Пенсэм теухуа къэрал хабзэм ипкъ иткIэ сабий куэд зыпI анэхэр льготэ зиIэхэм ящыщщ икIи нэхъ пасэу пенсэм кIуэну хуитщ. УФ-м и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм республикэм щыщ анэ быныфIэу 673-рэ нэхъ пасэу пенсэм игъэкIуащ 2024 гъэм и пэщIэдзэ лъандэрэ. Абыхэм ящыщу 41-м бынитхурэ нэхъыбэрэ, 124-м быниплI, 508-м бынищ яIэщ. Страховой пенсэхэр нэхъ пасэу хуагъэувыну хуитыныгъэ яIэщ бын къащтауэ зыпIхэми.
2025 гъэм льготэ пенсэм кIуэну мурад ищIмэ, абы страховой стажу илъэс 15 нэхърэ мынэхъ мащIэ иIэн, и пенсэ коэффициентыр 30-м и кIэ къэкIуэн хуейкъым. Апхуэдэуи Iэмал имыIэу къагъэувхэм ящыщщ щытыпхъэщ сабийхэр илъэси 8 хъуху япIауэ, адэ-анэхэм я хуитыныгъэхэр IэщIамыхауэ е быну къащтар Iамыхыжауэ щытыныр.
ЦIыхубзым бынищ иIэмэ, пенсэ ныбжьу ягъэувам нэхърэ илъэси 3-кIэ нэхъ пасэу кIуэфынущ – илъэс 57-м. СабииплI зиIэхэр илъэсиплIкIэ нэхъ пасэу - илъэс 56-рэ ныбжьым, сабиитху е нэхъыбэ зиIэхэр илъэс 50-м пенсэм кIуэфынущ.
Сабийр илъэсрэ ныкъуэрэ хъуху (ауэ псори зэхэту илъэси 6 нэхърэ мынэхъыбэкIэ) бгъэдэсамэ, ар страховой стажым хагъэхьэ. Япэ сабийм зы илъэскIэ бгъэдэсыным пенсэ коэффициенту 1,8-рэ покIуэ. Илъэсрэ ныкъуэкIэ бгъэдэса анэм ейр коэффициенти 2,7-рэ мэхъу. ЕтIуанэ сабийм зэрыкIэлъыплъа зэманыр коэффициенти 3,6-у къащтэ, илъэсрэ ныкъуэкIэ бгъэдэсамэ 5,4-м нагъэс. Ещанэ, еплIанэ сабийм илъэсрэ ныкъуэрэ тезыгъэкIуэдахэм коэффициенти 8,1-рэ хуагъэувынущ.
КъинэмыщIауэ, быныбэ анэ нэхъ пасэу пенсэм кIуам и сабийхэр илъэс 18 мыхъуамэ, заочнэу еджэхэр илъэс 23-м щIимыгъуамэ, жьыгъэкIэ къратыну страховой пенсэр нэхъыбэ ящIыфынущ ипI дэтхэнэми ехьэлIауэ (щы нэхърэ мынэхъыбэм ятещIыхьауэ).
Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм пенсэ Iуэхухэм я макетхэр нэхъ пасэу егъэхьэзыр. Я пенсэм ехьэлIа я хуитыныгъэмрэ ар зыхуэдэнумрэ ягъэнэIуэн папщIэ анэхэми нэхъ пасэу зыхуагъэзапхъэщ Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм е япэгъунэгъу МФЦ-м. Апхуэдэуи я пенсэр зыхуэдэнур хуитыныгъэхэр къащIэфынущ я лицевой счетым и выпискэр къэрал Iуэхутхьэбзэхэр порталым къыщIахыу.
Абы тэмэмыпIэр нэхъ зэпкърыхауэ къыщыпIэрыхьэфынущ зыуэ щыт контакт-центрым и IэщIагъэлIхэм я деж 8-800-1-00000-1 номерымкIэ блыщхьэ - махуэку махуэхэм сыхьэти 9-м щыщIэдзауэ 18 хъуху, мэремым сыхьэти 9-м щыщIэдзауэ сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 45-м къриубыдэу захуэбгъазэмэ (узэрыпсалъэм пщхьэкIэ пщIэ ептынукъым).
ХъыбарыщIэхэм фыщыкIэлъыплъ УФ-м и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и официальнэ соцсетхэм:
ВК https://vk.com/sfrpokbr
ТГ https://t.me/sfr_po_kbr_07
ОК https://ok.ru/group/70000002358769
Тхыгъэр къытIэригъэхьащ КъБР-м щыIэ ОСФР-м и пресс-IуэхущIапIэм.