2025 гъэм гъатхэпэм и 20-м  иригъэкIуэкIащ террорым    пэщIэтыным хуэунэтIа зыгъэсэныгъэхэр. 

КъэхъункIэ хъуну  террор Iуэхур къызэ­пыу­дыным ехьэлIа лэжьыпхъэхэр зэфIахащ, апхуэдэ  щытыкIэхэм деж къагъэсэбэп хабзэ техникэхэм я  зэфIэкIхэри  къапщытащ.
Зыгъэсэныгъэм хэтащ   КъБР-м щыIэ УФСБ-м, МВД-м, СУ-м и СК-м, МЧС-м, Урысей гвар­дием, къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэмрэ я лIыкIуэхэр.   
Оперативнэ штабым  зыгъэсэныгъэхэм хэтахэм яригъэщIащ   террорист Iуэху ялэжьынкIэ хъунур и чэзум къызэпыудынымрэ апхуэдэ щIэпхъаджагъэ ялэжьмэ,    абы кърикIуэнухэр гъэмэщIэнымрэ ехьэлIауэ зэфIэгъэкIыпхъэ­хэр.
Зыгъэсэныгъэм  щагъэува мурадхэр зрагъэхъулIащ.  

КъБР-м щыIэ Оперативнэ штаб.
Поделиться: