Европэр къапоплъэ

Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Анапэ къалэм щекIуэкIащ гъатхэпэм и 13 - 19-хэм. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм я спортсмен щIалэрэ хъыджэбзу 900-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 15 - 17 хъухэу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм къызэрыхах зэхьэзэхуэм (абы щытекIуахэр УФ-м и командэ къыхэхам хагъэхьэнут) медалих къыщихьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Тхьэмокъуэ Элинэ (кг 42-рэ), Iусен Къамболэт (кг 52-рэ), Хубуловэ Анжеликэ (кг 68-рэ), Къэзанш Къасболэт (68-рэ) сымэ. 
Килограмм 55-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыжьын медаль къыщихьащ Созаев Артур. Джэш Имран ещанэ щыхъуащ килограмм 48-рэ зи хьэлъагъхэм я деж.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ ди спортсменхэм Iэмал ягъуэтащ Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм гъэмахуэм Швейцарием щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм УФ-м и командэ къыхэхам хэту я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. 
Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Ахъмэт Амир, Унэжокъуэ Абдельджэбар, Тикаев Индрис, Уэзрокъуэ Анзор сымэ.         
 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: