Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ2025 гъэм и гъатхэм цIыхухэр дзэ къулыкъум гъэкIуэныр къызэгъэпэщынымкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ
«Дзэ къулыкъур ехьэкIынымкIэ къалэнымрэ дзэ къулыкъумрэ я IуэхукIэ» Федеральнэ законым ипкъ иткIэ 1995 - 2007 гъэхэм къалъхуахэу зи ныбжьыр илъэс 30 иримыкъуахэр икIи запасым щымыIэхэр 2025 гъэм и гъатхэм дзэ къулыкъум гъэкIуэныр къызэгъэпэщын мурадкIэ унафэ сощI:
1. Мы Указым щIыгъухэу къэщтэн:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр дзэм зыгъакIуэ и комиссэм хэтхэр;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ цIыхухэр дзэм зыгъакIуэ я комиссэхэм хэтхэр;
дзэм къулыкъу щащIэн папщIэ 2025 гъэм и гъатхэм ираджэн хуей цIыхухэм я узыншагъэр къэзыпщытэ, абыхэм ящыщу сымаджэхэр щагъэхъуж медицинэ IуэхущIапIэхэр.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ самоуправленэм и органхэм чэнджэщ етын, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссариатым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм ящIыгъуу 2025 гъэм и гъатхэм цIыхухэр дзэ къулыкъум гъэкIуэныр ягъэува пIалъэхэм къриубыдэу къызэрагъэпэщыну.
3. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм, Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм транспортымкIэ и Налшык щIыналъэ къудамэм чэнджэщ етын дзэм кIуэну цIыхухэр щызэхуашэс, республикэм и гъущI гъуэгу станцхэу, автовокзалхэу командэхэр щрагъажьэ махуэхэм дзэ къулыкъум ягъэкIуэнухэр щызэхуашэсхэм жылагъуэ хабзэр ягъэзэщIэныр къызэрагъэпэщыну.
4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэм хуэгъэувын цIыхухэр дзэ къулыкъум зэрагъакIуэ щIыкIэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къыщыгъэлъэгъуэныр къызэригъэпэщыну.
5. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2025 гъэм гъатхэпэм и 19-м
№22-УГ
Поделиться:
Читать также:
14.11.2026 - 09:30 →
Зэпыу мыхъуну Iуэхухэр
13.11.2026 - 11:56 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
12.11.2026 - 12:19 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
12.11.2026 - 12:16 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
11.11.2026 - 12:26 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
| ||




