НОБЭМэлыжьыхьым и 4, мэрем
Интернетым и дунейпсо махуэщ
Компьютерыр зэтезыухуэм и дунейпсо махуэщ
1933 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм я оргбюро къызэрагъэпэщащ.
1896 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я къекIуэкIыкIам теухуа лэжьыгъэ куэд зиIа, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Кокиев Георгий.
1949 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, Абхъаз Республикэм и етIуанэ президенту щыта, АР-м и ЛIыхъужь Бэгъэпщ Сергей.
1951 гъэм къалъхуащ усакIуэ, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емыжь МулиIэт.
1966 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтын и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къумыкъу Iэуес.
1980 гъэм къалъхуащ дунейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион Нартокъуэ Аслъэн.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 – 17, жэщым градуси 8 - 1 и2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Адэ ухъухункIэ адэр зыхуэдэр пщIэркъым.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 13:30 →
ХьэкIэкхъуэкIэхэм - гулъытэ
11.09.2026 - 12:10 →
НОБЭ
10.09.2026 - 09:30 →
НОБЭ
09.09.2026 - 12:51 →
ГъащIэм и пэжыр къэгъэлъэгъуэныр зи пщэрылъхэр
09.09.2026 - 12:28 →
НОБЭ
| ||




