Лэжьыгъэм арэзы укъещI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм 2024 гъэм хузэфIэкIахэм щыхэплъэжа зэIущIэ. Апхуэдэуи абы щытепсэлъыхьащ дызэрыт илъэсым республикэм и мэкъумэш IэнатIэм къыпэщылъ къалэнхэм.

  Республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн къыщыпсалъэм къыхигъэщащ мэкъумэш продукцэу сом меларди 110-м щIигъу и уасэ илъэс блэкIам щIыналъэм къызэрыщыщIагъэкIар. Абы щыщу процент 60-м нэблагъэр мэкъумэш къэкIыгъэхэм яубыд. Псом хуэмыдэу хэхъуэ къэзытар пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэщ. Адрей процент 40-м щIигъур Iэщ гъэхъун IэнатIэм къылъысащ. Мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIам зи Iыхьэ хэлъхэр зэпэщхьэхуэу къэбгъэлъагъуэмэ, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм процент 34-р яубыд, унагъуэхэм - процент 43,8-р, фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ - процент 22,2-р къалъос.

2024 гъэм пащащ псы зыщIагъэлъадэ щIыр нэхъыбэ щIыным хуэгъэза лэжьыгъэм икIи гектар мин 5-м щIигъу абы къыхагъэхъуащ. Псы зэрыщIагъэлъадэ машинэ зэхуэмыдэу 53-рэ нэгъабэ къащэхуащ, псори зэхэту ахэр 420-м щIегъу. Дунейр уэгъу щыхъухэм деж абыхэм я фIыгъэкIэ кIэкIыгъэхэм псы ирикъуу ирагъэгъуэт.

Министрым апхуэдэуи къыхигъэщащ нартыху жылапхъэр тонн мин бжыгъэкIэ республикэм къызэрыщагъэкIыр. «Илъэс къэс нартыху жылапхъэу тонн мин 15-м щIигъу къыщыдогъэкI, нэгъаби апхуэдэу щытащ. Абы щыгъуэми, щIыналъэр зыхуэныкъуэр тонн мини 3 хуэдизщ, адрей къэнар УФ-м и нэгъуэщI щIыналъэхэм яхудогъашэ, экспортым догъакIуэ», - жиIащ Сыжажэ Хьэсэн.

Абыхэм нэмыщI, жыгыщIэ цIыкIухэр жыджэру республикэм къыщагъэкI, абы елэжь питомникыу 17 щыIэщ, хуэфащэ сертификатхэр яIэу. Ику иту жыгыщIэу мелуани 3-м нэблагъэ абыхэм къыщагъэкI. «Абы щыщу, дэ дызрикъуным нэмыщI, иджыри зы мелуаным щIигъу УФ-м и адрей щIыналъэхэм догъакIуэ», - къыхигъэщащ министрым.

ЗэIущIэм и кIэм Мусуков Алий жиIащ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуахэм арэзы утехъуэ хъуну къызэрилъытэр икIи мэкъумэшыщIэхэр къыхуриджащ я лэжьыгъэр адэкIи щIагъэхуэбжьэну, яхузэфIэкIахэми хагъэхъуэну.

                                               ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

 

 

Поделиться: