КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Пенсэ Iуэхухэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ къэрал фондым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщI Бакъ Николай.
Республикэм и Iэтащхьэм щыгъуазэ зищIащ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм илъэс кIуам кърикIуахэмрэ мы гъэм къапэщыт къалэнхэмрэ.
Бакъ Николай зэрыжиIамкIэ, 2024 гъэм я къудамэм щызэблэу къэмыхъуу пенсэхэр, пособиехэр, цIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ нэгъуэщI ахъшэхэр и чэзум иратащ республикэм щыпсэухэм ящыщу цIыху мин 385-м щIигъум. ЦIыхухэм пенсэу иратыным сом мелард 39-рэ, сабий зиIэ унагъуэхэм ядэIэпыкъуным - мелард 32-рэ, анэ (унагъуэ) мылъкум - меларди 2,3-рэ хухахауэ щытащ.
ФIэкIыпIэншэ социальнэ страхованэм ипкъ иткIэ зыхуэфащэу къалъытахэм пособиеу, компенсацэу, нэгъуэщI социальнэ ахъшэу иратар сом меларди 2,6-рэ мэхъу. Гулъытэ хэха хуащI дзэ Iуэху хэхам хэтхэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъуным.
Зэпымыууэ я нэIэ тетщ я узыншагъэр зэрымыщIагъуэм къыхэкIыу зи щхьэ Iуэху тэмэму дэзымыгъэкIыжыфхэм къэралыр къадэIэпыкъунми. 2024 гъэм апхуэдэхэм ящыщу цIыху 14-м я узыншагъэм хуэкIуэ автотранспорт хэха иратащ, я узыфэр зыхуэдэм елъытауэ я гугъуехьхэр ящызыгъэпсынщIэну техникэ лIэужьыгъуэхэр цIыху минищым щIигъум иратащ, цIыху миным щIигъум санаторэхэм, курортхэм зыщагъэхъужын папщIэ путевкэхэр иратащ.
Дызэрыт илъэсым и щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ проценти 9,2-кIэ хагъэхъуащ страховой пенсэу мини 172-м, лэжьапIэ Iут пенсионерхэм ейуэ мин 25,5-м. Мазаем и 1-м хагъахъуэри иратащ цIыху мин 80-м я социальнэ ахъшэхэр. Мы зэманым IуэхущIапIэр сыт и лъэныкъуэкIи хуэхьэзырщ социальнэ пенсэхэм мэлыжьыхьым и 1-м къыщыщIэдзауэ процент 14,7-кIэ зэрыхагъэхъуэ- нум.
КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм и кIэм фондым и къудамэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ Iэзагъышхуэ яхэлъу, жэуаплыныгъэр зыхащIэу я къалэнхэр зэрагъэзащIэм, гуапэу цIыхухэм зэрахущытым папщIэ икIи адэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр яIэну ехъуэхъуащ.