Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

2025 гъэм гъатхэпэм и 31-р щымылажьэ махуэу гъэувыным и IуэхукIэ 
 
«Я фIэщхъуныгъэр зыхуэдэнур езыхэм яубзыхужынымкIэ яIэ хуитыныгъэмрэ дин зэгухьэныгъэхэмрэ я IуэхукIэ» 1997 гъэм фокIадэм и 26-м къащта Федеральнэ закон №125-ФЗ-м и 4-нэ статьям и 7-нэ пунктым тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм зэрызыкъытхуигъэзам ипкъ иткIэ НэщIикIыж хьид махуэшхуэм теухуауэ унафэ сощI
2025 гъэм гъатхэпэм и 31-р Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щымылажьэ гуфIэгъуэ махуэу щыгъэувын.
 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2025 гъэм гъатхэпэм и 20-м
№25-УГ
Поделиться: