Ерыскъымрэ псымрэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и щIышылэм республикэм ерыскъыхэкIхэм елэжь и IуэхущIапIэхэм зэгъусэу къыщIагъэкIа продукцэхэм я куэдагъым хагъэхъуащ икIи промышленнэ индексыр проценти 122,7-рэ хъуащ.
Псом хуэмыдэу хэхъуащ IэфIыкIэхэкIым, пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу банкIхэм иралъхьэу траIуэнтIам, лыхэкIым, шэуэ, шхууэ сату щIыпIэхэм ирагъэшэну ирагъэхъуам, кхъуейм, кхъуейлъалъэм, шатащхьэм, Iусыпхъэхэм.
Апхуэдэуи къапщытэж лъэхъэнэм къриубыдэу псыхэкIыу къыщIагъэкIам и куэдагъым хуэдитIым щIигъукIэ хагъэхъуащ абы ипэ ита илъэсым и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам елъытауэ. ЖыпIэнурамэ, псыхэкIхэмкIэ промышленнэ индексыр процент 236-кIэ хъуащ. IуэхущIапIэхэр нэхъыбэу егугъуащ псыIэфIым, нарзаныпсым, сырэм, спиртым, фадэ лIэужьыгъуэхэм, щыжаIащ министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм.
Поделиться:
Читать также:
15.08.2026 - 11:18 →
ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ IэмалыщIэхэм
15.08.2026 - 10:42 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
15.08.2026 - 10:01 →
ЦIыху минхэм я IутIыжыгъуэт
14.08.2026 - 18:00 →
Бахъсэн щIыналъэм щыхъыбархэр
14.08.2026 - 17:25 →
Лъытэныгъэ ин зыгъуэта гуащIэдэкI
| ||





