Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мафIэсхэр къыщыхъунымкIэ шынагъуэ щыщыIэ лъэхъэнэм  жылэхэу, сабийхэм зыщагъэпсэху, я узыншагъэр къыщагъэрэщIэж щIыналъэхэу, жыг хадэхэмрэ хадэхэкIхэр щагъэкI щIыналъэхэу, мэзым къыщыхъу мафIэсхэр, нэгъуэщI щIыпIэ (щIыуэпс) мафIэсхэр къалъэIэсынымкIэ шынагъуэ здэщыIэхэр убзыхуным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм гъатхэпэм и 18-м             Налшык къалэ           №30-ПП

Урысей Федерацэм мафIэсхэр къыщымыгъэхъунымкIэ ягъэува щытыкIэм теухуа Хабзэхэу Урысей Федерацэм и Правительствэм 2020 гъэм фокIадэм и 16-м «Урысей Федерацэм мафIэсхэр къыщымыгъэхъунымкIэ щытыкIэм и Хабзэхэр къэщтэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа унафэ №1479-мкIэ щIэгъэбыдам и 417-нэ пунктым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мафIэсхэр къыщыхъунымкIэ шынагъуэ щыщыIэ лъэхъэнэу 2025 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 20-м нэсыху гъэувын.
2. ЩIыгъухэр къэщтэн:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и жылэхэу 2025 гъэм мэзхэм къыщыхъу мафIэсхэмкIэ, нэгъуэщI щIыпIэ (щIыуэпс) мафIэсхэмкIэ зылъэIэсынкIэ шынагъуэ здэщыIэхэм хыхьэхэр;
сабийхэм зыщагъэпсэху, я узыншагъэхэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэм я щIыналъэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэзхэм къыщыхъу мафIэсхэр, нэгъуэщI щIыпIэ (щIыуэпс) мафIэсхэр 2025 гъэм зылъэIэсынкIэ шынагъуэ здэщыIэхэм хыхьэхэр;
Къэбэрдей-Балъкъэрым и жыг хадэхэу е хадэхэкIхэр щагъэкI щIыналъэхэу 2025 гъэм мэзхэм къыщыхъу мафIэсхэр зылъэIэсынкIэ шынагъуэ здэщыIэхэм хыхьэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI                                            МУСУКОВ Алий.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал граждан къулыкъущIэхэм я IэщIагъэкIэ зыщегъэужьыным хуэгъэза Iуэхухэр зэрыщагъэзэщIэну, финансхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщыну ЩIыкIэм и 7-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ ахэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымрэ ятеухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм гъатхэпэм и 18-м           Налшык къалэ             №31-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал граждан къулыкъущIэхэм я IэщIагъэм зыщегъэужьыным хуэгъэза Iуэхухэр зэрыщагъэзэщIэну, финансхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщыну ЩIыкIэм икIи ар зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыным ятеухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2020 гъэм накъыгъэм и 15-м къыдигъэкIа унафэ №99-ПП-м и 7-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн, «130, 12» бжыгъэр №137,05», №158,92» бжыгъэр №165,77» бжыгъэхэмкIэ щызэхъуэкIауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI                                       МУСУКОВ Алий.

Поделиться: