Насыпыншагъэм щахъумэ![]() Лъэпкъ, дин зэпэщIэувэныгъэхэм, диным хэмылъхэм, террорист, экстремист щIэпхъаджагъэхэм щIалэгъуалэр щыхъумэным, мамырыгъэм ахэр къыхуеджэным теухуа зэIущIэ Май къалэ администрацэм щекIуэкIащ. Абы кърагъэблэгъащ Май, Прохладнэ, Тэрч щIыналъэхэм, Прохладнэ къалэм я спорт еджапIэхэм я унафэщIхэмрэ тренерхэмрэ. ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхухэм ятеухуауэ абы къыщыпсэлъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым, КъБР-м и МВД-м экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и центрым и оперуполномоченнэ Гуслистовэ Викторие, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур сымэ. Абыхэм я гугъу ящIащ экстремист щIэпхъаджагъэхэр республикэм къыщымыгъэхъуным хуэгъэзауэ лэжьыпхъэхэм. ХЬЭЩОКЪУЭ Адыдж.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 16:30 →
Ди Пщызэбий
16.12.2025 - 16:15 →
И зэран къомыкIмэ…
16.12.2025 - 13:02 →
ЩIыналъэхэр ягъэдахэ
16.12.2025 - 09:00 →
Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъэужь
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
| ||





