Ди зэманым и лIыхъужьхэм траухуэЩIалэгъуалэм я унэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, Къалэн куэд щагъэзащIэ республикэ центрым щагъэлъэгъуащ «Жить в полный голос» документальнэ фильмыр.
Лэжьыгъэр траухуащ иджырей лIыхъужьхэм – къэралым и щIыналъитхум щыщхэу IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытхэм. А лэжьыгъэр щащIар «Северный Кавказ-Медиа» IуэхущIапIэрщ, щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондыр и дэIэпыкъуэгъуу.
Фильмым щыдолъагъу лIыхъужьитхум я гъащIэр. Ар теухуащ танк ротэм и унафэщI, УФ-м и ЛIыхъужь Баксиков Расим, Limb протез IуэхущIапIэр къызэзыгъэпэща Ибрагимов Ибрахьим, «Рак победим» IуэхущIапIэр къызэIузыха социальнэ хьэрычэтыщI Николаевэ Иринэ, ДНР-м щыIэ «Молодая республика», «Молодая гвардия» зэгухьэныгъэхэм я унафэщIым и къуэдзэ, волонтёр Минасян Микаэль, ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ шхапIэ Санкт-Петербург къыщызэIузыха Грековэ Марие.
- Лэжьыгъэм и лIыхъужьхэр щапхъэщ икIи абыхэм я зэфIэкIым уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ахэр зэрешалIэ щыпсэу къэралым щызекIуэ лъапIэныгъэхэм зэрыхущIэкъум, урысыбзэкIэ зэрыпсалъэм, зы щэнхабзэ, тхыдэ фэеплъ зэраIэм, - жиIащ «Кавказ сегодня» хъыбарегъащIэ-аналитикэ порталым и редактор нэхъыщхьэ Жемчуговэ Маргаритэ.
Фильм техыным, абыхэм егъэплъыным къинэмыщIауэ, мы Iуэхур зи жэрдэмхэм я мурадщ Урысейм и къалэхэм щIалэгъуалэр щызэпсалъэ клубхэр къыщызэрагъэпэщыну.
Зи гугъу тщIы фильмыр щагъэлъэгъуащ Дон Iус Ростов, Санкт-Петербург, Къэзан, Черкесск, Мэхъэчкъалэ, Владикавказ, Ставрополь, Налшык къалэхэм. КъищынэмыщIауэ, Урысейм и иджырей лIыхъужьхэм ятеухуа интернет напэкIуэцI ягъэлэжьэнуи я мурадщи, абы нэхъ лэжьыгъэфI къизылъхьэхэр ягъэкIуэнущ Пятигорск и «Машук» щIэныгъэ центрым.
Фильмым и редактор Меликян Дианэ зэрыжиIэмкIэ, абы къыхэщ цIыхухэм я гъащIэмрэ хьэл-щэнхэмрэ щIалэгъуалэм я дежкIэ щапхъэфIщ. Ахэр щхьэпэщ ныбжьыщIэхэр Хэку лъагъуныгъэм щIэпIыкIынымкIэ, гущIэгъурэ цIыхугъэрэ яхэлъу къэхъунымкIэ. Блогер, «Мастерская новых медиа» щIэныгъэ программэм хуеджа Маргъущ Залым быдэу и фIэщ мэхъу а лIыхъужьхэм я дуней тетыкIэм гъащIэм цIыхухэм хуаIэ еплъыкIэм зезыгъэхъуэжыфын къару зэрахэлъыр.
Фильмыр къыщывгъуэтынущ «Кавказ сегодня» порталым и социальнэ сайтхэм: https://rutube.ru/video/6aI359feefd9c674d8cc6e3c97d83f83/.
Поделиться:
Читать также:
24.04.2025 - 13:10 →
Iэпхъуалъэ лъащIэм уиплъэмэ…
24.04.2025 - 09:00 →
ЗэпыщIэныгъэхэр яIэщ
18.04.2025 - 13:24 →
Фэеплъхэм гулъытэ хуащI
17.04.2025 - 12:26 →
Урыс гъуазджэм и япэ музей
17.04.2025 - 12:26 →
Вагъуэ цIыкIухэм яхудэплъейуэ
|