Балъкъэрхэм я махуэр зэдагъэлъэпIащ

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъэпIащ балъкъэр лъэпкъым я къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр. Республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ щыпащащ абы иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ I994 гъэм къыхилъхьауэ щытащ, илъэс 13 дэкIауэ, 1957 гъэм Азие Курытым къиIэпхъукIыжу я щIыналъэм къэзыгъэзэжа балъкъэрхэм я махуэр гъэлъэпIэныр. 
КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым концерт гукъинэж щекIуэкIащ балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и щIыхькIэ. ГуфIэгъуэ пшыхьым зыкърагъэхьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ ди хьэщIэхэмрэ, щIыналъэм и унафэщIхэм ящыщхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, студентхэм, еджакIуэхэм. Концертыр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм и хэгъуэгухэм къикIа хьэщIэ лъапIэхэмрэ. Республикэм и артистхэр къеджащ балъкъэрхэм я гъащIэм теухуа усэ купщIафIэхэм. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ, зауэ уэрэдхэм щыщи концертым щагъэзэщIащ. Пшыхьыр зэхуащIыжащ «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» уэрэдымрэ зэныбжьэгъугъэм и къафэкIэ. IуэхущIапIэм и пэIущIэ пэшым щагъэуват сурэтхэмрэ дэфтэрхэмрэ щызэхуэхьэса «Моя Балкария» выставкэмрэ декоративно-прикладной гъуазджэм и хьэпшып гъэщIэгъуэнхэмрэ. 
Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, «Искож» хьэблэм къыщызэIуахам, щекIуэкIащ «Зову я вас в Балкарию» концертыр. Пшыхьыр ягъэдэхащ къалэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм. Апхуэдэхэщ центрым и унафэщI Мэзыхьэ Анастасие и гъэсэн «Гармония» студием екIуалIэ цIыкIухэр, ПIаз Аннэ зи художественнэ унафэщI «Иоканто» студием, Шолоховэ Ксение зи унафэщI «Пандора» къэфакIуэ гупхэм ящыщхэр. Пшыхьым щагъэзэщIа уэрэдхэмрэ къызэджа усэхэмрэ Хэкум, щIыналъэм и щIыуэпсым и дахагъэм, насыпу къэлъытапхъэм теухуат. 
- Зи щIыналъэм, жьэгум къэзыгъэзэжа балъкъэр лъэпкъым я къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэр дгъэлъэпIэн папщIэ дызэхуэсащ, - жиIащ Мэзыхьэ Анастасие. – Лъэпкъыр зыпхыкIа гузэвэгъуэхэр, ахэр зыщIэхъуэпса гугъэфIхэр къазэрехъулIар нобэ ягу къагъэкIыж. Гугъуехьхэр къызэранэкIыу балъкъэрхэм я бзэр, я хабзэр, я щэнхабзэр, Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр зэрахъумам и щыхьэтщ тхыдэр.
КъыкIэлъыкIуэу, КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ щIэныгъэмрэ гъуазджэмкIэ Петровскэ академием хэта, «Эльбрусские новости» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щыта коллекционер, псапащIэ Хаджиев Даниял и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса выставкэ. АдэкIэ, Налшык къыщызэрагъэпэщат шахматым дихьэххэм я зэпеуэ. СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щокIуэкI «Си щIыналъэр псэунущ» гъэлъэгъуэныгъэр.
Бахъсэн къалэм щекIуэкIащ «Горец со скрипкой», «Зэныбжьэгъугъэм и махуэшхуэ» зэхыхьэхэр. Анзорей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и артистхэр зыхэта концерт. Ново-Ивановкэ къуажэм щызэхэтащ «Гъатхэ. КъэщIэрэщIэжыныгъэ» концертымрэ «Балъкъэр лъэпкъым я блэкIамрэ нобэмрэ» выставкэр. Тырныауз къалэм и «Тотур» стадионым гуфIэгъуэ зэхыхьэм щыпащащ «Балкария моя!» концертымрэ IуэрыIуатэ фестивалымкIэ. Тэрч щIыналъэм и Красноармейскэ, Тамбовскэ, Арик, Курп Ищхъэрэ, Курп Ипщэ, Инэрыкъуей, Акъбащ Ипщэ, Урожайнэ, Плановскэ, Хьэмидие, Белоглинскэ къуажэхэм щекIуэкIащ литературэ-макъамэ пшыхьхэр. Джэрмэншык, Аруан къуажэхэм, «Нурет» щэнхабзэ центрымрэ Аруан къуажэм и библиотекэмрэ къыщызэрагъэпэщащ Балъкъэр лъэпкъым я къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм теухуа концертхэмрэ литературэ пшыхьхэмрэ. Шэджэм щIыналъэм щекIуэкIащ «Псэу, ефIакIуэ, си Балъкъэр!» махуэшхуэ концертыр. Прохладнэ къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щызэхашат «Славны отвагой горцы твои» тхыдэ сыхьэтыр. Псынэдахэ, Шордакъ, Кичмалкэ, Дзэлыкъуэдэс, ЕтIэкъуэ, Къамлыкъуэ, Дзэлыкъуэ, Приречнэ къуажэхэм спорт зэхьэзэхуэхэмрэ тхыдэм теухуа дерсхэмрэ щрагъэкIуэкIащ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: